Мы гъэм мазаем и 6-м къыдэкІа, зи №8 «Черкес хэку» газетым, «Гъуазджэр зи Іэпэгъуу псэуа» фІэщыгъэцІэм щІэту, Къэзэнокъуэ Хьэсэмбий и тхыгъэ тетащ. Езыр зыщыщ Зеикъуэ къуажэм, и къуажэгъухэм яхуищІ пщІэм и щы-хьэту, ди нэхъыжьыфІыр газетым къыхуотхэ зэпыт, и гукъэкІыж куэдымкІэ къыддогуашэ. Мис, мызыгъуэгуми апхуэдэ зыти, и тхыгъэр триухуащ гулъытэу лъэпкъым хуищІыпхъэр щызу зрамыгъэгъуэта, ауэ зи гуащІэкІэ, зи дуней тетыкІэкІэ апхуэдэр зыхуэфащэу псэуа и къуажэгъу ШЭПАР Мухьэрбий.
Газетыр къыдэкІа нэужь куэд еджащ икІи къыпэджэжащ. Хьэбэз КІэмрыгухэ япхъу, Зеикъуэ Мэкъуауэхэ я нысэ, Киево-Жураки щыпсэу Светэ иджыблагъэ Іуэху ищІри газетым къэкІуащ. Ар къришэжьащ Хьэсэмбий и тхыгъэм къыхуигъэушыжа гукъэкІыжхэм, нэхъыщхьэращи, Мэкъуауэ зэщхьэгъусэхэм я гъащІэ гъуэгум и зы пычыгъуэм зрихьэлІауэ щыта, цІыхугъэшхуэ зыхэлъу ягъэунэхуа Шэпар Мухьэрбий сыт щыгъуи хуищІ фІыщІэм, хуищІ пщІэм теухуа псалъэкІэ къыддэгуашэмэ и гуапэу.
— Псом япэращи, Къэзэнокъуэ Хьэсэмбий фІыщІэ хуэтщІащ унагъуэкІэ, телефонкІи зыпытщІэри депсэлъащ. Илъэс куэд текІыжа нэужьи, Шэпар Мухьэрбий дызэрырихьэлІауэ щытар, ди гъащІэр къызэрекІуэкІар, куэд дыдэ тхыгъэм къытхуигъэушыжри, махуэ псом дрипсэлъащ.
АтІэ, мыращ ар зэрыхъуар. 1977 гъэм, институтыр къэдуха нэужь, апщыгъуэм хабзэр апхуэдэти, распределенэкІэ даунэтІащ Хабаровск крайм. ИгъащІэми дымылъэгъуа, дыздэмыкІуа а щІыпІэ жыжьэм дынэсу кхъухьлъатэм дыкъыщикІам, аэропорт дыдэм къыщытпежьащ Шэпар Мухьэрбий. ДызэрыкІуэнур си пщыжьым хуиІуэхуагъэнт. Ари къыхэзгъэщыну сыхуейт: Москва драмтеатрым иужькІэ Хабаровск дэтыр и уардагърэ и къарукІэ етІуанэт. ИкІи, узэрыгушхуэну, апхуэдэ гъуазджэ ІуэхущІапІэ щэджащэм и унафэщІт ди лъэпкъэгъу щІалэр — Мухьэрбий. Зы нэрыбгэм цІыхугъэ хьэл-щэн дахэ псори хэлъу ущрихьэлІэр загъуэ дыдэщ, ауэ Мухьэрбий цІыхугъэм и фІыгъуэ псори дэплъагъут: гу къабзэт, гущІэгъулыт, щабэт, гуапэт, гъэсэныгъэшхуэ хэлът. Дэ къыдэлъытауэ нэхъыжьт ар фІыуэ. Арами, псэлъэгъуи, чэнджэщэгъуи, ныбжьэгъуи къытхуэхъут. Абы куэдым дытригъэгушхуащ, гъуэгу дытригъыхьащ. Си щхьэгъусэр мэкъумэш хъызмэт щэджащэм и зоотехник нэхъыщхьэу тра гъыхьати, Шэпарыр хуабжьу къыкъуэтащ имыгъэгужьейуэ, цІыхухэм яхыхьэн-яхэкІынымкІэ къечэнджэщу.
КъинэмыщІауэ, театрым сыт хуэдэ спектакль, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ щекІуэкІми, псоми дригъэблагъэт, хуабжьу фІэфІт, уеблэмэ иригушхуэт и лъэпкъэгъухэм. Спектакль нэужьхэми сыт щыгъуи къыщІэупщІэт къызэрытщыхъуам. Къыпщымыхъуну, уигу иримыхьыну щыттэкъым. Лъэщу джэгухэт и артистхэр. Урыс щхьэгъусэ иІащ, Вероникэ и цІэу. Пэжу, Хьэсэмбий и тхыгъэм деж мыбы и ІуэхукІэ тІэкІу зэщхьэщыкІыныгъэ иІэщ, сцІыхукъым щхьэусыгъуэр. Ауэ сэ тынш дыдэу соцІыхуж Мухьэрбий и урыс щхьэгъусэ угъурлыри.
ГъащІэм тхьэмыщкІагъэ ущихуэращ цІыхугъэр нэхъри щызыхэпщІэр. Апхуэдэу дэри къыдэхъулІащ. Илъэсрэ ныкъуэрэ нэхъ мыхъуа ди къуэ цІыкІур къытехуэри дунейм ехыжащ. Лажьи-хьэкъи иІакъым, уеблэмэ дохутырхэми къахуэщІакъым къыщыщІар. Дауэми, къыттепсыха тхьэмыщкІагъэшхуэм и гущІыІужу, сабийм и хьэдэр мыбыкІэ къэтшэжьа зэрыхъунум дигъэпІейтейт, ар гугъут къызэрымыкІуэу. Китай гъунапкъэм Іутмэ, хэгъуэгу бжыгъэ зэпыпчын хуеймэ, къэпшэнур хьэдэмэ… — нэгум къыщІэгъэхьэгъуейщ абы хьэлэбэлыкърэ гугъуехьу пылъыр. Арами, Мухьэрбий икІуэтакъым. А псори къедбжэкІыжынкъым, зы закъуэри ирикъунущ апщыгъуэм Шэпарым къытхуищІар къыбгурыІуэнымкІэ. Бэныр дзэхукІэ (цинк) къэІущІыхьауэ щытын хуейт, ар ашычым дэтыжу. Арыншэу кхъухьлъатэм ирыуагъэхьэнутэкъым. А гъэ жыжьэхэм дзэхур икъукІэ лъапІэт, гъуэтыгъуейт. Шэпар Мухьэрбий нэІуасэрэ — ныбжьэгъурэ-жэрэгъурэкІэ зэфІигъэкІащ Іуэхур, щІакхъуэзешэ машинэр къызэрыукІыхьа цинк тебзэр къытригъэхри, бэныр къаІущІыхьащ абыкІэ. Кхъухьлъатэм дыщынэсами, бэныр, ар зэрыт ашычыр ирыдагъэхьэтэкъым, хьэлъэзешэ пыщІыкІым идмыгъэувэу ядэтэкъым. Абдежми Мухьэрбий адэкІэ-мыдэкІэ псалъэурэ, ди хьэдэр дэ тщІыгъуу кхъухьлъатэм итхьэныр къытхудихащ. Апхуэдэр къы-пхуэзыщІам фІыщІэу хуэмыфащэ щыІэкъыми, ноби — ныжэби Мухьэрбий хуэтщІ фІыщІэр гъунэншэщ.
Езым дрибыным хуэдэу Мухьэрбий къытхущытащ. Ди бынхэми апхуэдэ дыдэт зэрахущытыр. Мыбдежми сигу къокІыж. Тучан гуэрым дишат Мухьэрбий, ди къуэм зыгуэр къыхуимыщэхумэ имыдэу. Ди щІалэ цІыкІу Мусэ мо сату дапхъэ куэдым яхэзэрыхьащи, дгъуэтыжкъым. Ауэрэ тучан кІуэцІым къыщоджэ: «Хэт и сабий кІуэда? Къэдгъуэтыжащи, фыкъакІуэ мыдэ!». Дыжамэ — Мусэ лъакъуэрыгъажэм шэсауэ, педалхэр еІуантІэ-ешантІэри тесщ. Псалъэ къэдлэжьынкІэ дышынэри тІуми (зэщхьэгъусэхэм) зыбледгъэхащ зыри жыдмыІэу. Мухьэрбий пхъуэри сабийр къипхъуэтащ, «дыдейщ» жери. Абдежми Мухьэрбий къацІыхужри, хъуэнцІэн къыхэмыхуэу псори тыншу зэфІэкІащ.
ЗэрысцІыхужымкІэ, Мухьэрбийрэ и щхьэгъусэмрэ япІ щІалэ цІыкІур и мылъхукъуэт. Арами, езым ей дыдэм хуэдэщ зэрыхущытари, зэригъэсари. СоцІыхуж а щІалэр илъэс 18 щыхъуам и адэпэлъыт Мухьэрбий и унагъуэцІэр къищтэну хуейуэ зэражриІар адэ-анэм. Апхуэдэуи ищІауэ жеІэж си щхьэгъусэм.
Ди практикэ пІалъэр иухри къэдгъэзэжащ дэ. Ауэ иужьми илъэс куэдкІэ дызэпсалъэу, телефон зэпыщІэныгъэ зэхудиІэурэ къекІуэкІащ. Ауэрэ, зэманыр кІуэурэ, иджы хуэдэу апщыгъуэм сотовэ телефон Іэмал тыншхэр щыІэтэкъым, дызэпыхужащ. Хьэсэмбий и тхыгъэм дежщ къыздэсцІыхуар Шэпар Мухьэрбий адэкІэ и гъащІэр зэрыхъуар. Ар мыбыкІэ къэкІуэжауэ, мыбдеж дунейм щехыжауэ тцІыхуатэмэ, ныбафэкІэ дыпщами, и хьэдагъэ, и дыуэщІ дыкъэкІуэнут. А зырат дэ абы хуэтщІэжыфынур. Шэпар Мухьэрбий фІыуэ ищІам, псапэу къилэжьам хуэфэщэн тыгъэу жэнэт курыкупсэр Алыхьым унапІэ хуищІауэ Тхьэм жиІэ, — и гукъэкІыжхэр нэпскІэ еух Мэкъуауэ Светэ.
Апхуэдиз илъэс текІыжа нэужь, я нэІуасэфІу щыта адыгэлІым и гукъэкІыж куэд Мэкъуауэхэ я унагъуэм къазэрыхуигъэушыжам газетым и фІыщІэ Іыхьэ хэлъщи, икъукІэ ди гуапэщ сэбэп дызэрыхъуар. Абы къинэмыщІауэ, Шэпар Мухьэрбий адэкІэ и Іуэху зэрыхъуари, и дунейр зэрихъуэжари ямыцІыхуауэ къаригъэцІыхуащ. Мис апхуэдэ къалэнхэр газетым щигъэзащІэкІэ, и гуащІэм цІыхухэр зэрыхуэныкъуэр хьэкъ мэхъу. Ахэр зыжетІа Свети къыпедзэ: «Зэгуэр, зы илъэси дэкІакъым газетыр къыщыщІэзмытхыкІарэ сыщемыджа-рэ. Иужьрей зэманым газетыр нэхъри ефІэкІуауэ, нэхъри купщІафІэ хъуауэ соплъри, ари си гуапэ дыдэщ, нэхъри сыщІеджэн щхьэусыгъуэщ. Си щхьэгъусэм и анэр урысщ, езым адыгэбзэр хуэгъэкъулей дыдэкъым. Арами, газетым итым зэрыщыту сыкърегъаджэ. Мы дызытепсэлъыхьа тхыгъэм сыкъызэрыригъэджар зэкъым».
Дэри Мэкъуауэхэ, Светэ хэхауэ, фІыщІэ худощІ апхуэдэ зэхэщІыкІ зэриІэм, газетым пщІэ къызэрыхуищІым, тетам жэуаплыгъэ хэлъу къызэрыпэджэжам папщІэ.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.