Черкесск къалэм дэт Сурэт галереем «История Победы» гъэлъэгъуэныгъэр утыку кърахьащ. Сурэтгъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэпэщыныр Урысейм и Банкым и жэрдэмщ, ТекIуэныгъэ Иныр гъэлъэпIэным хуищI хэлъхьэныгъэщ.
Галереем и хьэщIэхэм мы Iуэхугъуэм ипкъ иту Iэмал яIащ Хэку зауэшхуэм и къэхъукъащIэ купщIафIэхэм, лIыхъужьхэм ятеухуауэ къыдагъэкIа фэеплъ гъущI ахъшэхэм щыгъуазэ зыхуащIыныр.
Апхуэдэу, зауэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэмрэ ТекIуэныгъэр къэзылъэща совет цIыхухэмрэ яшэча куэд гъущI ахъшэ зэмылIэужьыгъуэхэм я теплъэмкIэ къаIуэтэж. Фэеплъ ахъшэхэм ящыщу япэрейр 1965 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ. ТекIуэныгъэр къызэралъэщрэ илъэс 20 зэрырикъу махуэщIым траухуауи щытащ ар икIи и бжыгъэр мелуан 60 ирикъуу къыдагъэкIащ. А зэманым а гъущI ахъшэр Совет Союзым щыщ унагъуэ къэс илъауэ къыщIэкIынщ.
Нобэ утыку кърахьэ экспозицэм Урысейм и Банкым къыдигъэкIауэ щыта гъущI ахъшэ лIэужьыгъуэ 30 зэбгъэлъагъуфынущ. Абыхэм я теплъэр фэеплъ зыхуэхъуа Iуэхугъуэхэм ящыщщ Москва къалэр зэрахъумар, Курскэ дугам щекIуэкIа зэхэуэхэр, Сталинград зэхэуэр, Ленинград зэрыта блокадэр, нэгъуэщIхэри.
КъинэмыщIауэ, гъэлъэгъуэныгъэм щыплъагъунут лIыхъужь хъыбар куэд зытеIукIа зауэ техникэр, фэеплъ зэмылIэужьыгъуэхэр. «Хэку зауэшхуэм и тхыдэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыхуэтщIыну, ТекIуэныгъэр къэзылъэща цIыхухэм зэрахьа лIыгъэм пщIэ зэрыхуэтщIыр къэдгъэлъэгъуэну Iэмал диIэщ нобэ. Ар я фIыщIэщ IэпщIэлъапщIэмедальерхэми. Гъэлъэгъуэныгъэм и фIыщIэкIэ, абыхэм я Iэзагъым IупщI дыдэу щыгъуазэ зыхуэтщIыфынущ», – жиIащ Урысейм и Банкым Къэрэшей-Черкесым щиIэ къудамэм и унафэщI Мещеряков Дмитрий.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.