Бланэхэмрэ лъэщхэмрэ

Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зыхэт «Движение Первых» Урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэщIэхъееныгъэм къызэригъэпэща «Зарница 2.0» Урысейпсо зауэхэкупсэ джэгукIэм и хэгъуэгу Iыхьэр Черкесск къалэм дэт военкоматым щекIуэкIащ.  МахуитIым къриубыдэу абы щызэпеуащ муниципальнэ Iыхьэм нэхъ жану зыкъыщызыгъэлъэгъуа гупхэр.

Нэхъыжьхэми яцIыхужу къыщIэкIынщ, «Зарница» спорт джэгукIэр щыIэу зэрыщытар. Иджы, ар кърагъэжьэжащи, щIалэгъуалэми гъэщIэгъуэн зэрыщыхъур нэрылъагъущ. НыбжьыщIэхэр зауэ IэщIагъэхэм хэгъэгъуэзэнымкIэ, я зыужьыныгъэм хэгъэхъуэнымкIэ, гупу зэдэлэжьэным хуэгъэсэнымкIэ, спортым дегъэхьэхынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи а джэгукIэхэр щхьэпэ мэхъу. «Зарница 2.0» джэгукIэр хэIэтыкIауэ къызэIуахащ.

Абы къеблэгъащ «Движение Первых» зэщIэхъееныгъэм и хэгъуэгу къудамэм и унафэщI Кочкаровэ Алинэ, зауэ-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ «Авангард» Купсэм и унафэщI Баев Уэсмэн, «Юнармия» ВВПОД-м и хэгъуэгу штабым и унафэщI Пуля Александр, СВО-м и ветеран, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Гусхэ Замир, нэгъуэщIхэри.

НыбжьыщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Кочкаровэ Алинэ. — Нобэ мы утыкум щызэхуэсащ нэхъ хахуэ, нэхъ бланэ, пэжагъ зыхэлъ ныбжьыщIэхэр. ГурыIуэгъуэщ мыбдеж къекIуэлIа дэтхэнэри текIуэныгъэм фызэрыщIэхъуэпсыр. Ауэ, зэпеуэм и мыхьэнэр аращи, нэхъ жыджэр дыдэу щыр къыхэгъэщыпхъэщ. ЩIыхь пылъу зыкъэвгъэлъэгъуэну, дахэу фытекIуэну сывохъуэхъу псоми. Нобэ зыгуэр и кIэм къинэми, абы къикIкъым фэ фхузэфIэкIыр нэхъ мащIэу, насыпыр нобэкIэ адрейм хуэзащи аращ, — жиIащ абы.

КъЧР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министрым къыбгъэдэкIыу ныбжьыщIэхэм яхъуэхъуащ «Авангард» Купсэм и унафэщI, майор Баев Уэсмэн. ЗэгурыIуэу гупу зэрызэдэлэжьэфыр, спортыр фIыуэ зэралъагъур къагъэлъэгъуэну еджакIуэхэм яущиящ ар.

ПэщIэдзэ махуэм екIуэкIа зэпеуэм районхэм къабгъэдэкIа гуп 12 хэтащ. МыувыIэу уэшх къызэрешхари ныбжьыщIэхэм зыкIи зэран яхуэхъуакъым, къикIуэт ямыIэу зэхьэзэхуэхэм хэтащ.

ЕджакIуэхэм я спорт зэдепутат Гусхэ Замир, нэгъуэщIхэри. НыбжьыщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Кочкаровэ Алинэ. — Нобэ мы утыкум щызэхуэсащ нэхъ хахуэ, нэхъ бланэ, пэжагъ зыхэлъ ныбжьыщIэхэр. ГурыIуэгъуэщ мыбдеж къекIуэлIа дэтхэнэри текIуэныгъэм фызэрыщIэхъуэпсыр. Ауэ, зэпеуэм и мыхьэнэр аращи, нэхъ жыджэр дыдэу щыр къыхэгъэщыпхъэщ. ЩIыхь пылъу зыкъэвгъэлъэгъуэну, дахэу фытекIуэну сывохъуэхъу псоми. Нобэ зыгуэр и кIэм къинэми, абы къикIкъым фэ фхузэфIэкIыр нэхъ мащIэу, насыпыр нобэкIэ адрейм хуэзащи аращ, — жиIащ абы.

КъЧР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министрым къыбгъэдэкIыу ныбжьыщIэхэм яхъуэхъуащ «Авангард» Купсэм и унафэщI, майор Баев Уэсмэн. ЗэгурыIуэу гупу зэрызэдэлэжьэфыр, спортыр фIыуэ зэралъагъур къагъэлъэгъуэну еджакIуэхэм яущиящ ар.

ПэщIэдзэ махуэм екIуэкIа зэпеуэм районхэм къабгъэдэкIа гуп 12 хэтащ. МыувыIэу уэшх къызэрешхари ныбжьыщIэхэм зыкIи зэран яхуэхъуакъым, къикIуэт ямыIэу зэхьэзэхуэхэм хэтащ.

ЕджакIуэхэм я спорт зэфIэкIыр здынэсыр къагъэлъэгъуащ, зауэ джэгукIэхэмкIэ зэпеуащ, Урысейм и тхыдэр зэрацIыхур наIуэ къащIащ. Ар ныбжьыщIэхэмкIэ къызэрыкIуэ зэпеуэ къудейтэкъым, атIэ, щIэ гуэр къыздацIыхуа, гъэщIэгъуэну я зэман здыщагъэкIуа утыку хьэлэмэтт.

Япэ махуэм зэпеуа нэхъыжьыIуэхэм япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Прикубан районым и «Ураган» гупым. ЕтIуанэр — Уарп районым, ещанэр — Зеленчук районым яхьащ. Зэпеуэ-джэгукIэм и етIуанэ махуэм ику ит классхэм щеджэ гупи 10 хэтати, нэхъыфI дыдэу къалъытащ Уарп районым къикIахэр. ЕтIуанэр — Зеленчук, ещанэр — Прикубан районхэм яхьащ.

ТекIуэныгъэ къэзыхьахэм кубокхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ. Япэ увыпIэр  къэзыхьахэм лъэкIыныгъэ яIэщ «Зарница 2.0» Урысейпсо зауэ-хэкупсэ джэгукIэм и округ Iыхьэми хэтыну.

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *