Дунейм тет лъэпкъыжь псоми хуэдэу адыгэм езым и хабзэ, и дуней еплъыкIэ иIэурэ къекIуэкIащ. Ди адэжьхэм я гупсысэкIэу щытам щыгъуазэ зыхуэпщIыну икъукIэ гъэщIэгъуэнщ. Апхуэдэщ «Гъэрэ щIырэ щызэхэкI» жыхуаIэу щыта махуэщIри. Адыгэхэм пасэ зэманыжьым илъэсыр тIууэ ягуэшт: гъэ, щIы – жэуэ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIыу ялъытэр махуэмрэ жэщымрэ я кIыхьагъыр зэхуэдэ щыхъужрат. Ар иджырей махуэбжымкIэ зытехуэр гъатхэпэм (мартым) и 21- 22 жэщращ. ИлъэсыщIэр къыщихьэр апщыгъуэрауэ ялъытэти, гуфIэгъуэшхуэ иращIэкIт, махуэ бжыгъэкIи ягъэмахуэшхуэт, «мафIащхьэ тыхь» унагъуэ къэс хуащIу, пщэдджыжь нэмэзым псы ежэхым кIуэмэ зыщагъэпскIыу, «Кхъуэ бэгумрэ дыгъужь бэгумрэ зыхамыгъапскIэ щIыкIэ!» жаIэурэ.
ИкIи ТхьэлъэIур ИлъэсыщIэ хъуэхъукIэ ирагъажьэт:
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щIылъэри
зезыгъакIуэ
Тыгъэшхуэр
къызыбгъэдэкI.
ЩымыIэр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи Iэужь.
Псори зыщыгугъыу
Зыми щымыгугъыж,
Къэхъури зэлъэIуу
Зыми емылъэIуж
Ди Тхьэ,
Зы Тхьэ,
Тхьэшхуэ!
Хъуэхъур дибэу,
дыбагъуэу,
Губгъуэу диIэр бэвылъэу,
Лъэуджыджэ тхэмыту,
Iей тхэтыныр
ди жагъуэу,
Ди жагъуэгъухэр
зэгуэпу,
Ди япэ идгъэщ
щымыIэу….
КъыкIэлъыкIуэу, Iэмал имыIэу, бзылъхугъэхэм мафIэм деж мэл кIапэ е нэгъуэщI щэ дагъэ ягъэплъти, абы къыпыткIур мафIэм хагъаткIуэт, жьэрымэ ягъэут. Абы хэту мыпхуэдэ хъуэхъуи жаIэт:

Мы жьэрымэр
Адыгэ унагъуэхэм,
Адыгэ жылагъуэхэм,
Адыгэ Хэкум имыкIыу;
Ху жылэрэ мафIэ
жылэрэ кIуэдыжыху
Лъэпкъ узыншэу
мы щIыгум
дызэхэзекIуэну
Тхьэшхуэу
дыкъэзыгъэщIам жиIэ!
КъинэмыщIауэ, ягъажьэт хъурейуэ щыт дэлэнхэр (хьэлджейхэр). Бзылъхугъэхэм я нэхъыжьым ахэр зэтрилъхьэти, ибзт. Ахэр щибзкIэ хъуэхъуу жиIэт:
Мы хьэлджеищыр
Дыгъэм и плъыфэщ,
дыгъэм и нэзрэ и бзийрэ
псоми къалъысыну
Тхьэшхуэу дыкъэ
зыгъэщIам жиIэ!
ИужькIэ кIапэм е щэм я дагъэр зыхэткIуа мафIэмкIэ Пыпхэ Хъурей пагъанэт. Ар мэкъум къыхэщIыкIа хъурей зыкIэрыщIа баш кIыхьт. ЩыпагъанэкIи хъуэхъу жаIэт:
Нобэ гъэрэ щIырэ зэхокI
Нобэ ИлъэсыщIэ дытохьэ.
Дыгъэм и хуабэрэ и нэхурэ
Нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ къитыну
Тхьэм жиIэ!
МахуэщIыр Iэмал имыIэу Удж къафэмкIэ ягъэдахэт.
ЖыIэпхъэу къыщIэкIынщи, адыгэхэм я илъэсыр мазэ 12 хъут, мазэ къэс зэхуэдизу махуэ 30 илъу. Илъэс къэс къыдидзэ махуи 5-6-р тхьэлъэIу махуэ е нэгъуэщI махуэшхуэ ящIт, нэхъыбэр бжьыхьэ-щIымахуэ зэманым трагъахуэу, абыкIэ Тхьэм и щIыхуэу гъатхэ-гъэмахуэ лэжьэгъуэм къатехуахэр ирапшыныжу.
Ди лъэпкъ набдзэгубдзаплъэм къуажэшхуэ е псыхъуэ къэс цIыху Iущхэр дэст. Ахэр гъэм и зэхъуэкIыгъуэхэм кIэлъыплът: бгы къащхьэщытым, Iуа-щхьэм е я пщIантIэм щыхэса «сыхьэт пкъом» и ны-бжьыр нэхъ кIыхь дыдэ, нэхъ кIэщI дыдэ щыхъухэр зрагъащIэт. АбыкIэ къащIэт дунейм и зэхэкIыгъуэхэр.
Ди лъэпкъым гъэм и зэман зэхэкIыгъуэ псори зытрищIыхьыр Вагъуэбэрат. А Вагъуэбэм и цIэу нобэкIэ нэхъ зытрагъэпсыхьыр «Созвездие Тельца» жыхуаIэращ.
Вагъуэбэр ди Хэкум и къуэкIыпIэ уафэнэзым къыщыкъуэплъыр гъатхэпэм (мартым) махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдиз щыхъужращ – мартым и 21-22 жэщым, адыгэ ИлъэсыщIэр къыщихьэм. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым щегъэжьауэ махуэм и кIыхьагъым хэхъуэу щIедзэж, ар щIыуэпсым къэщIэрэщIэжын зэрыригъэжьэжам и нэщэнэщ.
Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.