Бзэм и къарур

Фи пащхьэ къитлъхьэ тхыгъэм ипэ къихуэу, фIыщIэ псалъэ хуэдгъэфэщэну дыхуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Багъ Марьям. Ар адыгэбзэмкIэ зэрыегъэджакIуэм къыщымынэу, лъэпкъым ехьэлIа сыт хуэдэ лъэныкъуэми хуэнэхъуеиншэ, хуэгумахэ-хуэпсэкъабзэ адыгэ бзылъхугъэщ. И гуащIи, и зэмани, и пси емыблэжу пылъщ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, бзэр джыным, зегъэужьыным…

Абы и тхыгъэхэм къыхэдгъуэта зы хъыбар гъэщIэгъуэныр, нобэ утыкум къитхьэр — Багъым и IэдакъэщIэкI, и гъерэт гъунэншэм я зы кумылэ цIыкIу къудейщ, ауэ и купщIэмрэ и мыхьэнэмрэ узыгъэпIейтейуэ, гупсысэр езыхужьэу. … Къэбэрдейм икIри Германием адыгэ щIалэ кIуат, щеджэну. Курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къиухат. ИлъэситI токIри, и къуэшым нэхъыщIэр кIэлъокIуэ… Абыи дыщэ медалкIэ еджапIэр къиухат, и шынэхъыжьыр здыщеджэ ищхьэ еджапIэм щIэтIысхьащ. А еджапIэм щеджэт нэмыцэ хъыджэбз. Ар нэхъыщIэм ныбжьэгъу къыхуохъу, куэд дыдэ дэмыкIыуи ныбжьыщIэхэр хьэщыкъ зэхуохъу.

Я хабзэм тету, пщащэм щIалэр я деж ишащ, и анэ-адэм нэIуасэ яхуищIмэ фIэфIу. Нэмыцэбзэр иджыри зыхуэмыгъэIурыщIащэ щIалэм бзэр фIы дыдэу зэзыгъэщIагъэххэ и къуэшыр здищтэри кIуащ нэмыцэ унагъуэм я деж. ЗагъэхьэщIэу щысу, хъыджэбзым и адэр щауэм къоупщI зыщыщ лъэпкъымкIэ.

— Сыадыгэщ, мыпхуэдэм сыкъикIащ, — жэуап иретыж. — Сыт хуэдэ бзэхэр пщIэрэ? — къоупщI адэр. —Инджылызыбзэ, франджыбзэ, урысыбзэ. — Уи анэдэлъхубзэр-щэ, пщIэкъэ ар? — Хьэуэ, си анэдэлъхубзэр сщIэкъым. Сэ ар зыуи къысхуэсэбэпынукъым. ЛIыр ней-нейуэ къеплъри, жиIащ: — Сэ зауэм сыIутащ. Ростов деж 115-нэ шууей дивизэр зэтезукIа дзэм сыхэтащ. Iэщэ лъэпкъ ямыIыгъыу, сэшхуэхэр ягъэкIэрахъуэу танкым дыздисым къытпэщIэувэурэ а щIалэ ахъырзэманхэр къыдэзауэт. Iэ пцIанэу, фоч ямыIыгъыу! Демыуэну дыхуимыту, дэ танкым дису! Си гъащIэ псокIэ сигу къинащ абы щыгъуэм слъэгъуа щIалэ телъыджэхэр.

А дзэм и нэхъыбэр лъэпкъкIэ адыгэщ. Иджы уэ, апхуэдэ лъэпкъым къыхэкIам, апхуэдэ лIы телъыджэхэр зиIа лъэпкъым, уи анэбзэм папщIэ жыпIар зэхэсхауэ, сэ сипхъу уэстынукъым. Зи лъэпкъым пщIэ хуэзмыщIым, сэ си бынми пщIэ къыхуищIынукъым. Ар жиIэри адэр щIэкIыжащ. Хъыджэбзыр махуэ зыбжанэкIэ а Iуэхум ирисымэджащ, иужькIэ и тхылъхэр къаIрихыжри, нэгъуэщI къалэм щеджэну кIуащ. «Сэ си адэм и арэзыныгъэ хэмылъу лIы сыдэкIуэнукъым», — аращ жэуапу щIалэм къритыжар. Пэж дыдэу къэхъуа Iуэхуу яIуэтэж мыр.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *