Адыгэ фащэр (черкескэр) лъэпкъым и щыгъын къудейкъым. Ар зыми ебгъапщэ мыхъун мылъкущ, лъэпкъ псом и щэнхабзэ тхыдэщ, лIыщIыгъуэ куэдым я къыпэкIуэныгъэщ. Абы къегъэлъагъуэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм яхуэгъэза щыпкъагъэмрэ ар дуней псом зэрыхузэIухамрэ. Апхуэдэу, адыгэ фащэм ихъумащ и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ. Ар Кавказым ис лъэпкъ куэдым зыщатIэгъа къудейкъым. Ар къэрал фащэ яхуэхъуащ Урысейм и зауэ дзэ пакIэ куэдым. Адыгэ фащэр зауэлI хахуэм и щхьэм пщIэ зэрыхуищIыжым, и шыфэлIыфэм и гъащIэр щIитыну зэрыхьэзырым и нагъыщэщ.
Лермонтов Михаил фIы дыдэу къиIуэтащ фащэм и теплъэм и мызакъуэу, ар зэрыщыгъым къыхуигъэуш гупсысэхэр: «Пэжщ, пщIэ зиIэ а зауэ фащэм и гугъу къезгъажьэмэ, абы зрызогъэщIэгъуэж, лей щIымыгъуу. Щыгъыным къегъэлъагъуэ цIыхум и гупсысэхэр зытет кIуэрабгъур, абы и хьэл-щэнымрэ и гъащIэ пабгъэныгъэхэмрэ. Адыгэ фащэр — щыгъын къудейкъым, ар зезыхьэр зытекI мыхъун образщ. Адыгэ фащэр зыщыгъым абы хуэфащэу зиIыгъыжын, абы и мыхьэнэр имыгъэфаджэу щытын хуейщ. Адыгэхэр я фащэм зэрыхущытымрэ ар зэращыгъымрэ къагъэлъагъуэт ар нэхъапэу икIи нэхъыщхьэу зауэ фащэу зэралъытэр. Нэхъыщхьэр-фащэр цIыхумкIэ тыншу, зэгъыу, хуиту игъэIэбэу щытынрат. Кавказ зауэм и зэманым и хъыбар хэкIыпIэ куэдым, сурэтхэм къызэрагъэлъэгъуэжымкIэ, зауэлI цIэрыIуэхэмрэ дзэ-пашэхэмрэ куэдрэ къакIухьт фочышэхэм яугъуэна, сэшхуэхэм зэхабзыхьа адыгэ фащэ зэхэдыжыхьахэр ящыгъыу, апщыгъуэми Iэщэ лъапIэр, нэхъыфI дыдэу къалъытэр якIэрыщIауэ.
Пащтыхьыдзэм и генерал-майор Сталь Карл адыгэхэм ятеухуа и этнографическэ очеркым зэрыщитхыжымкIэ, адыгэ фащэ чэтхъа ящыгъыу къакIухьыным емыкIу халъагъуэтэкъым бейхэми тхьэмыщкIэхэми. Шу хахуэм и щэнкъым и щыгъынымкIэ зигъэщIэгъуэжыныр, зигъэдэхэныр. Адыгэ фащэм и теплъэм къигъэлъагъуэт ар зыщыгъым и зауэ гъащIэр зэрекIуэкIыр. Ауэ щагъэбгъэлъэгурыщкIэ (галуны и эполеты…) гъэфэрыщIа адыгэ фащэр зыщыгъ ныбжьыщIэм абы фэ къытригъауэкъым. «Гу лъыт тэнщи, — абы епхауэ итхыжт Хъан-Джэрий, — адыгэхэм емыкIуу къалъытэ гъэфэрыщIауэ зыхуэпэныр, абыхэм я щэнымкIэщ зэрызагъэлъагъуэр, нэхъ цIуугъэнэхэмкIэ загъэщIэгъуэжкъым…» Адыгэ бейхэм я лIыкIуэхэр дапщэщи нэхъ тхьэмыщкIэу хуэпат я унафэм щIэтхэм нэхърэ. Абы и ущхьэгъури арат: адыгэ джыназхэмрэ уэркъхэмрэ къадекIуэкIт я щыгъынымкIэ къелъэIум ехъуажэу.

Адыгэ фащэм и теплъэм, и щхъуэкIэплъыкIагъэм и гугъу тщIымэ, мыбдежми нэрылъагъу щохъу лъэпкъым къыдекIуэкIымрэ и еплъыкIэхэмрэ. Адыгэхэм яфIэфIтэкъым я фащэм цIуугъэнэ хэлъу е ар нэм къыщIэлыдэу. Адыгэхэм къадекIуэкI цIыхухъу фащэм и плъыфэр дапщэщи зыт икIи плъыфищ нэхъыбэ къыщыгъэсэбэпатэкъым. Адыгэ фащэр къащхьэщыкIт лъэпкъым зэрихьэ нэгъуэщI щыгъын лIэужьыгъуэхэм. Псом япэрауэ, гу ялъытапхъэщ хьэзырылъэхэм (газырницы), ар хьэзырхэр илъу зэрызэрахьэ жып цIыкIуу бгъэгум и лъэныкъуитIымкIи кIэрыдат. Хьэзыр бжьамий цIыкIу къэс зэ уэгъуэм хурикъун шэгын (порох) икIутат. «Газырь» псалъэр къытокI «хьэзыр» адыгэ псалъэм. Нэхъапэхуным хьэзырхэр бгым кIэрыпха фэ алътмакъым илъу кърахьэкIт. Ауэ бгым армырами хьэлъэ куэд кIэрыщIат: къамэр, сэшхуэр, шэгынылъэр, дагъалъэр (жирница), кIэрахъуэр, Iэщэр зэрагъэжан мывэупцIэр, нэгъуэщI зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр. Езыр хьэзырхэр бгъэжыпым къипхыныр куэдкIэ нэхъ тыншт.
Абы папщIэ хьэзырылъэр бгъэжыпхэм иралъхьэу щIадзащ. XVIII лIыщIыгъуэм и кIэхэм — XIX лIыщIыгъуэм и пэхэм ятха сурэтхэм зэрыщытлъагъумкIэ, хьэзырылъэхэр фэ плъыжьым къыхахти лъахъстэн плъыжькIэ къадыхьыжт. Псалъэм къыдэкIуэу, шабзалъэхэр, зауэ Iэлъэхэр къыхахт фэ плъыжьымрэ лъахъстэнымрэ. Псом хуэмыдэу ар далъагъут зауэлI бейхэм. ИужькIэ, хьэзырылъэхэр адыгэ фащэм и бгъэгум яхьыжа нэужь, ахэр къыхах хъуащ фащэр къызыхэдыкIа щэкIым. Фащэм адыгэхэр зэрыпыкъуэкI мардэхэр апхуэдизу ткIийти, щIыпIэ хабзэхэр Iуэхум къыхалъытэурэ ящтэт гъунэгъу лъэпкъхэми. Курыт лIыщIыгъуэхэм, псом я лейуэ XVII лIыщIыгъуэм къащегъэжьауэ, адыгэ хэкум зекIуэ щыIа хамэ къэрал гъуэгурыкIуэхэм я фIыгъэкIэ, КъухьэпIэм къыщежьащ «адыгэ модэр». Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ модэ щыхъуащ адыгэ фащэ, Iэщэ, адыгэш зыIэрыгъыхьэныр, адыгэ щхьэгъусэ къэшэныр. Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэм хуагъэфэщащ Ван Дейк, Врубель, Рубо, нэгъуэщI куэдым ятха сурэтхэр. Адыгэ бзылъхугъэм поэмэхэр, усэхэр хузэхэзылъхьахэм ящыщщ Пушкин Александр, Бальмонт Константин, Лермонтов Михаил, Байрон Джон, Долматовский Евгений, нэгъуэщIхэри. Мыпхуэдэ еплъыкIэ куэд щIауэ къокIуэкI: тырку гаремхэм адыгэ бзылъхугъэхэр иращэурэ тырку лъэпкъым и лъыр ирагъэфIэкIуащ.
Адыгэ бзылъхугъэхэм папщIэ мыпхуэдэу итхат Немирович-Данченко Владимир: «… Ахэр лъапэлъагэт, зэкIужт, кIантIэт, ахэр щыблэкIкIэ лъэужь дахэ къагъанэм хуэдэт. Я Iэ цIыкIухэмрэ я лъакъуэ цIыкIухэмрэ ягъэгушхуэт тырку усакIуэхэр. Нобэр къыздэсым Азие ЦIыкIум и къалэхэм апхуэдэ Iэхэмрэ лъакъуэхэмрэ цIыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ щыдалъагъукIэ, анатолийцхэм жаIэ: ахэр къызытекIыжахэм адыгэ бзылъхугъэ яхэтащ. Абыхэм я лъы ткIуэпсым лIакъуэ псо иригъэфIакIуэт…» Урыс пащтыхь Грозный Иван къишауэ щытащ къэбэрдей пщышхуэ Темрыкъуэ Идар ипхъу Гуащэней, чыристан диным ирагъыхьа нэужь Марие цIэр зратар. XVI лIыщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къыщегъэжьауэ къэбэрдей уэркъхэм я лIыкIуэ хэр гупкIэ урысей къулыкъум хыхьэу щIадзащ. Ахэр къэзакъ дзэ пакIэхэм хагъыхьэри, Урысейм и ипщэ къэрал гъунапкъэхэм къулыкъур щрахьэкIыу щIадзащ.
Урысыбзэм «черкеска» псалъэр къыхахьащ XVI лIыщIыгъуэм Тэрч деж къэбэрдейхэм я гъунэгъуу къэтIыса къэзакъхэм. Абыхэм зэгъусэу къулыкъу ящIэу щIадзащ, адыгэ фащэри къэзакъхэм зыщатIэгъащ. 1817 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдэкIа дэфтэрым итщ къэзакъ униформэр зыхуэдэр. Генерал Эммануел и унафэкIэ къэзакъхэм щатIэгъэнут адыгэ фащэм и теплъэ зиIэ щыгъын. Кавказ линейнэ къэзакъыдзэм адыгэ фащэр хабзэ тхылъкIэ 1831 гъэм щIышылэм 16-м кърагъэщтащ. Мис Александр II и псалъэхэр: «Высочайше повелевать соизволил: в Кубанском и Терском казачьих войсках, с их артиллерию, верхнюю одежду называть не «мундиром», как сказано в описаниях, приложенных при приказе бывшего военного министерства от 18 мая 1859г., а «черкесками». 1858 гъэм Попко И.Д. линейнэ къэзакъхэм ятеухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Адыгэм и Iэщэ-фащэр, шы Iэпслъэпсхэр зыщтам зыхилъхьащ бийм и псынщIагъэри, и лIыгъэри.
Къэзакъым и Iэщэ-фащэр фIыуэ илъагъуныр, (линеецым ар фIыуэ елъагъу), куэд и уасэщ. Хэт ищIэрэ, фащэм щIыгъуу къахуэкIуэнкIэ мэхъу адыгэхэм я щэнри, я ерыщагъри. Зауэм деж мыхьэнэ щызиIэ хэгъуэгу гъэпсыкIэхэм зрапщыткIэрэ, пасэрей къэзакъхэм, православнэ чыристан лъэпкъым нэрылъагъуу ущхьэгъу имыIэу къащтащ Iэщэр, фащэр, икIи я теплъэмкIэ зрагъэщхьыну пылъащ гъунэгъу бгырысхэм». XIX лIыщIыгъуэм и 40 гъэхэм адыгэ фащэр Кавказым щыIэ къэзакъыдзэхэм официальнэу я зауэлI фащэ хъуащ. Адыгэ фащэм фэ зэрытетымрэ пщIэ зэриIэмрэ щхьэпащ ар урысей жылагъуэ утыкум ит цIыху цIэрыIуэхэмрэ офицер корпусымрэ щатIэгъэным. ИужькIэ адыгэ лъэпкъ фащэр Романовхэ я пащтыхь унагъуэм и махуэщI щыгъынхэм ящыщ хъуащ. Кавказ ЩIыбым и гугъу тщIымэ, адыгэ фащэр зыщатIэгъащ куржыхэми, ауэ – лъэкIыныгъэ зиIэ сословиехэм ящыщхэм. Ар адрей цIыху псоми зэрыщамытIэгъам иджыри зэ къегъэлъагъуэ адыгэ фащэр абыхэм зэрамейр, ауэ зэращтар.
Адыгэхэм я дежкIэ адыгэ фащэр лъэпкъым щыщ дэтхэнэми и щыгъын пажэщ. Адыгэ фащэр — лъэпкъым и пщIэр къэзыIэт, зэрыгушхуэ хьэпшыпщ. Бзылъхугъэ адыгэ фащэр — Iуэху щхьэхуэщ. Абы IупщI ещI адыгэ бзылъхугъэр зэрызэкIужыр, зэрыдахэр, абы и щхьэм пщIэ зэрыхуищIыжыр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2012 гъэм фокIадэм и 28-р игъэувауэ щытащ адыгэ фащэм и Къэралыбэ Махуэу. Дунейпсо Артийскэ комитетым (МАК) дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм яхигъыхьащ адыгэ цIыхухъу, бзылъхугъэ лъэпкъ фащэр. Ар 2018 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м МАК-м и Реестрым и зэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэр 4-уэ иратхащ. «Кавказ-жемчужина России» фIэщыгъэцIэр иIэу 2020 гъэм и 5-12 гъатхэпэ махуэхэм МАК-мрэ ЮНЕСКО-мрэ, Щэнхабзэ Дипломатием и Къэралыбэ Ассоциацэм Париж къыщызэрагъэпэща кавказ лъэпкъ щэнхабзэ махуэхэм я къэухьхэм иту, ООН-м и ЮНЕСКО музейм щахъумэну щIалъхьащ Хъурей Жанусэ и пасэрей эскизхэмкIэ ягъэхьэзыра цIыхухъу, бзылъхугъэ адыгэ фащэхэр. Ар ирагъэхъулIат пщIэ зиIэ мы къэралыбэ организацэр къызэрагъэщIрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум. А махуэщIым апхуэдизу ныбжьышхуэ имыIэми, ар гъэ къэси нэхъ цIэрыIуэ мэхъу.
Адыгэхэм я лъэпкъ фащэм лIыщIыгъуэбэ ныбжь иIэщ. Адыгэ фащэр щыщыттIагъэкIэ, дэ къызэIудох ди щэнхабзэ унэм и щхьэгъу бжэр: дэ тщыщ дэтхэнэми лъэкIыныгъэ егъуэт ди хабзэхэмрэ ди лъапIагъэхэмрэ я беягъыр дуней псом хуэтIуэтэну. Апхуэдэм деж бжыгъэ хъыбархэм я уэрыпIэм ухуохъу лъэпкъ псом и хъыбарегъащIэ лъэмыж. Ди гуапэ зэрыхъущи, иужьрей илъэсиблым къриубыдэу ди Дунейпсо Артийскэ комитетыр, Урысейм и Лъэпкъ Артийскэ комитетыр хьэрычэтыщIэ хуэхъуащ адыгэ лъэпкъ фащэм и «И хоть по мне черкеска сшита, всему Кавказу подошла» Къэралыбэ фестивалыр егъэкIуэкIыным. Ищхъэрэ Кавказымрэ Урысейм и хэгъуэгу зэхуэмыдэхэмрэ я художественнэ коллектив хэхахэм, артистхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ я щэнхабзэ форумыр хъуащ зэныбжьэгъугъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я махуэщI дыдэ. Мы дауэдапщэр лъабжьэ быдэ хуохъу лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэм я зыужьыныгъэм, щхьопэ лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ ефIэкIуэным.
Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 80 щрикъуар щагъэлъапIэм мыхьэнэшхуэ иIэ мэхъу а Къэралыбэ фестивалым, сыту жыпIэмэ, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и зауэлIхэр Хэкум и хъумапкъэхэр яхъумэу зэхэуэ гуащIэхэм хэтащ адыгэ фащэр ящыгъыу. 2025 гъэм адыгэ фащэм и Къэралыбэ фестивалым и эстафетэр ищтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лэскэн муниципальнэ районым. — ДэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ тхыдэ-щэнхабзэ щIэиным иIэ пщIэмрэ и беягъэмрэ къыхэтлъытэу, мы илъэсым мы Iуэхур ди муниципальнэ районым зэрыщедгъэкIуэкIым. А фестивалым лъэкIыныгъэ къызэрыдитыр щIалэгъуалэр шуудзэ иным и лIыхъужь напэкIуэцIхэм зэрыхэдгъаплъэм и закъуэкъым, атIэ икIи аргуэру дыщегъэгъуазэ дуней псом пщIэ зыхуищI адыгэ фащэм и къекIуэкIыкIа къызэрымыкIуэм.
Шэч къытесхьэкъым апхуэдэ Iуэхур зэныбжьэгъугъэм зэрыщхьэпэм, — жеIэ Лэскэн муниципальнэ районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Насыпхэ Люсенэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Президент Сэхъурокъуэ Хьэутий адыгэ фащэм и Махуэм ехьэлIауэ къыхегъэщ: «Адыгэ фащэм и Къэралыбэ фестивалыр хъуащ Кавказым и лъэпкъхэм я зэрыIыгъыныгъэм, Урысейм и лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI и махуэщI. Ди зэманыр сыт хуэдэу мыхьэлъэми, адыгэхэм къагъэзэж я хэкIыпIэхэм, щIэрыщIэу зрагъэщIэж я лъэпкъ иным и щэнхабзэр, хабзэхэр. Фащэм дэ дрепх ди блэкIам, ди нобэрей зэманым, ди къэкIуэнум. Фи нэгу къыщIэвгъыхьэ къудей, дэтхэнэ Iыхьэри тегъэчынауэ къыздэгъэлъэгъуа, здагъэхьэзыра Iуэхум хуэгъэзауэ апхуэдэ IэпщIэлъапщIагъэ зыIэрагъыхьэн щхьэкIэ дыкъызытекIыжахэм къызэпача гъуэгуанэр! Ди фащэр тIэкIу-тIэкIуурэ модэм къохьэж. Сурэт дахэхэм, видеохэм, фащэр ящыгъыу цIыхухэр махуэщIхэм къызэрыкIуэм ди хэкуэгъухэр щIэрыщIэу ирегъэплъыж къызэрыкIуэ щыгъыным хамылъагъуэ адыгэ дахагъэм.»
БЕЙТЫГЪУЭН Iэуес, Дунейпсо Артийскэ комитетым и япэ вице-президент, Евразийскэ континентальнэ комитетымрэ Урысейм и лъэпкъ Артийскэ комитетымрэ я президент, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэкIэ ЮНЕСКО-м хэт, Кавказым и республикэхэм я щэнхабзэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Петр Инымрэ Зэныбжьэгъугъэмрэ я орденхэм я кавалер
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.