Къэрэшей-Черкес Республикэм щекIуэкIа, «Умники и умницы» XIII телевизионнэ гуманитар олимпиадэм и финалым и призёр хъуахэщ адыгэ пщащэ Iущыцэхэр – Хьэбэз къуажэм дэт, Хъупсырокъуэ Е. и цIэр зезыхьэ лицейм и е 10-нэ гуманитар классым и еджакIуэ ТХЬЭКЪУАХЪУЭ Элинэрэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт е 2-нэ курыт еджапIэм и е 10-нэ «БХМ» классым и еджакIуэ АСЛЪЭНХЭ Анжеллэрэ.
ШЭЧ ХЭМЫЛЪУ, адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэн, дызэрыбжьыфIэн гъэлъэгъуэныгъэ лъагэщ пщащэ акъылыфIэхэм къагъэлъэгъуар… Гъатхэпэм (мартым) и 1-м си насып къихьащ мы еджакIуэ цIыкIуитIыр, нэгъуэщI ди лъэпкъэгъу пщащи зыхэта, «Умники и умницы» гуманитар олимпиадэм и финал плIа нэм «ареопаг» — м и тхьэмадэ къалэнхэр згъэзащIэу сыхэтын. ИкIи апщыгъуэм зэуэ гу лъыстат адыгэ пщащэ жыджэритIым: зы упщIэ абдеж щыIуакъым абы и жэуапыр Элинэрэ Анжеллэрэ ятыну щIэлъэIуу я Iэхэр щамыIэта…


Сытым хуэдэу сагъэгушхуат апщыгъуэм, си щхьэр ину сагъэлъагъужат Сызыхэта Iыхьэр теухуауэ щытат урысей тхыдэм и цIыху цIэрыIуэхэм ящыщым — джыназ щэджащэ Донской Дмитрий и гъащIэм. СощIэж апщыгъуэм пщащэ цIыкIуитIми ябгъэдэлъ щIэныгъэм къыпэкIуэу къалъэщауэ щыта медаль, орден бжыгъэр, жэуап пэжхэр яткIэрэ…
Мыпхуэдэ гуманитар олимпиадэм и фIагъыр абы хэт ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм, гупсысэ къэухьым нэхъри зэрыхэхъуэр, цIыху щэджащэхэм къэралым и зэфIэувэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм щIэблэр кууэ зэрыщыгъуазэр, езыхэр зыщыпсэу къэралым и тхыдэм кууэ хащIыкIыу къызэрытэджращ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ хэкупсэ гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ. Адыгэ пщащэхэм я текIуэныгъэр, ябгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр — езыхэм я зэфIэкI лъагэм, я егугъуныгъэм я нагъыщэ закъуэкъым. АтIэ, ар я гъэлъэгъуэныгъэщ а ныбжьыщIэхэм я егъэджакIуэхэм къабгъэдэкI щIэныгъэфIым, ахэр псэемыблэжу щIэблэм зэрыбгъэдалъхьэм. ФIыщIэ ин яхуэфащэщ я егъэджакIуэхэми… Олимпиадэм и Iыхьэр иуха нэужь, пщащэ цIыкIуитIми захуэзгъэзауэ щытащ сызэрагъэгушхуар яжесIэу, сахъуэхъуащ нэхъри нэхъыфIыжу дяпэкIи зыкъагъэлъэгъуэну, текIуэныгъэм сыт щыгъуи хуэпабгъэну. Къыхэзгъэщат адыгэр апхуэдэ щIэблэ гурыхуэмкIэ зэрыгушхуэнур, зэрыиныр, зэрыпагэр.
АтIэ, щIэныгъэращ лъэпкъыр къызэтезыгъэнэнур. Ар хьэкъщ. ИкIи, ди щIэблэм а гупсысэр янэтхьэсыфмэ, дытехьэжащ. Ягъэпэжыжащ мы пщащэхэм лъэпкъыр, здыщеджэ еджапIэхэр, къызыхэкIа унагъуэхэр, я ныбжьэгъухэр зэращыгугъар. Ягуэшхуащ къадэщIахэр. Мыпхуэдэ текIуэныгъэхэм зэпымыууэ къыхэхъуэну, нэхъ лъагапIэжхэм нэсыну дахуохъуахъуэ ди пщащэ гурыхуэ цIыкIуитIым! Тхьэм фызыхуэпабгъэм фылъигъэIэс!
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.