Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ТекIуэныгъэ Иныр къэгъэгъунэгъуным хуэлэжьащ тылым псэемыблэжу Iутахэр.
Апхуэдэ зы нэрыбгэщ республикэми адэжкIи къыщацIыхуу щыта, ноби-ныжэби зи цIэр цIыхубэм я бзэгупэм телъ, Хьэбэз къуажэм дэса АРЭШЫКЪУЭ Къанщауэ Мыр-зэбэч и къуэр.
Езыр зауэ дыдэм Iумытами, и къуажэгъухэр, цIыхубэр ТекIуэныгъэм хуишэным, фIэщхъуныгъэ быдэр ядиIыгъыным хьэрэмыгъэншэу пылъащ ар икIи къехъулIащ. Абы и щыхьэтщ къэралым къыхуигъэфэща щIыхьыцIэхэмрэ нагъыщэхэмрэ: Октябрь революцэм, ГуащIэдэкI Нып Плъыжьым я орденхэм я кавалерт, «Знак Почёта»-м и зехьакIуэт, «За трудовую доблесть» медалыр, нэгъуэщI куэди къыхуагъэфэщащ илъэс зэхуэмыдэхэм.
Арэшыкъуэ Къанщауэ илъэс 15-т зэрыхъуар, Къэрэшей-Черкесыр нэмыцэ фашистхэм къыIэщIахыжу, лэжьэн щыщIидза 1943 гъэм. Къанщауэ дунейм тетыхун щымыгъупщэу, и нэгум щIэту къекIуэкIащ ди лъахэм бийр щита гъэхэр. Апщыгъуэм щегъэжьауэ ар ТекIуэныгъэм хуэпэбгъащ, и къуажэгъухэм ящIыгъуу Дзэ Плъыжьым дэIэпыкъуныгъэхэр хузэхуихьэсу, къигъэгъерэту. Апхуэдэ зэхуэхьэсыгъуэ гуэрым ахъшэу къекIуэлIамкIэ зауэм тегъэпсыхьа кхъухьлъатэ, ерыскъыхэкI, Сталинград и хъумакIуэхэр зыхуэныкъуэ щыгъын, хьэпшып зэхуэмыдэхэр къащэхуауэ щытащ.
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.