admin

Адыгэ – Хьэблэр зэрыгушхуэхэр

АДЫГЭ – ХЬЭБЛЭ къуажэм и курыт еджапIэр къэзыухахэм ягъэпэжащ ерыщу зэрылэжьар, адэ – анэр къазэрыщыгугъар, егъэджакIуэхэм къыбгъэдалъхьа щIэныгъэр. «Ди гуапэу хъыбар фыдогъащIэ ди ныбжьыщIэхэм ЕГЭ-мкIэ балл лъагэхэр къызэрахьар. Апхуэдэу, Хъупсырокъуэ Белэ химиемкIэ балл 82-рэ, Дэхъу Заур урысыбзэмкIэ — 97-рэ, химиемкIэ – 93-рэ, Крымов Аслъэн химиемкIэ – 90, Джемакулов Руслан химиемкIэ – 82-рэ къахьын яхузэфIэкIащ. Фи…

Читать далее

ЕхъулIэныгъэфIхэр я щIэдзапIэу

ЩIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэгъуалэр плъагъуныр гухэхъуэщ. Иужьрей тхьэмахуэхэм социальнэ зэпыщIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ ди нэгум къыщIохуэ зэпыт курыт, ику ит, ищхьэ еджапIэхэр ехъулIэныгъэ пылъу къэзыуха щIалэгъуалэ насыпыфIэхэм я сурэтхэр. Апхуэдэхэм уи фIэщ ящI ди лъэпкъми, хэкуми я къэкIуэнур нэхуу зэрыщытынур. Хьэбэз районым щыIэ курыт еджапIэхэм щекIуэкIа къэзыпщытэж экзаменхэр мы гъэм пылъхьэншэу, хабзэкъутэныгъэ гуэри къэмыхъуу зэрекIуэкIам дыщигъигъуэзащ Хьэбэз…

Читать далее

IэщIагъэмкIэ нэхъыфIыр

«Кадры» лъэпкъ проектым ипкъ иту «Зи IэщIагъэкIэ нэхъыфI» Урысейпсо зэпеуэр илъэс етIуанэ хъуауэ йокIуэкI. Зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэщ ӏэщӏагъэм хуэӏэкӏуэлъакӏуэхэр къыхэгъэщыныр, ӏэщӏагъэхэм я пщӏэм хэгъэхъуэныр. Зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэр бадзэуэгъуэм и 30-м къыщыщӏэдзауэ шыщхьэӏум и 1 пщӏондэ Вологдэ къалэм щекIуэкIынущ. Абы ипэ къихуэу «Повар» унэтIыныгъэмкIэ зэпеуэхэр хэгъуэгухэм щекIуэкIащ. Ди республикэм а Ӏэщӏагъэмкӏэ нэхъыфӏыр щагъэбелджылащ Черкесск…

Читать далее

Еджэныгъэм и семинар

Мы гъэм фокIадэ мазэм и 18-20 махуэхэм щыIэну хэхыныгъэхэм хуэкIуэу, хабзэфIым тету, КъЧР-м ХэхыныгъэхэмкIэ Комиссэм республикэм и СМИхэм семинар — егъэджэныгъэ ядригъэкIуэкIащ. Семинарым и къызэгъэпэщакӏуэу, гъэзэщӏакӏуэу щытащ КъЧР-м и ИК-м и лэжьакӏуэхэр. Егъэджэныгъэм хэтащ республикэм лъэпкъыбзэхэмкӏэ къыщыдэкӏ газетхэм, телевиденэхэм я лӏыкӏуэхэр, редактор нэхъыщхьэхэр, журналистхэр. Еджэныгъэ семинарыр къызэӏуихкӏэрэ, Хэхыныгъэхэмкӏэ хэгъуэгу Комиссэм и секретарь Зиздок Аллэ къытепсэлъыхьащ…

Читать далее

И гъащIэр, и щIэныгъэ лъэужьыр

АДЫГЭ республикэ къэрал университетым щIэныгъэмкIэ и библиотекэм мэкъуауэгъуэм и 17-м щекIуэкIащ щIэныгъэ-практическэ конференц. Ар теухуауэ щытащ Хьэкъун Барэсбий Исуф и къуэм, псэужамэ, илъэс 85-рэ зэрырикъунум. Абдеж щызэхуэсахэм пэублэ псалъэкIэ захуигъэзащ конференцыр зыгъэхьэзыра, Барэсбий и гъащIэм, и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм фIы дыдэу хэзыщIыкI, абыхэм нобэкIи, дяпэкIи мыхьэнэуэ яIэр, икIи шэч хэмылъу яIэнур гурыIуэгъуэу адыгэбзэ къабзэкIэ зэпкърызыха, Адыгэ…

Читать далее

Хьэкъун Барэсбий! ЩIалэ дыщэ зэчий!

ХЬЭКЪУН Барэсбий хуэдэ цIыху щэджащэм хуэфэщэн псалъэ бгъуэтыну, абы ищIэфар, адыгэм щхьэкIэ хузэфІэкIар нэгъэсауэ къэбгъэлъэгъуэфыну къыщIэкIынкъым. Барэсбий цIыху къызэрыкІуэт. Ар 1941 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 9-м Хьэбэз къуажэм щыщ Хьэкъун Исуф и унагъуэм къихъухьащ. ЕджапIэр фІы дыдэу къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри Диплом плъыжькIэ къызэринэкIащ. Абдеж аспирантурэми щеджащ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат фIэщыгъэцIэ лъагэри и акъылрэ…

Читать далее

В Черкесске росгвардейцы провели агитационную встречу с молодежью в парке «Зелёный остров»

В рамках комплексной программы профессиональной ориентации подрастающего поколения сотрудники Управления Росгвардии   по Карачаево-Черкесской Республике провели агитационную встречу    с молодежью региона. Мероприятие состоялось на территории парка культуры и отдыха «Зеленый остров» в городе Черкесске и было приурочено к 10-летию Росгвардии. Офицеры рассказали молодым людям об истории создания и современных задачах войск национальной гвардии Российской Федерации, а…

Читать далее

Япэ игъэщыпхъэ къалэнхэр

Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид УФ-м и Президент Путин Владимир зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм загъэубгъуным, ахэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ пщэрылъ ищIахэр зэрагъэзащIэм ирипсэлъэну и лэжьэгъухэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. «Дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ защIэгъэкъуэныр, шэч хэмылъу, япэ игъэщыпхъэу къонэ. Къэрэшей-Черкесым хэгъуэгу мылъку, мысату дэIэпыкъуныгъэу 54-рэ щолажьэ. КъинэмыщIауэ, «Хэкум и хъумакIуэ…

Читать далее

ПсэкIэ лъэщхэр

КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Гаджиев Михаил, Урысейм и ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ Управленэу ди хэгъуэгум щыIэм и унафэщI Самороков Андрей сымэ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм гуфIэгъуэ гъэпсыкIэм иту яхъуэхъуащ я къулыкъур къызэраухамкIэ. Темрезов Рэшид и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ гъунапкъэхъумэхэм пщIэрэ щIыхьрэ пылъу ирахьэкIа я гъащIэ Iыхьэм дзэ къулыкъур зэраухар къызэригъэлъагъуэр,…

Читать далее

Сымаджэщым хуагъэфэща гулъытэр

Зи № 1602-рэ зауэ клиническэ сымаджэщыр илъэс 85-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ, УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым зыхъумэжыныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэкIэ и Комитетым хэт, КъЧР-м и сенатор Къэзэнокъуэ Кърым Тэн-Iут-Ростов щыIащ, медицинэ IуэхущIапIэм гуфIэгъуэ IуэхукIэ еблэгъащ. Комитетым къыбгъэдэкIыу сенаторым хъуэхъукIэ захуигъэзащ зауэ сымаджэщым и унафэщIхэмрэ медицинэ IуэхущIапIэм щылажьэхэмрэ. Зауэ сымаджэщым и унафэщI, медицинэ къулыкъум и полковник…

Читать далее