Атлантхэмрэ нартхэмрэ я темэм куэд дехьэх. Абы къыхэкIыу, атлантхэмрэ нартхэмрэ, адыгэхэр зэзыпх тхыдэ кIуэрабгъухэр къыздэгъэлъэгъуа аналитикэ тхыгъэхэм солэжь зэпыт. Мы тхыгъэри си къэхутэныгъэ цIыкIущ. Мы темэм гъуни нэзи иIэкъыми, нэгъуэщI тхыгъэхэр къыкIэлъыкIуэнкIэ хъунущ…
ЦIыху псори зэхуэдэу жыIэрыфIэщкъым. Куэдым зэхахымрэ зэджэмрэ шэч къытрахьэ, я нэкIэ ялъагъур нэхъ къыхах.
ЖаIэ блэкIа зэман жыжьэм и гугъу пщIын щхьэкIэ, ар уи фIэщ зыгъэхъу, щIэзыгъэбыдэ щIэныгъэ тегъэщIапIэхэр уиIэн хуейуэ. Ахэр арэзы ящIкъым блэкIа жыжьэм къэхъуахэр къыздэгъэлъэгъуа тхылъхэми, мывэм къыхаIущIыкIа гъущIынэтхми (клинопись), археологхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэми. СэркIи апхуэдэ хэкIыпIэхэр гъазэ имыIэу икIи нэгъэсауэ дзыхьщIэгъуу щыткъым.
Ауэ уи нэм илъагъумрэ уи тхьэкIумэм зэхихымрэ нэхъ уи фIэщ мыхъуу дауэ дунейм утетыну? ДыкъызытекIыжахэм къытхуагъэнащ щIэныгъэ щэхухэмрэ хъыбар къызэрымыкIуэхэмрэ гъэпщкIуауэ зыхэлъ хъыбарыжьхэмрэ шыпсэхэмрэ, псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ.
Теософ цIэрыIуэ Блаватская Еленэ дуней псом щызэлъащIыса, бзэ куэдымкIэ зэрадзэкIа, томищ хъу и «Тайная доктрина» тхылъым къызэрыщигъэлъагъуэмкIэ, блэкIа жыжьэм и лъэныкъуэ псори къызэщIэзыубыдэ щIэныгъэхэр ярытщ налмэс (алмаз) кристаллхэм.
Апхуэдэ зы кристалл такъырым хъыбару ихуэнущ библиотекэ иным щIэлъ тхылъу хъуам ярытыр, уеблэмэ куэдкIэ нэхъыбэ. Апхуэдэ кристаллхэм я хъумапIэхэр щыгъэпщкIуащ Гималайхэм, Кавказым щыIэ бгыхэм я бгъуэнщIагъ куухэм. Абыхэм цIыхухэр щанэсыфынур, ахэр къызэрыщIах технологиехэр къагъэIэрыхуэрэ, кристаллхэм ярыт хъыбархэр кърах, ахэр къагурыIуэ хъуа нэужьщ. Ар тыншу икIи щIэхыу зэфIэкIын уэхукъым. Фыхуейми фи фIэщ фщIы, фыхуэмейми фымыщI…
Сэ ар зэрыпэжым, а щIэныгъэ гъэпщкIуахэр зэгуэрым къызэрыкъуахыжынум шэч къытесхьэкъым.
ИджыкIэ къэнэжыр сыт? БлэкIа жыжьэм (ди эрэм ипэкIэ, абы адэжкIэ, илъэс мелуан бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ) зыщыдгъэгъуэзэн щхьэкIэ ди IэмыщIэ илъыр IуэрыIуатэмрэ эпосымрэщ, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэращ…Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, апхуэдэщ «Нартхэр» эпосыр. Нартхэм ятеухуа хъыбарыжьхэр зэхуэхьэсыжауэ томибл хъууэ къыдигъэкIауэ щытащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, къэхутакIуэ, IуэрыIуатэдж ХьэдэгъэлI Асчэр.
А тхылъхэр иджы гъуэтыгъуейщ, «раритет» жыхуаIэхэм яхыхьащ. Ауэ си гуапэ хъуащ ар бжыгъэ форматым ирагъэувауэ Интернетым иту къыщыщIэкIым. Хэти еджэфынущ. Иджы сэри нарт эпосым нэгъуэщIынэкIэ сеплъыжащ, аргуэру зэ седжэжынущ ХьэдэгъэлI Асчэр къыдигъэкIа томиблми. Согугъэ, абы иджырэ къыздэсым гу зылъызмыта щIэныгъэ къыхэзгъуэтэну. Атлантхэмрэ нартхэмрэ зы лъэпкъыу зэрыщытам теухуауэ щытащ Къаныкъуэ Анфисэ иджы дыдэ дезгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэ иным щыщ Iыхьэр. Сэ абы си акъылыр зэрыхуэкIуэрэ куэд щIат, ауэ Анфисэ итхахэм седжа, жиIахэм сащIэдэIуа нэужь, абы си фIэщхъуныгъэр нэхъри игъэбыдащ. Абы къыхэкIыу, адэкIэ «атлантхэр» псалъэм ипIэкIэ къэзгъэсэбэпынущ «нартхэр». Атлантхэри нартхэри зы лъэпкъщ. Ди щIэджыкIакIуэхэри абы иресэ.

Нартыр псэущхьэхэми япсалъэт Нартхэр дэ къыдэщхьтэкъым, абыхэм дыкъэзыгъэщIам къаритат акъыл инрэ лъэкIыныгъэ къызэрымыкIуэхэмрэ. «Нарт» эпосым хэт хъыбархэр фщIэжмэ, Сосрыкъуэ Иныжьым уае ирищIэкIри, хым хигъэщтыхьауэ щытащ. Нартхэм уэшх кърагъэшхт, уэс кърагъэст, жьыбгъэ кърагъапщэт, къагурыIуэт хьэкIэкхъуэкIэхэм я бзэр. Езыхэр псалъэ хэмыту, щэхуу я гупсысэхэмкIэ зэхъуажэт (телепатия). Абы лъандэрэ къекIуэкIыу къыщIэкIынщ «Гурэ гурэ зэрощIэ» пасэрей псалъэжьыр. Нартхэм къагъэсэбэпт хьэуар IугъуэкIэ, гъуэзкIэ зымыгъэуфIей къару хэкIыпIэхэмкIэ лажьэ кхъухьлъатэхэри.
А псом ищIыIужкIэ, нартхэм къэхъунум хуэгъэзауэ къащIэ яIэт. ИкIи хыр, псыдзэр къэмыкъубей щIыкIэ заIэтри куэшащ псыр зынэмысыну лъагапIэу щыт къуршылъэ хэгъуэгухэм. АбыкIэ къагъэщхьэпащ я кхъухьлъатэ хэри. Псыдзэм ирихужьа нартхэм апхуэдэ иужьрей екIуэлIапIэ яхуэхъуат Кавказ Иныр, иджы Тырку щIыналъэм хиубыдэ Кавказ ЦIыкIур, Европэм и Пиреней бгыхэр, Азием и Гималайхэр. Псыр жэщIыжа нэужь тафэхэм къехыжахэм ящыщщ Европэм щыпсэу, дуней псом «кавкасиону» щащIэ цIыху хужьхэр,
Апхуэдэу щыщыткIэ, Кавказ щIыдэлъху лъэпкъхэри, Пиренейхэм щыпсэу баскхэри зи бын дыдэр нартхэращ. Абы щыхьэт къытохъуэ адыгэхэр зыхыхьэ щIыдэлъху кавказ лъэпкъхэм яIурылъ бзэхэри, Пиренейхэр екIуэлIапIэ зыщIа нартхэм къатекIыжа баскхэм я эускара бзэри индо-европей бзэхэм зэрахэмыхьэр, ахэр лъэныкъуэкIэ хэгъэщхьэхукIауэ зэрыщытыр. Ар иджырей лингвистикэм щIигъэбыдагъэххэ Iуэхущ. Нартхэр я зэманым цивилизацэ ину зэрызэрубыдам, абыхэм ди ЩIыгу планетэр зэрыщыту «я IэмыщIэ зэрилъам» хуэгъэза си гупсысэхэм нэхъри лъабжьэ яIэ хъуащ Къаныкъуэ Анфисэ тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIа «Хьэтхэр» романым седжа нэужь.
Иджы сэ гъазэ имыIэу си фIэщ мэхъу Пасэрей Мысырым (Древний Египет) и щимэхэр (пирамидэхэр) нартхэм я технологие къызэрымыкIуэхэмкIэ зэраухуар, Менес ипэкIэ тета мысыр фирхьэунхэр псори нарту зэрыщытар. Нартхэращ цIыху цIыкIухэр вагъуэхэмкIэ я гъуэгухэр къагъуэту, хашу, гъатхэр къыщихьэр къащIэу, вакIуэ щыдэкI хъунур белджылы ящIу езыгъэсар. Хьэнэмрэ КIушымрэ (Ищхъэрэ, Ипщэ Мысыр) я тхыдэм дриплъэнщ, я япэрей тхьэпэлъытэ пащтыхьхэм, фирхьэунхэм я цIэхэм я IукIэм дыщIэдэIунщи, езы мысырхэр зэрыпсалъэу щыта пасэреибзэкIэ а тхьэхэм я цIэу щытар Техутэщ, Уэзырщ, Хьэрущ, Хьэнапэщ.
Пасэрей мысырхэм я тхьэхэу Тот нартхэм я ТIотIрэшым, Озирисыр Уэзырмэсым поджэж. Мысыр фирхьэунхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ – щэ? Птах, Шу, Сет, Гор, Кахеджет, Хеопс, Хатшепсут – ахэр псори пасэрей адыгэцIэу тхьэкIумэм къоIуэ. Ахэр псори нарт щылъхущ, нарт Iыхьлыщ. Нартхэр мыхъуамэ Пасэрей Мысырри, Пасэрей Индиери, Пасэрей Чынтыри, кавказ щIыдэлъху лъэпкъхэри, испан баскхэри щыIэнутэкъым. ЛъыкIэ, генкIэ нэхъ зэгъунэгъухэращ мыбдежым зи гугъу сщIыр. Европей цIыхухэри, испан баскхэр щымыхъукIэ, Марийм (Кавказым) икIащ. Ди хэкур кавказ лъэпкъхэри, шумерхэри, хьэтхэри къызытекIыжахэр зрапIыкIа гущэщ Урыку шумер къалэм ипщ Гъэл Хьэмыщэ Адыгэхэм яхуэдэу нартхэм къатекIа лъэпкъхэм ящыщщ шумерхэри, хьэтхэри. Адыгэхэр Кавказым къинамэ, шумерхэмрэ хьэтхэмрэ абы ехри, япэрейхэр къыщыхутащ ТIуащIэм (Тигррэ Евфратрэ якум – иджы Иракыр здисым), етIуанэхэр – иджы Тыркум и Анатолие щIыналъэм.
Бзэдж (лингвист) зыбжанэм (Форрер З., Ларош Э., Дунаевская М., Камменхубер А. сымэ) белджылы зэращIамкIэ, хьэтыбзэм и грамматикэ зэхэлъыкIэр хуабжьу ещхьщ ищхъэрэ-къухьэпIэ кавказыбзэхэм – абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ яйхэм. Мыбдежым хэгъэщхьэхукIауэ сыкъытеувыIэну сыхуейт Урыку (Урук) шумер къалэм и пщы Гъэл Хьэмыщэ (Гильгамеш). ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, нартхэм (атлантхэм) я ген иджыри хэтт а лIы къызэ рымыкIуэм. Къаныкъуэ Анфисэ къызэрызжиIамкIэ (ар мы темэм илъэс бжыгъэкIэ пылъащи, ещIэ), ТIууащIэм (Тигррэ Евфратрэ якум) абы хуэдэу лIышхуэ дэмысауэ ягъэхъыбарт. Абы и лIыгъэмрэ и къарумрэ щызэлъащIысат а хэгъуэгум. Аслъэныр игъэсауэ, джэдум хуэдэу кърихьэкIт. Абы пэджэжу икIи къыдэкIуэу жысIэнщи, теософ цIэрыIуэ Блаватская Еленэ зэритхымкIэ, атлантхэм (нартхэм – Д, Хь.) аслъэнхэмрэ къаплъэнхэмрэ яIэт унагъуэ джэдум хуэдэу.
Гъэл Хьэмыщэ яхуэфэщэжт къызытекIыжа лIыхъужь щхьэмыгъазэхэу Лъэпщ, Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Бэтрэз, Уэзырмэс, Ашэмэз, и зэхэщIыкIкIэ япэджэжт акъылышхуэ зыбгъэдэлъа нарт бзылъхугъэ гъэсакIуэхэу, егъэджакIуэхэу икIи унэтIакIуэхэу Уэрсэрыжьрэ Сэтэней Гуащэрэ, нэгъуэщIхэм.
Феджэ атлантхэм ятеухуа тхылъхэми, «Нарт» эпосми. Абыхэм куэд къыфхуаIуэтэнущ, куэдым фыхуагъэсэнущ, атлантхэмрэ нартхэмрэ зы лъэпкъыу зэрыщытри фи фIэщ ящIынущ. Фи щIэныгъэхэм хагъэхъуэнущ, фи лъэкIыныгъэхэм зрагъэузэщIынущ. Хэт ищIэрэ, нартхэм я ген дэ тщыщ гуэрхэм иджыри къытхэнауэ тхэлъынкIэ мэхъу…
Ар къызэщыужынкIэ е къэушыжынкIэ зыри хуэIуакъым. Сэри мы хъыбархэр си гум зэрыхыхьам, абыхэм фIэщхъуныгъэрэ гушхуэныгъэрэ къызэрысхалъхьам и щыхьэту си «ЗекIуэлI Хьэмыщэ» псевдонимыр «Гъэл ХьэмыщэкIэ» зэсхъуэкIыжын си мурадщ. Тхьэм жиIэмэ, а лIы хъарзынэм и фэеплъу дяпэкIэ сы-Гъэл Хьэмыщэнущ.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.