
Муслъымэнхэм
Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид Къэрэшей-Черкесым и муслъымэнхэм къахъуэхъуащ Рэмэдан нэщI мазэ щихъыр къызэрихьэмкIэ. — Къэрэшей-Черкесым щIыхь зыхуэсщI и муслъымэнхэ, си гум, си псэм къабгъэдэкI хъуэхъу псалъэхэр фхузогъэфащэ Рэмэдан нэщI мазэ щихъыр — псэ къабзагъэм, фIэщхъуныгъэ быдэм, IуэхуфIхэм я зэманыр къызэрихьэм и саулыкъукIэ. А мазэм дигухэм щегъэбыдэ фIымрэ захуагъэмрэ, зэдэIэпыкъуныгъэмрэ зэрыIыгъыныгъэмрэ яхуэунэтIа хущIэкъуныгъэр. Ахэр лъэпкъ…