Газетым и щIэджыкIакIуэхэм я нэIуасэщ АДЫШЭС Азэмэт. Ар егъэджакIуэ къудейкъым, атIэ лъэныкъуэ куэдкIэ узэщIыныгъэрэ гупсысэ гъэтIысарэ зыбгъэдэлъ лъэпкъыпсэщ. Мы щIалэр гъущIым, фэм, пхъэм хуабжьу хуэIэкIуэлъакIуэщ, сабийхэри цIыхубэ IэщIагъэхэм хуегъасэ. ЩIалэ цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэн дыдэу авиамоделированэ, робототехникэ лъэныкъуэхэмкIэ ядолажьэ… Иджыри куэду къеббжэкIыфынущ хьэбэздэс щIалэм илэжь IуэхущIафэу. ЖысIэнщи, Азэмэт зытелажьэ Iуэхухэм теухуауэ илъэс блэкIа къудейм тхыгъищ адыгэ газетым къытехуащ…

Ауэ нобэ тегъэщIапIэ тщIыну дыхуейщ Азэмэт иужьрей и IэрыкI гъэщIэгъуэным. Ар адыгэ лъэпкъым и бзэр хъумэным, шэрыуэу гъэлэжьэным хуэунэтIа, «Бжыгъэрыгъажэ» зыфIища Iэмэпсымэ телъыджащэращ. Бзэ щIэныгъэлIхэм къанэмыщIауэ, бзэр хъумэным иропIейтей егъэджакIуэхэри, журналистхэри, тхакIуэхэри. Азэмэт хуэдэ щIалэ IэпщIэлъапщIэхэри абыхэм ящыщ зыщ.
— ЕджапIэ программэм адыгэбзэм хухаха сыхьэт бжыгъэр хагъахъуэ закъуэкIэ, бзэр тхуэхъумэнукъым, ар си фIэщ мэхъу. Мы Iуэхур хадэм деж Iэмэпсымэр къызэрыбгъэсэбэпым еплъыт хъунущ. Абы уримылажьэмэ, Iуэхур кIуэтэнукъым. Ди бзэри ещхьщ апхуэдэ Iэмэпсымэм, ар дгъэлэжьэн, тIурылъын, къэдгъэсэбэпын хуейщ, зыужьыныгъэ игъуэтыным, зихъумэжыным папщIэ. А лъэныкъуэмкIэ хуабжьу си щхьэр етауэ, абы си гупсысэр хэпщIауэ къыздокIуэкI. Си щхьэкIэ къэсщтэнщи, сыщыпсалъэкIэ, бжыгъэхэр урысыбзэкIэ къызэрыхэзгъыхьэм гу лъыстэт, ахэр схузэдзэкIтэкъым, щIэх щIэхыу къызэрызмыгъэсэбэпым къыхэкIыу. Апхуэдэт махуэхэм, мазэхэм я фIэщыгъэцIэхэри. Ахэр адыгэбзэкIэ згъэлажьэтэкъыми, щIэх сIэщIэхужт, — ирешажьэ и псалъэр Адышэсым.
Апхуэдэу гупсысэхэм кърихуэкIыурэ, Азэмэт и IэпщIэлъапщIагъри и гуращэри зы ищIащ. ЗыхуэкIуар сытыт — уи Iэм тыншу IэщIэлъу, къепхьэкIынкIэ псынщIэу, бжыгъэхэмрэ абыхэм я фIэщыгъэцIэхэмрэ зыуэ зытеплъагъуэ Iэмэпсымэ къэгупсысынрат. ИкIи, и гупсысэхэр къызэригъэлъэгъуэну Iэмалым Азэмэт хуэкIуащ. Ахэр япэ щIыкIэ тхылъымпIэм тритхащ, мызэ-мытIэу зэрихъуэкIыжащ, тритхыкIыжащ. Бжыгъэхэмрэ абыхэм я жыIэкIэхэмрэ зэгъэуIуауэ, сабийм джэгукIэ Iэмалу бгъэдэплъхьэфынум хуэунэтIат зыпэрыува лэжьыгъэр.
Мазэ текIри, къигъэщIащ «бжыгъэрыгъажэ» зыфIища Iэмэпсымэ къызэрымыкIуэр. НобэкIэ абы ебгъэщхьи, еплъыт хъуни щыIэкъым. Ди пащхьэ илъ, пхъэпIащIэм къыхэщIыкIа зэпэплIимэ Iэмэпсымэ цIыкIум и мыхьэнэмрэ и техническэ лъэныкъуэхэмрэ къытхутепсэлъыхьащ Адышэсыр: — Бзэм елэжьхэм щыуагъэ хагъуэтэнуми сщIэкъым, ауэ мыбы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр мыращ: япэрей сатырыр — минхэр, етIуанэр — щэ бжыгъэхэр, ещанэр — пщIы, еплIанэр — зым къыщыщIэдзауэ пщIым нэсщ. Куэбжэм ирагъэлъадэ лъэрыгъажэм ещхьу, ахэр зэщхьэщокI, «щхьэгъубжэ» цIыкIум бжыгъэр къищу, адреймкIэ абы укъызэреджэнур тету. А лъэрыгъажэм и щIыкIэм зэрещхьыр, бжыгъэхэм ар зэрепхар къыхэслъытэри, «бжыгъэрыгъажэ» фIэсщауэ аращ.
АдыгэбзэмкIэ тхьэмахуэм и махуэцIэхэр, мазэхэр къыщыгъэлъэгъуащ мыбдежми: щIышылэ, мазае… апхуэдэурэ макIуэри, езыхэр зэрызэкIэлъыкIуэм нэмыщIу, плъыфэхэмкIэ сабийхэм къазэрыгурыIуэнум хуэдэуи гъэпсащ. Псалъэм папщIэ, гъэмахуэ мазэхэр удзыфэу къэхьащ, бжьыхьэр гъуэжьыфэщ … Апхуэдэу, мазэхэм я фIэщыгъэцIэхэр плъыфэхэмкIи сабийм игу ириубыдэфынущ. МыдэкIэ пхъэ «къэзыжыхьхэм» ит бжыгъэхэмрэ я жыIэкIэхэмрэ сабийм сатыр къэс зэтригъэкIуэтурэ, иригъэжэкIыурэ бжыгъэхэр зэпигъэувэфынущ.
ДжэгукIэ зэхуэмыдэхэри къыхуэбгупсысыфынущ, икIи сабийр абы дебгъэхьэхыурэ къабзэу бжэфу зригъэсэфынущ, ипэкIэ зи гугъу тщIа фIэщыгъэцIэхэри тыншу игу ириубыдэфынущ, — къыпещэ ди псэлъэгъум. ДызэреплъымкIэ, бжыгъэрыгъажэм иджыри лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зиукъуэдиифынущ икIи зиубгъуфынущ. Азэмэт и гугъу къытхуещI абы къыхигъэхьэфыну, зэригъэбэгъуэфыну Iэмалхэми. ИпэжыпIэкIэ, щIалэм къигупсыса Iэмэпсымэр ящхьэпэнущ сабийхэми балигъхэми — унагъуэ къэс илъынуми, дерсхэм деж егъэджакIуэм къигъэсэбэпынуми. «Бжыгъэрыгъажэр» цIыхухэм ябгъэдилъхьэным ипэкIэ, Азэмэт иджыри Iуэхугъуэ куэд къыпэщылъщ.
Ар епхащ юридическэ лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэм — Iэмэпсымэр езым зэриIэрыкIымкIэ, апхуэдэ зыми зэримыщIамкIэ «патент»-р къыдэхыныр. ИджыкIэ «бжыгъэрыгъажэр» бжэщхьэIум тет къудейщ, ар абы щхьэдэхыу, цIыхум янэсыным, сабийхэм яIэщIэгъэхьэным папщIэ гъуэгушхуэ къыпэщылъщ. Ауэ, ди гугъэщ Азэмэт зи ужь ихьа лэжьыгъэр зэлъэщIигъэхьэу, ди лъэпкъым, ди щIэблэм тхуэмахуэну мы Iэмэпсымэр икIэщIыпIэкIэ къытIэрыхьэну. Адышэсым и гугъапIэщ республикэми, гъунэгъу хэгъуэгухэми, адыгэ зыщыпсэу щIыналъэхэми бжыгъэрыгъажэр янигъэсыну, лъэпкъым абыкIэ сэбэп къыхуихьыну щIохъуэпс. КъинэмыщIауэ, бжыгъэрыгъажэр хуэунэтIащ ди лъэпкъым хуэдэу бзэр хъумэным тегузэвыхь лъэпкъхэми — я бзэкIэ зэрахъуэкIыжмэ, ар абыхэми къагъэсэбэпыфынущ. — Зи бзэр зыхъумэжыну хуей лъэпкъымкIэ, сыт хуэдэ Iэмалри сэбэпщ.
«Бжыгъэрыгъажэри» апхуэдэ зы Iэмалщ, зы Iэмэпсымэщ. Тхылъ щыщымыIами, дерсхэр щемыкIуэкIами, бзэр лажьэти, нэхъ дахэжуи ди дежи къынахьэсыфащ. НобэкIэ къэдгупсысын къытхудохуэ ар зэрытхъумэн Iэмалхэмрэ лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмрэ, — къыщIегъуж Адышэсым. Ди гуапэщ, лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэунэтIа гупсысэ тэмэм къызыпкърыкI, Азэмэт хуэдэ лъэпкъыпсэхэр къызэрытхэтым. Лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ зэрыдгъэкIуэтэнум дыхущIэкъунымкIэ ар щапхъэ ирокъу!
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.