Щапхъэгъэлъагъуэ нэхъыжьхэр
Жылагъуэ узыншэм и беягъ, и къулеягъ нэхъыщхьэр и цIыхухэращ. И махуащ нэхъыжьыфIхэр зи жьантIэм дэс лъэпкъым. Куэд я нэгум щIэкIащ, нэхъыбэжи фэкIэ ягъэващ ди нэхъыжьхэм — а щIэблэ хахуэм, губзыгъэм, блэкIам напэ къабзэрэ гу щабэу хуеплъэкIыжыфрэ, нобэми, къэкIуэнуми я фIыгъуэр хьэкъыу зыхэзыщIэу, щэхуу «шыкур» псалъэ купщIафIэмкIэ пэджэжыфым. Ди гуапэщ нобэ я цIэ итIуэну Хьэбэз районым…