Жэпуэгъуэм и 20-м Хьэбэз къуажэм дэт, Хъупсырокъуэ Назир и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ Унэм и концерт пэшым «БЗЭ ЛЪЭМЫЖ БЗЭРАБЗЭ» зи фIэщыгъэцIэ, адыгэбзэкIэ тха, сабийхэм яхуэгъэза тхылъыщIэм и лъэтеувэр щызэфIагъэкIащ. Тхылъыр зи IэдакъэщIэкIыр усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, КъЧР-м щIыхь зиIэ и экономист, ГуащIэдэкIым и ветеран, Урысей Федерацэм и тхакIуэхэм я Союзым хэт, бзылъхугъэхэм я Союзым и КъэрэшейЧеркес хэгъуэгу къудамэм и ревизор Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэщ. Экземпляр 200 хъууэ дунейм къытехьа «Бзэ лъэмыж бзэрабзэ» тхылъыр сабийхэращ зыхуэгъэзар. ИкIи ар «Мазэрыбжэ», «Махуэрыбжэ», «Iэпхъуамбэрыбжэ», «Плъыфэхэр», «Алфавит», «Къуажэхьхэр», «Кроссвордхэр», «Ребусхэр», «Нэщэнэхэр» жыхуиIэ IыхьэхэмкIэ зэхэлъ усэ сборнику зэхэтщ.
Тхылъыр ятегъэпсыхьащ еджапIэм щеджэ сабийхэмрэ еджапIэм щIыхьэну зыхуэзыгъэхьэзыр цIыкIухэмрэ. Усэ защIэу къетхэкIа тхылъым щибгъуэтэнущ псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, къэкIыгъэхэм, псалъэжьхэм, псынщIэрыпсалъэхэм ятеухуахэр. Тхылъым и къалэн нэхъыщхьэр — пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэм я бзэм зегъэужьынращ. Абы хьэлэмэту лъэкIынущ ижьижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ гъуэзэджэхэм сабийхэр щыгъуазэ хуэщIынми. Тхылъым адыгэбзэм удрегъэхьэх, урипсэлъэну гукъыдэж къыует.

Гу лъывэдгъэтэну дыхуейт, тхылъым ихуа сурэтхэри икъукIэ зэрыгъэщIэгъуэнхэм: усэ цIыкIухэм я купщIэр къаIуатэ, адыгэм и гупсысэкIэм къитIасэу щытщ. Нэхъыщхьэращи, сабий цIыкIухэр зэуэ къыдахьэх, тхылъыр яфIэгъэщIэгъуэн нэхъри ящI. Тхылъым ихуа сурэт 300-р зи IэдакъэщIэкIыр Жумай Анитэ Умар ипхъуращ. ЖыIэпхъэщи, адыгэбзэкIэ усэ зытхыу щыIэр зырызыххэщ. Абы къыхэкIыу Мадинэ и тхылъыр лъэпкъымкIэ уасэншэщ, къызэрытлъытэмкIэ. Къыхэгъэщыпхъэщи, мы тхылъыр авторым хуигъэфэщащ Къэрэшей-Черкесым и мэкъумэш хъызмэтым щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Айбазов Рэмэзан Мыхьэмэт и къуэм. Апхуэдэ гулъытэр Мадинэ мы цIыхум хуищI пщIэм и щыхьэтщ. Абы и хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр, укъызыхэкIа лъэпкъым емылъытауэ, дэтхэнэ цIыхуми, псом хуэмыдэу щIэблэм, щапхъэ хуэхъуфынущ. Ар пэжым, лэжьыгъэ хьэлэлым я телъхьэу псэуащ.
ИкIи, апхуэдэ псэукIэм и фIыщIэкIэ, а лIы нэсым пщIэрэ щIыхьрэ иIэу и гъащIэр игъэпсын лъэкIащ. Айбазов Рэмэзан цIыху щабэт, гуапэт, лъэпкъ зэхэгъэж зымыщIт. Абы дэтхэнэ цIыхури и къуэшу къилъытэт, езым и нэгу куэд щIэкIати. Апхуэдэу цIыхухэр фIыуэ зэрилъагъуу щытар щIэблэмкIэ щапхъэ зэрыримыкъу щыIэкъым. Аращи, мы тхылъым сабийхэр ди бзэм хуигъасэ къудейкъым, атIэ ахэр гъащIэм щынэхъыщхьэ лъапIэныгъэхэми гу лъарегъатэ… Езы Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ и гугъу тщIынщи, ар куэд щIауэ тхэным ди хьэхащ икIи и IэдакъэщIэкIхэр гулъытэншэу къанэкъым. Апхуэдэу, абы щIыхь тхылъхэр увыпIэ лъагэхэр къыщилъэщауэ щытащ Жэнэ Къарэмыз и цIэр зезыхьэ литературэ тхыгъэхэмкIэ Лъэпкъзэпх зэхьэзэхуэм («Проза и поэзия», «Традиции» номинацэхэмкIэ). КъинэмыщIауэ, мы бзылъхугъэм къратауэ щытащ Булгаков Михаилрэ Есенин Сергейрэ я цIэхэр зезыхьэ медалхэри. Жылагъуэ Iуэхухэми жыджэру пэрыт Мадинэ къыхуагъэфэщащ бзылъхугъэм и хахуагъэм и дамыгъэр — Гризодубовэ Валентинэ и медалыр. Ар къыбгъэдэкIащ «Бзылъхугъэхэм я Союз» организацэм и хэгъуэгу къудамэм и пашэ Борлаковэ Маринэ.
Мы нагъыщэр ят хабзэщ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным, наставничествэм зегъэужьыным, унагъуэ лъапIэныгъэхэр гъэбыдэным, ди къэралым и тхыдэ фэеплъыр хъумэным цIыхум хуищIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ. КъинэмыщIауэ, Мадинэ щIалитIым я анэщ, и гуфIэгъуэшхуэу ар плIэрэ нанэ хъуащ. Тхылъым и лъэтеувэм траухуа дауэдапщэмкIэ дгъэзэжынщи, ар икъукIэ дахэу, хуабагъкIэ гъэнщIауэ екIуэкIащ. Абы къеблэгъащ цIыху 200-м нэхърэ нэхъыбэ хьэщIэхэр. Абыхэм яхэтащ Хьэбэз муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Жу Тимур, абы и къуэдзэ Унэж Олег, Хьэбэз къуажэм и администрацэм и IэщIагъэрылажьэ Гъуэзджэщ Татьянэ, ди республикэм щылажьэ Жылагъуэ палатэм и пашэм и къуэдзэ Псэун Аслъэн, «Бзылъхугъэхэм я Союз»-м и хэгъуэгу къудамэм и пашэ Борлаковэ Маринэ, авторым и унагъуэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, нэгъуэщIхэри. Дауэдапщэм ипкъ иту Мадинэ хуэгъэзауэ псалъэ гуапэ куэд щыIуащ а махуэм.
Дэтхэнэми бзылъхугъэм фIыщIэ хуищIащ адыгэбзэр хъумэным, ар сабийхэм яIурылъхьэным, цIыкIухэр абы дегъэхьэхыным теухуауэ игуэщIа лэжьыгъэшхуэм папщIэ. Апхуэдэу Мадинэ и IэдакъэщIэкIым адыгэ лъэпкъымкIэ мыхьэнэуэ иIэр лъагэу къэзылъытахэм ящыщщ Борлаковэ Марини. Абы жиIащ мы тхылъыр хуабжьу и гум зэрыхэпщIар.
— АтIэ, мы тхылъ къызэрымыкIуэр си адэм и фэеплъщ. Сыхуейщ Мадинэ фIыщIэ ин хуэсщIыну апхуэдэ гулъытэрэ цIыхугъэрэ къызэрылъыкъуэкIам папщIэ. Тхьэм уигъэпсэу Пэжщ, си адэм зэи лъэпкъ зэхэгъэж ищIакъым икIи хэт и бзэми, и щэнхабзэми пщIэ яхуищIу псэуащ. Си фIэщ мэхъу, си адэр нобэ къытхэтамэ, ар ящыгуфIыкIынут зи анэдэлъхубзэр зыгъэбзэрабзэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм. Нобэ дгъэлъапIэ уи тхылъыр сабий щэ бжыгъэхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъунымкIэ и къежьапIэ ирехъу! Гъуэгу махуэкIэ! — къыхигъэщащ и къэпсэлъэныгъэм Борлаковэ Маринэ. ДыкъытеувыIэнщ Жумай лъэпкъым къыбгъэдэкIыу псалъэ жызыIа Жумай Алий и къэпсэлъэныгъэм. — Фи пащхьэ Мадинэ сыкъыщытхъунукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар Жумайхэ дипхъущ, сэ лъэпкъым сринэхъыжьщи, къезгъэкIукъым ди хабзэкIэ. Ауэ фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ мы пшыхь дахэр, гугъэпсэхур къызэзыгъэпэща, абы хэта, къекIуэлIа дэтхэнэми. Щхьэхуэу зыхуэзгъэзэну сыхуейщ Борлаковэ Маринэ. Ди Мадинэ и тхылъыр къыдэкIынымкIэ абы хуабжьу зыкъыщIигъэкъуащи, къызэрыслъытэмкIэ, апхуэдэ гупыкI зылъэкIыр гу къабзэ зиIэ цIыхуращ. ЦIыхум и дуней еплъыкIэм пыщIауэ хэлъ хъугъуэфIыгъуэ псори адэ-анэм къыхалъхьауэ, абыхэм ядэплъейуэрэ зыхипщауэ солъытэ. Тхьэгъэпсэу яжызоIэ узыпIахэм! Куэдым ягъэщIагъуэ: «Къэрэшейр адыгэм дэIэпыкъуащ» жари. Ауэ ар гъэщIэгъуэнкъым сэркIэ. Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэр сыт щыгъуи зы унагъуэу зэдэпсэуащ. Мы гъэр лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу ягъэуващ. Ауэ ар апхуэдэу къытхуамыгъэувами, дэ псори аращ дызэрызэхэтыр — зэгъунэгъуфIу, зэныбжьэгъуфу зыкъэтлъытэжу! — жиIащ Жумай Алий.
Псалъэ гуапэхэм нэужь, къеблэгъахэм, пшыхьыр зыгъэдэхахэм Мадинэ захуигъэзащ:
— СызэрыцIыкIурэ усэ стхыт, ауэ, укIытэм къыхэкIыу, ахэр зыми езгъэлъагъутэкъым. Ауэ Борлаковэ Маринэ къэсцIыхуа нэужь, си зэфIэкIхэм, си тхыгъэхэм сригушхуэ хъуащ. Маринэщ дунейм къытезыгъэхьауэ щытар «Iэдииху и дыгъэ бзий» си япэ усэ сборникыр. Абы лъандэрэ сытегушхуауэ сотхэ. ФIыщIэ пхузощI, Маринэ! Тхьэм фигъэпсэу нобэ мы пшыхьым къекIуэлIэн хуейуэ къэзылъыта дэтхэнэри! — жиIащ усакIуэм. ЖыIэпхъэщи, пшыхьым ипкъ иту Борлаковэ Маринэ анэдэлъхубзэр хъумэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ фIыщIэ, щIыхь тхылъ бжыгъэхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэхэм ящыщщ ди газетым къыбгъэдэкIа фIыщIэ тхылъри. Пшыхьым Мадинэ и усэхэри сценэм щыIуащ. Абыхэм къеджащ Хьэбэз дэт «Нур» сабий IыгъыпIэм и гъэсэн цIыкIухэр, лицеймрэ курыт еджапIэмрэ щеджэ ныбжьыщIэхэр. Пшыхьыр хуабжьу игъэдэхащ «Синд» цIыхубэ ансамблым игъэзэщIа къафэм. Дауэдапщэм и кIэм тхылъым и лъэтеувэм хэта ныбжьыщIэ псоми Мадинэ и тхылъыр тыгъэ яхуищIащ. Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ дохъуэхъу и ехъулIэныгъэхэмкIэ икIи дяпэкIи лъэпкъгъэдахэу и Iэдакъэ къыщIэкI тхыгъэхэр нэхъри бэгъуэну Тхьэм жиIэ!
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.