Анэхэм, щхьэгъусэхэм — гулъытэ!

Урысей Федерацэм и къалэ ЛIыхъужьу, зауэ щIыхьым и къалэу щыIэхэм я къэралзэпх Союзым и полномочнэ лIыкIуэ Васильевэ Наталье Къэрэшей-Черкесым щыщу СВО-м щыIэхэм я анэхэм, зи щхьэгъусэхэр зэуапIэм Iутхэм мычэму зэрадэIэпыкъу зэпытым папщIэ, мэлыжьыхьым (апрелым) и 2-м «За содействие СВО», «За помощь фронту», «Мать бойца» бгъэхэIу нагъыщэхэр яIэригъэхьэжащ. А Iуэхугъуэр къызэрагъэпэщащ граждан бгъэдыхьэкIэ щыпкъэ зиIэ, СВО-м хэтхэм ядэIэпыкъу икIи жылагъуэ Iуэхухэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщI ди хэкуэгъу бзылъхугъэхэр ягъэгушхуэн мурадкIэ.

— Сэ зауэ операцэ хэхам сриветеранщ, си контрактыр иухауэ, иджыпсту къулыкъу сщIэкъым, ауэ жылагъуэ Iуэхухэм сыхэтщ. Космонавт Горбатко Виктор зэгуэр къысхуищIауэ щыта пщэрылъым и фIыгъэкIэ, Къэрэшей-Черкесым щыщу СВО-м зи гуащIэ хэзылъхьэ бзылъхугъэхэм яхуэфащэ гулъытэр ядгъэгъуэтыну дыхуейуэ фи республикэм дыкъеблэгъащ. Нобэ Украинэм щекIуэкI зауэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэт ди щIалэхэм IуэхуфI яхуэгъэкIуэтэнымкIэ зи гуащIэрэ зэманрэ щымысхьыжу лажьэ нэрыбгэхэр, волонтерхэр къыхэдмыгъэщу къэдгъэнэну екIукъым, апхуэдэхэм яхуэмыфащэ щыIэкъым, — жиIащ полномочнэ лIыкIуэм. Воронеж областым щыIэ «Урысейм и офицерхэр» жылагъуэ организацэм хэт, псапащIэ Макушинэ Наталье абы и псалъэхэм пищэу жиIащ IуэхуфI зылэжьу гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэм игъуэу зэралъэмыIэсыфыр ягу къызэреуэр, апхуэдэхэр нэхъыбэрэ ягъэгушхуэн мурадыр яIэу ди хэгъуэгум къызэрыкIуар.

Нагъыщэ зэхуэмыдэхэмкIэ зи цIэ къраIуа псапащIэхэм ящыщщ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, «Зыуэ щыт Урысей» партым и «Бзылъхугъэ зэщIэхъееныгъэ» проектым и хэгъуэгу координатор Къардэн Фатимэ, КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министрым и къуэдзэ Хубиевэ Фатимэ, промышленностымрэ энергетикэмрэ и министрым и япэ къуэдзэ Эркенов Рустам, парт ухуэныгъэм и къудамэм и унафэщI, Черкесск къалэ Думэм и депутат Дзугаев Альберт сымэ. СВО-м хэт щIалиплIым я анэ Будуновэ Урисэт, зи къуэр зэуапIэм икIуэда Арэ Фатимэ, волонтеру, молодогвардейцу щыта, нобэ СВО-м къулыкъу щызыщIэ щIалэм и анэ Семеновэ Светланэ, волонтер Журавлевэ Верэ хуэдэ гумызагъэхэми гулъытэ хуащIащ. Я IуэхущIафэ дахэхэр къыхагъэщащ водитель Абрэджыкъуэ Артуррэ хыхьэхэкIырылажьэ Гогуев Борисрэ.

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *