«Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…»

«ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ» жи адыгэм. Мы псалъэхэр нобэрей гъащIэм зэрекIум шэч къытетхьэну дыпылъмэ, ар къытхуэзыгъэнам пщIэ хуэдмыщIу къокI. Хъарзынэ хъунт щIэныгъэм и къэухьым хэхауэ мардэрэ щапхъэрэ щIимыIэр зэгуэр зыгуэрым къыдгуригъэIуэфамэ…

Уеджэныр, уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэныр фIы дыдэщ. Аракъэ-тIэ жылагъуэм ифI ирызепхуэну IэнатIэкIэ укъызэзыгъэпэщыр, уи щIакхъуэ Iыхьэ къозыгъэлэжьыр. Еджэным теухуауэ, иджыри зэIумыбзу щыIэщ нэгъуэщI зы лъэныкъуи. Ар ищхьэкIэ зи гугъу сщIа пасэрей жыIэгъуэм пэувыну хьэзыр цIыхубэ гъуазджэращ, абы ирилажьэхэм Тхьэм и тыгъэу яIэ щIэныгъэращ.

Апхуэдэ зыщ куэд щIауэ щIэджыкIакIуэхэм нэIуасэ фхуэсщIыну сызыхуей Куэбл Артур Алий и къуэр. Мы щIалэм гъуазджэр и IэщIагъэ нэхъыщхьэкъым, ауэ ар сурэтыщI еджагъэшхуэхэм я кIэ къимынэу матхэ.

Куэбл Артур 1975 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 3-м Хъумэрэ къуажэм къыщыхъуащ. ЕджапIэ нэужьым щIыхьащ Черкесск пщафIэхэр щагъэхьэзыру дэт, ерыскъы индустриемкIэ, туризмэмрэ сервисымрэкIэ колледжым.

УзэрыцIыкIурэ пщIэуэ узэсар гъащIэ гъуэмылэ щыпхуэхъуж къохъу, зэбгъэгъуэта IэщIагъэр нэгъуэщIу щытми. Зым и пщэм бжьыр дэлъу и гъащIэ псор ехь, нэгъуэщIым — зытеджалэр и былымщ. НатIэм итхар Тхьэ Iэмыру щытщи, абы цIыху цIыкIур зыкIи хэщIыхьакъым. Аддэ хэти и гуащIэ еплъу, лъэбакъуэ ичмэ нэхъыфIщ, хэлъ сэнаущым махуэ къэс зыкъызэкъуригъэхрэ абыкIэ и Iуэхур дигъэкIыу.

Артури апхуэдэущ зэрекIуэкIыр. Абы и сурэтхэмкIэ цIыхухэм я гукъыдэжыр къиIэтын хузэфIокI, хэт и гухэщIыр, хэт и махуаер ящигъэгъупщэжу. 1993-1995 гъэхэм сурэтIыщIым и къулыкъур щрихьэкIащ Ярославль къалэм и гъущIгъуэгу дзэхэм хэту.

И нэхъыжьхэмкIэ дгъэзэнщи, и адэр — Алий, колхозымрэ мывэ къыщIэхыпIэхэмрэ и гуащIэ щигъэтIылъащ. И анэр — Разитэ, дапIэ фабрикэм щылэжьащ. Къыдалъхуауэ зы шыпхъу иIэщ Залинэ и цIэу. Езы Артури унагъуэ быныбэ хъуащ — пхъуитхурэ зы къуэрэ къыщIэхъуащ.

Иджыри еджапIэм щIэс щIыкIэ тхэн езыгъэжьа Артур, и нэгу къыщIигъыхьэт адыгэм и блэкIа жыжьэм узыхь теплъэгъуэхэр. Къулыкъум къритхыкIыурэ унагъуэм письмо къыщигъакIуэкIэ, тхылъымпIэ къуапэм Iэмал имыIэу питхэт и гущIэм щигъафIэ образ гъэщIэгъуэнхэр. «КъыфIэнамэ си нэм сурэт гуэр, ирехъу ар тхыдэ кинохэм е уэрамым деж къыщыслъэгъуауэ, унэм сызэрынэсыжу стхын изогъажьэ. Си еплъыкIэм елъытауэ, нэхъ щIэщыгъуэ зэрыхъунум хуэдэу солэжь. А кино дыдэхэми хэт актерхэм адыгэ фащэр ящыгъыущ си нэгу къызэрыщIэзгъыхьэр. Абыхэм я пIэм дядэжьхэр итамэ дауэ хъуну пIэрэт жызагъэIэ зэзэмызэ.

Шэч хэлъкъым, нэгъабэ стхахэм нэхърэ иджырей си лэжьыгъэхэр нэхъыфIукъызэрызэхъулIэм. СелIалIэкъым си хъэтIыр псыхьыным. Къэрэндащыр зэрыщIэкIым хуэдэу макIуэ», — жиIащ Куэбл Артур къигъэщI теплъэгъуэхэр къыздрихым теухуауэ.

Артур и лэжьыгъэхэм щыщIагъэ гуэр хэлъми зэуэ къыпхудригъэуеинущ, къыдэхъуар къыдэмыхъуауи жиIэнущ, апхуэдэу зыхуэткIиижщи, хулъэкIым ирикъейуэ зыуигъэлъагъунукъым. И фIэщу жеIэ итхыу хъуар игу зэрыримыхьыр, IэпэIэсэхэм зэрызахимыбжэр. Ауэ, итIани къыгурымыIуэу къанэкъым и творчествэмкIэ къихьэхум и куэдагъыр кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр, гулъытэу къыхуащIыр зэрыхуэмыбзыщIыфынур.

Куэблыр и лэжьыгъэхэмкIэ ядогуашэ Телеграмым къыщызэIуиха каналым зыкъыпызыщIахэм. Япэ щIыкIэ, Инстаграмым щигъэлажьэу щыта напэкIуэцIрат (нобэ ар Урысейм къыщагъэсэбэпыну хуиткъым) къыздрилъхьэу щытар адыгэм и лIыхъужьхэр, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ я шыфэлIыфэмрэ къэзыгъэлъагъуэ сурэт гухэхъуэхэр.

Сыту гурыхьу зэхэлъадыгэм и дунейр, дауи абы фIылъагъуныгъэ лей хууимыIэн, уи бзэмкIэ тха тхыдэ повестхэм уеджэ щыхъукIэ. Артур и лэжьыгъэм къызэрыдэхуэу, е и дэсыгъуэ махуэхэр къызэрысу, тхылъ зэреджэным пылъщ.

Зэджэнуи къищтэр ди лъэпкъым и щхьэм кърикIуа мыгъуагъэхэм ятеухуауэ адыгэ тхакIуэхэм къыдагъэкIахэращ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Куэблым шэч къытрихьэкъым, МэшбащIэ Исхьэкъ и «Жернова», Мэлбахъуэ Елбэрд и «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт» тхыдэ романхэм кино бэлыхь къазэрыхэкIыфынум. Абы хэт персонажхэр хуабжьу игу дыхьащи, къытригъэзэжурэ, тхылъхэм хэ-блэ хуэдизрэ еджагъэххэщ.

Ди лъэпкъым и тхыдэжьым теухуа кинохэмрэ тхылъхэмрэ зыщигъэгъуэза нэужьщ Артур адыгэ зауэлIхэр итхыну щеувалIэр. Арауи егъэув лIыщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм халъхуа лIыхъужьхэм я сэфэтыр дахэу тхылъымпIэм деж къыщIигъэлъэгъуэфри. Езым къызэрилъытэмкIэ, сурэтыр къехъулIэн-къемыхъулIэныр куэдкIэ елъытащ игурэ и щхьэрэ зэтелъу, зыри зэран къыхуэмыхъуу зэрылажьэм.

Куэбл Артур иужьрейхэм ищIыну фIэфIщ и сабий нэхъыщIэхэм ялэ хъун теплъэгъуэхэр. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым ахэр совет зэманым цIэрыIуэ щыхъуа мультфильмхэм къыхихыурэ, адыгэ фащэкIэ зэрихуапэр. «ЦIыкIухэм хуэмурэ язогъащIэ ди лъэпкъым щыгъыну зэрихьэр. Мыбы ипэIуэ, мультфильмхэм хэт Iэджи яхуэстхащ си быным, ауэ мызыгъуэгум яхуэзгъэхьэзырам адыгэ фащэр щыстIэгъащи, гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ къызоупщI цейр зэралэн хуей плъыфэхэм теухуауэ.

Гур егъэуз адыгэр щIыпIэ-щIыпIэу зэбгрыдзауэ зэрыпсэум. Хуабжьу гукъутэщ уи лъэпкъым и нэхъыбапIэр хамэщI исурэ нэгъуэщIхэм яхэшыпсыхьыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. Мис а дызэрыхуа щытыкIэр зэзгъэзэхуэн щыщIэздзэкIэ, адыгэм зрихъумэжу дапщэщи иIа Iэщэ-фащэхэр, къуэш пэлъытэу нобэр къыздэсым къыдэгъуэгурыкIуэ шыр, хьэ парийр, ди бзылъхугъэхэм я Iэдэбыр, дядэжьхэм я утыку ихьэкIэ-итыкIэ нэсыр зыхуэдэр си нэгу къыщIоувэри, сымытхэ хъукъым. Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…» — сурэтыщIым и лэжьыгъэр зэригъэпс щIыкIэм дыщегъэгъуазэ.

Куэбл Артур пщэфIэным хуеджа щхьэкIэ, а IэщIагъэр зэи къигъэсэбэпакъым. Нобэ ар хъумакIуэу щолажьэ Черкесск къалэм дэт кондитер фабрикэхэм ящыщ зым. А IуэхущIапIэм Iутхэри, абы IуэхукIэ къекIуалIэхэри щызэбгрыужыр пщыхьэщхьэращи, сурэт итхыну зэман щигъуэтыр жэщкIэщ. Къапщтэмэ, сурэтыщIхэм я мызакъуэу, жэщ ныкъуэм щыгъуэщ усакIуэхэм я къалэмыр нэхъ щылъащэр.

Дэтхэнэ творческэ цIыхуми хуэдэу, Артури къыхудохуэ зэпыт нэщхъеиныр тхэным къыщытекIуэ, зигъэпсэхуну щыигъуэ махуэхэр. «Адэм и IэщIагъэр къуэм и уагъэщ» псалъэжьыр Куэблым зыгуэркIэ есхьэлIэ хъуну пIэрэ жэуэ сыщыупщIэм, къыщIэкIащ и адэ къуэш Мухьэмэди сурэтыщI къызэрымыкIуэу щытауэ. Хэт ищIэрэ, Куэбл Артур пщафIэу емыджэу, художественно-графическэ факультетыр къыхихамэ и гъащIэр дауэ зэрыхъунур…

Къэрэшей-Черкесым Куэбл Артур сурэтыщI гъуэзэджэу зэриIэм лъэпкъыр ирырегушхуэ. Ар и къалэмым и псэр хилъхьэурэ матхэри, итхамкIэ ди гупсысэр куэдым хуегъажэ, и дэтхэнэрей лIыхъужьри ди гум негъэс…

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *