Адыгэ уэрэдыжьхэм — псэщIэ

Ди адэжьхэм къащIэна уэрэдхэр — адыгэ лъэпкъым и тхыдэщ, и бзэщ, и лIыгъэщ, и гъуджэщ… Жагъуэ зэрыхъущи, IуэрыIуатэм хыхьэ уэрэдхэр, макъамэхэр, гъыбзэжьхэр цIыхубэм нэгъэсыным, хэгъэIуэным телажьэр закъуэтIакъуэщ. НобэкIэ апхуэдэ лэжьыгъэр зи пщэ дэзылъхьэм лъэпкъым хуищIэр гъунэншэщ, щIэблэм и къэкIуэнум хуилэжьыр Iуэхушхуэщ.

Адыгэ лъэпкъым и щыгъуэ-щIэж махуэм — (накъыгъэм) и 21-м ехъулIэу хьэгъундыкъуейдэс, бзылъхугъэ лъэпкъыпсэ АСЛЪЭНЫКЪУЭ Лизэ илъэс 15-м щIигъукIэ зэхуихьэса, адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкIа уэрэдыжьхэр зэрыт тхылъ телъыджэ дунейм къытригъыхьащ.

ЖыпIэнурамэ, апхуэдиз илъэскIэ и гум щигъафIэу кърихьэкIа и гурыщIэхэм къежьапIэ щигъуэтари Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыныр здытет Хьэгъундыкъуей Iуащхьэжьращ. Адыгэм и тхыдэм зи цIэр дыщэпскIэ хэзытха Хутэ Михаил 1989 гъэм Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъ мывэр дуней псом щыяпэрейуэ Хьэгъундыкъуей Iуащхьэжьым тригъэувауэ щытащ. Сыныр трагъэбыдыхьауэ, ауэ абы хуэкIуэ дэкIуеипIэхэмрэ убыдыпIэхэмрэ иджыри зэнамыгъэсауэ, Михаил мывэм иригъэплъыну Хутэхэ я пхъурылъху, Аслъэныкъуэ Лизэ Iуащхьэм дришеяуэ жеIэж. Михаил ихъуреягъкIэ илъагъу дунейм зыщимыгъэнщIу апщыгъуэм къыжриIат:

— Лизэ, мы дибгхэм, мы уафэ къащхъуэм, мы псы ежэхым, мы дунейм и дахагъым си нитIымкIэ уезгъэплъащэрэт! Ди адыгэ щIыналъэм и дахагъыр сэ зэрызыхэсщIэр уэзгъэцIыхуащэрэт! — Iуащхьэм укъеплъыхмэ, узыхэплъэ къуажэхэмкIэ игъэлъагъуэурэ Михаил жиIэт. — Адыгэ лъэпкъым щхьэкIэ сымыщIэн щыIэкъым, саукIынурами, адыгэм щхьэкIэ зайзгъэукIынущ. Ауэ, сэ схузэфIэмыкIыну зы гукъеуэ сиIэщ. Ди лъэпкъым къыдекIуэкI уэрэдыжьхэр тхуэхъумэну пIэрэ? Уэ щэнхабзэм урилэжьакIуэщ, си шынэхъыжь Аслъэни уэрэдыжьхэр дахэу жеIэ, сыхуейт ахэр зэхуэпхьэсу, тхылъу къыдэбгъэкIыну. Мыбдежым дэтыну музейм апхуэдэ тхылъыр щIэлъыныр си хъуэпсапIэщ, — Михаил къриубыдылIэу къыжриIамкIэ къыддэгуэшащ бзылъхугъэр.

Абы иужькIэ зэман куэд дэкIыжами, Лизэ и дэлъхум къриIуэтылIа лъэIур зэи игу ихуакъым. Езыр зэры цIыкIурэ адыгэ макъамэхэм, уэрэдыжьхэм, къафэхэм фIылъагъуныгъэ яхуиIэт. И щIалэгъуэм, Налшык къалэм щеджэхукIэ, «Кабардинка» цIыхубэ ансамблым хэтащ, щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм хэлэжьыхьу къэгъуэгурыкIуащ. Лизэ и гуащIэдэкI лэжьыгъэшхуэ щигъэтIылъащ илъэс 20-м щIигъукIэ здэлэжьа Адыгэ театрым. Пенсэм тIысыжа нэужь, уэрэдыжьхэр къэлъыхъуэжыным, макъамэхэр абыхэм щIэуэ хуегъэтхыжыным илъэс бжыгъэкIэ пылъыжащ.

Мы махуэхэм абы утыкум кърихьэ «Адыгэ лъэпкъым и уэрэдхэр» тхылъым уэрэд 250-рэ ихуащ. Тхылъыр Iыхьихыу гуэшащ: «Лъэпкъ IуэрыIуатэм и уэрэдхэр», «Гъыбзэхэр», «Псэм ехуэбылIэхэр», «ЦIыхубэм къадекIуэкI уэрэдхэр», «Щохъужь Хьэлым. Нэмыгъэса макъамэхэр», «Лъэпкъ уэрэдхэр урысыбзэкIэ» жэуэ. Гъыбзэжьхэмрэ лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэна уэрэд хэмрэ гуауэ уагъэу япхырыкIащ Хэкур зэрабгынэм къахуихь гуIэр, гупсысэ нэщхъейр. Псалъэм папщIэ, «Адэжьхэм я фэеплъ», «Гуауэ», «Сэрмахуэ», «ИстамбылакIуэ» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри. Тхылъым иува уэрэдхэм я нэхъыбэр зыхъумари, зытхыжари, абыхэм елэжьыжари Къэрэшей-Черкес Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тэмазэ Лидэщ. «Черкесия» цIыхубэ ансамблым, «Шагъдий» сабий ансамблым ягъэзащIэ уэрэд куэд тхылъым итщ. Сборникым и зы Iыхьэ щхьэхуэм хиубыда уэрэдхэм елэжьари, макъ щIэзылъхьэжари КъэрэшейЧеркес Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, пшынауэ Iэзэ Чырбыж Зулетэщ.

Илъэс зэхуэмыдэхэм Зулетэ зэхуихьэсыжа, пкъым иригъэувэжа, макъамэ зыщIилъхьэжа уэрэдхэр цIыхубэм хуабжьу фIыуэ елъагъу, хьэгъуэ лIыгъуэхэм щыжаIэ, утыку инхэм къыщоIу, адыгэ уэрэджыIэ цIэрыIуэхэм я репертуархэм хэтщ. Мыбдежым жыIэпхъэщ, Зулетэ ипхъу, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэ Чырбыжхэ Беллэ тхылъым ихуа уэрэдхэм я нотэхэр щIэрыщIэу зэритхыжар, тхылъым зэриувэным хуэдэу зэригъэхьэзырар. Абы игуэщIа лэжьыгъэшхуэр къызэрымыкIуэщ икIи хьэлъэщ. Тхылъым и япэ напэхэм Аслъэныкъуэ Лизэ щIэджыкIакIуэхэм захуигъазэу фIыщIэ яхуещI ар гъэхьэзырынымрэ къыдэгъэкIынымрэкIэ чэнджэщэгъурэ щIэгъэкъуэнрэ къыхуэхъуахэм.

Тхылъыр тираж мащIэу къыщыдагъэкIащ Джатэ Хьисэ и типографием. Лизэ къызэрыддэгуэшамкIэ, зэхуихьэса пенсэ ахъшэмкIэ къыдигъэкIыфар экземпляр мащIэ дыдэщ, ауэ ипэкIи мэгугъэ тхылъыр ди къуэш хэгъуэгухэм къанэмыщIауэ, зэрыдунейуэ щыпсэу адыгэхэм янэсыну. Адыгэ уэрэдыжьхэр ди лъэпкъ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Тхыдэри, IуэрыIуатэри, цIыхубэм и гурыгъ-гурыщIэхэри лIыщIыгъуэ куэдкIэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа уэрэдхэм зыщIашащ. Ахэр къыкIэлъыкIуэ щIэблэм нэхьэсыныр къызэрымыкIуэ лэжьыгъэ щхьэпэщ. ИкIи апхуэдэ Iуэхушхуэр зи пщэ изылъхьэжа Лизэ и лэжьыгъэр — «Адыгэ лъэпкъым и уэрэдхэр» тхылъым къызэщIригъэубыда уэрэдыжьхэр къэлъыхъуэжыныр, макъамэхэр щIэуэ егъэтхыжыныр зэрыуасэншэр, дяпэкIи абы сэбэп куэд къызэрыпэкIуэнур шэчыншэщ.

ХЬЭТАЙ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *