МафIэм и фIымрэ и Iеймрэ
Сабийхэр мафIэсым щыхъумэнымкIэ мыхьэнэ иIэщ щыцIыкIу дыдэм щыщIэдзауэ мафIэм и сэбэпымрэ зэрану къихьынкIэ хъунумрэ зэхагъэкIыфу гъэсэным. ПIалъэ-пIалъэкIэ ар сабийхэм ягу къэдгъэкIыжмэ, абы уриджэгуныр зэрышынагъуэр нэхъыфIу зыхаубыдэнут, мафIэсхэм я бжыгъэри нэхъ мащIэ хъунут. Ауэ, мыпхуэдэ Iуэхухэр цIыкIухэм янэпхьэсыныр, ар къагурыбгъэIуэныр къызэрыгуэкIкъым. Арами, Зеикъуэ къуажэм дэт «Вагъуэ цIыкIу» сабий IыгъыпIэм и гъэсакIуэ Борэныкъуэ Заирэ ар хузэфIэкIауэ жыпIэ…