Бзэр лъэпкъым и фащэщ

Ар къокIуэ дызэрыбауэ хьэуам хэту, псэм пэгъунэгъуу, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ. Абы блэкIар къепщытэж, ит зэманыр егъэнаIуэ. Лъэпкъым и къэкIуэнур зыхуэдэнум ущегупсыскIи узэжалIэр аращ. Бзэмрэ хабзэмрэ зэщIыгъущ, абыхэм къапкърокIыж лъэпкъым и шыфэлIыфэ екIухэр…


Сыт хуэдэ адыгэ лъэ пкъым и хьэлыр, и хабзэр, и щэнхабзэр? Нобэ бзэр хъу мэным хуэныкъуэ е езы лъэпкъыр къихъумэрэ абы? Сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ щIэблэм анэдэлъхубзэр яIу рылъхьэным теухуауэ, сыт нэхъыщхьэу хэлъ ди лъэпкъ шыфэлIыфэм? Сыт лъэ пкъым и къарур, и тIасхъа пIэр, и насыпыр? Мы упщIэхэм теухуауэ я гупсысэр къагъэнэIуащ зи IэщIагъэкIэ зэхуэмыдэ цIыху зыбжанэм. Ахэр хэт Хэкум щопсэу, хэти хамэ щIыпIэм щыхэхэсщ. Гъунэгъу зэхуэ зыщIыр лъэпкъ Iуэхурщ. ЕЗАУЭ Мадинэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэн хабзэ центрым и унафэщI:

— Дэ ди деж хуэдэу нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ щызэрылъытэ лъэпкъ щы Iэу къыщIэкIынкъым. Къытхуэнащ ар, тхэлъщ, хэт сыт жиIэми. Адыгэм укIы тэ хэлъщ, напэр къабзэу ихъумэну хущIокъу. Дызы текI мыхъу хабзэхэм тIэкIу ткIийуэ гугъу дыщрагъэ хьи щыIэщ. Ауэ а гугъу ехьым ди псэр егъэнщIыж. Мис ар ди лъэпкъым и къарущ.

ДЗАСЭЖЬ Ларисэ, фило логие щIэныгъэхэмкIэ кан дидат, КъБКъУм инджы лызыбзэмкIэ кафедрэм и унафэщI: — Бзэр тхыдэ щIэинщ, псалъэкIэ бауэу. Абы къы пкърокI лъэпкъым и хьэл щэныр, и гупсысэкIэр, и псэр. Бзэ тIурымылъмэ, лъэ пкъыу дыщыIэфынукъым. ЗэрытщIэщи, ЮНЕСКОм ди адыгэбзэр яхибжащ кIуэ дыжынкIэ шынагъуэ ихуа бзэхэм. ДызыIут IэнатIэр гугъу пэтми, дэ Iэмал гуэрхэри диIэщ ди бзэм и псэр къедгъэлынымкIэ. Пэжым ухуеймэ, ди фIэщу зетпщытмэ, абы тхуэмы гъэзэщIэн хэлъкъым – ауэ сыт – дызэкъуэувэн хуейщ абы папщIэ. Дауи щIыи, дэ ди ныбжьым итхэращ абыкIэ жэуап нэхъ къызыте хуэр – мыгувэ щIыкIэ, хэкIыпIэу щыIэхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ.

МЭЛЕЙ ФатIимэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэ: — Лъэпкъым зиужьын щхьэкIэ, япэ дыдэу щIэ блэм егупсысын хуейщ. ЩIэ блэ гъэса зиIэрщ япэкIэ кIуэтэфыр. Шэч хэлъкъым тхылъым сабийм гъэсэныгъи щIэныгъи къызэрыхихым. Сабийм гъэсэныгъэ тэмэм иIэмэ, езы цIыкIум и щхьэм къэкIынущ лъэпкъым зэрыщыщыр, и бзэр Iурылъын зэрыхуейр. «Адыгэбзэр умыщIэу хъунукъым», жыпIэу утекIиен е хэбгъэзыхьын хуейуэ аракъым. АтIэ, ар уэ езым зыдэбгъэплъеин хуейщ, щапхъэ ебгъэлъа гъуурэ. Адэ-анэм далъагъур ящIэж сабийхэм.

АРЫМБЭЧ Айшанур, инженещ, Тыркум щопсэу: — Адыгэ хабзэ жыхуэт Iэм егъэлеяуэ купщIэшхуэ кIуэцIылъщи, ар къыбгурIуэнри насыпым щыщщ. Псалъэм папщIэ, адыгэм диIэщ мыпхуэдэ хабзэжь: адэ-анэм е нэхъыжьхэм укъалъагъуу, цIыхум уахэ ту уи сабий бгъэджэгуныр емыкIуу. Иджы мы хабзэм и лъабжьэм щIэплъэгъуэфынум девгъэплъыт: дунейм тетщ цIыху куэд бын ямыIэу, ауэ абы ехъуапсэу, апхуэдэуи щыIэхэщ адэ анэ зыщхьэщымытыж са бийхэр. АтIэ мы хабзэри гущIэгъум къыхэкIауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Си гугъэмкIэ, хабзэр псэщ зэры пхуэхъумэнур. Уи гум адыгагъэ имылъмэ, хабзэбзыпхъэ бгъэлъэгъуэну и ужь уихьэми къохъулIэнукъым. ЦIыхур хамэ лъэпкъ къы хэхутамэ, нэгъуэщI хабзэхэр куэдрэ илъагъумэ, хамэбзэр и тхьэкIумэм итмэ, тыншу абыхэм яхэшэпсы хьыжыфынущ. Ауэ сыт ар къэзыхъумэфынур лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыхуу жыпIэмэ, ар и куцIырщ, и лъым хэту зыхищIэ къарурщ. Ар пхэлъмэ, уи бзэри абы щыхъумащи, къэпщтэжынущ. Япэрауэ, лъэпкъым теухуауэ фIэщхъуныгъэ уи гум илъын хуейщ: уэ езыр узыщыщыр псом нэхърэ зэрынэхъыфIыр хьэкъыу ппхыкIа нэужь, ар къару лъэщ пхуохъу. «Сыт сэ хабзэри бзэри схъумэн щIыхуейр?» — жыбоIэри узоупщIыж. «Ар сысейщи, сегъэдахэри, сегъэлъапIэри, си щхьэр сегъэIэтри!».

ЩОДЖЭН Берсис, адвокатщ, Тыркум щопсэу: — Анкара щыIэ Адыгэ Хасэм сыкIуауэ, абы «Адыгэ бзэ» тхылъ щыслъэгъуати, къэсщэхури, сэрсэру адыгэбзэкIэ тхэкIэ, еджэкIэ зэзгъэщIэжауэ щытащ. Пэжщ, дыщыцIыкIу лъандэрэ анэ дэлъхубзэщ унагъуэм дызэрыпсалъэр. Ауэ, еджапIэм тыркубзэкIэ дыщагъэпса лъэурэ сIэщIэхуа хъуат. АдыгэбзэкIэ тхауэ сыт къыс Iэрыхьэми, абыхэм макъ кIэ седжэурэ, адыгэ уэрэд хэм седаIуэурэ, сызыхуэзэ адыгэхэм сепсалъэурэ, си адыгэбзэр нэхъыфI хъужащ. А зэманхэм Кавказ къафэхэм щыхуагъасэ гуп къыщызэрагъэпэщат Истамбыл. Абыи сыхыхьащ. Сытми, си анэдэлъхубзэм сыкъихъумащ адыгэу. Дуней псом щикъухьа лъэпкъым зихъумэжыну гугъущ. Хабзэбзыпхъэри бзэри къэкIуэну зэманым хуэбгъэхьэзырын, япэкIэ уплъэн хуейщ.
ГУГЪУЭТ Заремэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *