Лъэпкъыр къоджэху, упэджэжмэ…
Урысейм и Махуэм – мэкъуауэгъуэм и 12-м – Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм щыпсэу, лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыхэжаныкIахэм Урысей Федерацэм, ди хэгъуэгум я къэрал нагъыщэхэр яхуигъэфэщауэ щытащ. Гуапэ зэрыхъущи, а махуэм зи цIэ къраIуахэм яхэтщ ди лъэпкъэгъухэри. Апхуэдэщ Къэрэшей-Черкесым «щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» щIыхьыцIэ лъагэр зыхуагъэфэща, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и унафэщI УНЭГЪЭС…