Махуэбжым и махуэхэм деплърэ блэдгъэкIыу, гулъытэ зыхуэтщIын хуей, адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкIа махуэ хэIэтыкIахэр тщыгъупщэжыпэным нэсащ. ДымыцIыхужыххэри нэхъыбэщ. Апхуэдэ куэдым языхэзщ мы гъэм бжьыхьэм и жэщымрэ махуэмрэ зэпэбж щыхъуа, урысыбзэкIэ «осеннее солнцестояние» жыхуиIэр, фокIадэм и 22-м щыIар. А махуэм IуэхущIэ гуэр къепхьэжьэныр, зэщыхьэ, зэхъуэн къэбгъэхъуныр, псапэ пщIэным зыпыIубдзыныр мыхъуххэну къалъытэ. Лъэпкъ къэс езым и нэщэнэхэмрэ ахэр зытращIыкIа гъэунэхуныгъэхэмрэ иIэжщ, бжьыхьэм и махуэ гъэщIэгъуэнми епха Iуэхугъуэхэр къыдокIуэкI.
Адыгэм а махуэр хэIэтыкIауэ, пщIэшхуэ хуищIу къекIуэкIащ. Лэжьыгъэр къыщрахьэлIэжа, бжьыхьэм и махуэри жэщри зэхуэдиз щыхъум ТхьэшхуэгухьэжкIэ зэджэ махуэщI тхьэлъэIу дауэдапщэ угъурлыр иращIэкIт. Бжьыхьэсэр, вэн-сэнхэр, гъавэ къехьэлIэжыныр зэфIэкIа нэужь апхуэдэ махуэщIыр зэхашэт, къуажэм пщIэрэ-щIыхьрэ зиIэу дэсхэр, нэхъыжь жьакIэхухэр, хьэщIэхэр кърагъэблагъэу. Бзылъхугъэхэм пщэфIэнымкIэ я зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэт. Абыхэм хэIэбэтэкъым, гъавэ кърахьэлIэжам ехьэлIа тхьэлъэIур зэфIэмыкIауэ. ТхьэлъэIукIэ Алыхьым зыхуагъазэт, узыншагъэ къаритыну, бэв щимыгъэщIэну, къазэрыхуэупса гъавэм папщIэ фIыщIэр, шыкурыр яIэтт. Ари къыхэгъэщыпхъэщи, кърахьэлIэжам, Iэщу кърахулIэжам, сыт къахэхъуами, гъунэгъум, хуэныкъуэм, Iыхьлым Iыхьэлъыс хуимыщIауэ, зейр хэIэбэтэкъым. МахуэщIым сабийхэми джэгунрэ къуейщIеинрэкIэ IутIыж ящIт.
МахуэщIыр зытеухуар мэкъумэшрауэ щыщыткIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, гулъытэ нэхъыщхьэр зейр мэкъумэшыщIэрат, мэкъумэшылIхэрат. Губгъуэм къикIыж мэкъумэшылIхэм зэрыжылэу япежьэт, я гуащIэмрэ пщIэнтIэпс хьэлэлымрэ пщIэ хуащIу. Хъуэхъу дахэхэр яIэтт, джэгу иращIэкIт. Тхьэшхуэгухьэж дауэдапщэр — цIыхухэм къайхъулIар, кърахьэлIэжа бэвыр, гъавэр я нэгум щIэту, я гуэн ирагъэзэгъэжауэ, абыкIэ Тхьэм фIыщIэ зэрыхуащIым и нагъыщэт. Ар — бжьыхьэ тхьэлъэIущ, бэвыр я гуэн илъщ, пшэрыр я бэкхъ щIэтщ. Тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIум теухуауэ, зи ахърэтыр нэху хъуауэ къыщIэкIын Шэрджэс Алий итхыгъат «Ди тхьэлъэIуу щыта псори иджы къытхудэхыжынкъым, ауэ цIыхур зэхишэу, щхьэж и пщIэр иригъэлъагъужу диIэпхъэт гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ я тхьэлъэIу зырыз: ВакIуэкъихьэжымрэ Тхьэшхуэгухьэжымрэ. Абыхэм лъэпкъыр нэхъри зэщIаубыдэжынт, ди хабзэ дахэхэр къэIэтыжынымкIэ сэбэпышхуэ хъунт». Мис апхуэдэ гъэщIэгъуэныгъэ, дахагъэ куэд епхауэ щытащ а махуэм, ТхьэшхуэгухьэжкIэ зэджэу щыта мэкъумэш махуэщI угъурлым. Жагъуэ зэрыхъущи, дэ абыхэм хэтцIыхукI щыIэкъым, ужьыхыжыпащ махуэщI дауэдапщэр. Пасэ зэманым щыгъуэ адыгэм бжьыхьэм хуищIу щыта гулъытэм, иригъэкIуэкIыу щыта тхьэлъэIухэм дащыхыхьакIэ, иджыри зым дыщыгъуэзэнщ. АбыкIи сэбэп къытхуэхъунущ Шэрджэс Алийрэ Хьэкъун Мухьэмэдрэ къыдагъэкIауэ щыта «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ» тхылъ гъуэзэджэр. «СОЗЭРЭЩ и тхьэлъэIу»-ращ жыхуиIэр. Адыгэм теIуа, темыIуа тхьэлъэIухэр ищIу щытащ. АтIэ, Созэрэщ и тхьэлъэIур теIуа тхьэлъэIухэм хэбгъэхьэ хъунущ.
Ар гъэ къэс, бжьыхьэм, гъавэр кърахьэлIэжа нэужь унагъуэхэм ящIу щытащ. Созэрэщыр бэвыгъэм, зэIузэпэщыныгъэм, унагъуэм и къулеягъым я Тхьэт. Созэрэщ и сурэтыр адыгэхэм къудамибл зэгуэт хьэмкIутIей дакъэу ящIти, тхьэлъэIу махуэр къэсыхун гуэнэщым щIэлът. ТхьэлъэIур къыщыскIэ, шэкIэ къабзэлъабзэу ятхьэщIти, къамылапщэрэ пхъэцIычауэрэ я гъусэу, унэм къахьт. Iэбжьэ тIурытI хъу къудамэхэм унагъуэм нэрыбгэу исым я зырыз шэху уэзыдгъэ трагъэувэт, кхъуей хьэл зырызи кIэрагъэзагъэт. Унагъуэм а псори къаувыхьт, зыхуагъэщхът, къафэ гуэри иращIэкI защIт. Гъэм къахуихьа фIыгъуэхэмкIэ, бэвымкIэ, къайхъулIамкIэ фIыщIэ, шыкур ящIт. Щхьэж и кхъуей хьэляшхт. Уэздыгъэ шэхухэр икIэм нэс мысу, къытрахыжти, илъэс къакIуэ нэс ягъэтIылъыжт, абы щыгъуэм трагъэувэну уэздыгъэхэр ирыпагъэнэн хьисэпкIэ. Жэщ псом гъунэгъухэр зэкIэлъыкIуэт, зэщIэупщIэт, зэхъуэхъут.
Созэрэщ и тхьэлъэIур зэрыдэкIыу, и сурэтыр гуэнэщым яхьыжти, итIанэгъэ нэгъунэ зыри еIусэжтэкъым, ягуи къэкIыжтэкъым. «Созэрэщ и тхьэлъэIум и къежьапIэр тхыдэм и кIыфIыгъэ жыжьэхэм хокIуэдэж, ауэ шэч хэлъкъым адыгэхэм я Созэрэщымрэ пасэрей Мысырым (Египетым) я Осирисымрэ зы къежьапIэ зэраIэм, абыхэм я «къалэнхэр зэтохуэ», гъащIэм, бэвым, узыншагъэм я телъхьэщ, я Тхьэщ», — дыкъыщоджэ тхылъым ит тхыгъэм.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.