Адыгэ фащэм и гъэфIэжыр

ФокIадэм (сентябрым) и 28-р — адыгэ фащэм и Махуэр — Черкесск къалэм щыIэ «ХытӀыгу ЩхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэ паркым къызэрымыкIуэу дахащэу, хуэфащэу, Iэтауэ, Ищхъэрэ Кавказ, Ипщэ хэгъуэгухэм къикIа хьэщIэхэри куэду хэту, Хэгъуэгупсо фестиваль щхьэщIэдзапIэм щIэту, щагъэлъэпIащ. Лъэпкъ Iуэхум ехьэлIа зэхыхьэ дахэр къызэрагъэпэщащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэмрэ «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэхэмрэ. Сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу хъуащ КъЧР-м и Правительствэр, хэгъуэгум щэнхабзэмкIэ и Министерствэр, Черкесск къалэм и мэриер.

ХьэщIэхэр къоблагъэ Къеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм яхэтащ КъэбэрдейБалъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъэбэрдейБалъкъэр Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Къумал Заурбэч, гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ КъэбэрдейБалъкъэр институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт сымэ; Адыгэ Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщыкъуэ Рэмэзан, абы и къуэдзэ Хъуэт Юныс, ДАХ-м и Советым хэтхэу Хьэтам Нэждэт, Хьэджай Iэдэм, ГъукIэлI Сусаннэ, ХъуэкIуэн Хьэмид, Тыркум къикIа ди къуэшхэ Алпай Гуащ, Брат Мисут; Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Факъэ Руслан, Хасэм и Советым хэт, КъБР-м, Ищхъэрэ Осетие-Аланием щIыхь зиIэ я уэрэджыIэ Хьэбыдэ Вячеслав; Краснодар крайм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ МэшылI Руслан, тхьэмадэм и къуэдзэхэу Уракъэ Валерэрэ Мэлахъуэ Чыщмайрэ; КъЧР-м и Нэхъыжь Хасэм къыбгъэдэкIахэр, АдыгэХьэблэ, Хьэбэз районхэм къикIа, адыгэ фащэр екIуу зезыхьэ ди нэхъыжь Iумахуэхэр, адыгэ фащэм и пщIэмрэ и щIыхьымрэ лъэпкъым и пащхьэ щызыIэтыну фестивалым къекIуэлIа лъэпкъыпсэ-хэкупсэхэр.

ГъэлъэгъуэныгъэмкIэ Iуэхур ирагъажьэ

 Шэджагъуэм сыхьэтыр 12:00-м щыщIэдзауэ «Амфитеатрым» пэгъунэгъуу псэр зыIэпызышэ гъэлъэгъуэныгъэр шэтыр яухуахэм я жьауэм щызэхашащ. Нэр зытехуэр псори дахэ защIэрэ адыгэ лъэпкъым къехьэлIа хьэпшыпрэт. Зыри ди нэIэм щIэмыкIын папщIэ, гъэлъэгъуэныгъэм и пэм къыщедгъажьэри, IэпэIэсэхэм утыкум кърахьа я IэдакъэщIэкIхэм тегъэчынауэ защыдгъэгъуэзащ. Япэ дызрихьэлIар Адыгэ Республикэм щыщ ди хьэщIэ лъапIэхэу ХъуакIуэ Рузанэрэ Нэгъуей Оксанэрэщ. Пщащэхэм я IэдакъэщIэкIхэу мыбдеж щыплъагъунут фащэ, сае зэкIужхэр, IэрыщI гуащэхэр, уагъэ-щагъэхэр, жьыщIэхухэр, нэгъуэщI лъэпкъ хьэпшыпхэр. Фащэхэр зи IэдакъэщIэкIым дыщIэупщIати, ахэр Рузанэрэ Оксанэрэ зэгъусэу къагъэщIа дахагъэу къыщIэкIащ. — Нобэ къэтша фащэхэм пасэрейм ещхьу дахэри, иджырей жыпхъэм тету зэхэлъхэри яхэтщ. Сэ фащэхэр собз, сод, хызодыкI, Оксанэ бгъэIулъ, дыщэ пыIэхэр, бгырыпххэр ещI, — къыддогуашэ Рузанэ.

Абы и фащэхэм удахьэх, лэжьыгъэшхуэ зэрещIылIами гу лъыботэ. Пщащэм зэрыжиIащи, апхуэдэ зы фэилъхьэгъуэр щӀыным мазэ хуэдиз токIуадэ. Апщыгъуэми зэманым и нэхъыбэр зыхьыр уагъэ-щагъэхэращ, дыщэидэращ. ЯгъэщIэрэщIа я плIанэпэм деж ди гулъытэр зэщIаубыдащ гуащэ IэрыщI гъэщIэгъуэнхэм: ахэр адыгэ фащэкIэ хуэпащ, макъамэ Iэмэпсымэхэм йоуэ.

  ГъэщIэгъуэныжыр аращи, ахэр Оксанэ къызыхищIыкIыр газетщ. КъызэрыкIуэу тыншкъым ахэр пщIыну, пщащэм дызэрыщигъэгъуэзащи, икIи, тхьэмахуищ пIалъэ щатекIуадэ щыIэщ…

КЪУЭШ хэгъуэгум къикIахэм яхэтащ дыщэидэ гъуазджэм хуэIэпщIэлъапщIэ, «Промыслы и ремёсла Адыгеи» Ассоциацэм хэт Битэ (Хъуран) Азэ, творческэ цIыхухэм я пашэу ящIыгъуа Хьэмырзокъуэ 3урет сыми. Адыгэ Республикэм щыщ пщащэ гуапэхэм къабгъэдэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа, фащэ дынымкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ ХьэцIыкIу Мадинэрэ абы къыздиша и IэдакъэщIэкIхэмрэ. Пэжыр жытIэнщи, Мадинэ и фащэхэм, саехэм уащыIуплъэкIэ, илъэс щэ бжыгъэкIэ узэIэбыкIыжмэ псэуа ди лъэпкъэгъухэм я щыгъын дыдэу къыпщохъу: пасэ зэманым хы толъкъунхэм ещхьу ухалъасэ… Ар IупщIу умылъэгъуамэ, псалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ, ауэ уи псэм теIэбэ хуэдэщ а щыгъынхэр. Ар къызыхэкIыр, къызэрытщыхъумкIэ, Мадинэ пасэм щыгъуэ зэраду, зэрыхадыкIыу щыта жыпхъэхэм текIкъыми аращ. — Илъэс тIощIым щIигъуауэ адыгэ фащэр дыным, бзыным, и философием, и дахагъэм сыпылъщ. Нобэ, жагъуэ зэрыхъущи, а философиемрэ и мэгъумрэ кIуэду къысщохъу. Сыту жыпIэмэ, куэдым стилизацэм зыхуагъэзащ. Абы къыхэкIыу, фащэм и купщIэ щэхухэр мэкIуэдыж. Ар сыт зыхэплъагъуэр жыпIэмэ, бзылъхугъэм и фащэм хэлъ тхыпхъэхэращ. Ахэр ауэ къызэрыкIуэ зэрагъэщIэращIэ пкъыгъуэкъым, атIэ абыхэм мэгъу мыхьэнэ яхэлъу щытащ. Псалъэм папщIэ, мы нобэ къыздэтша саем и Iэщхьэ тхьэпэм тет тхыпхъэщIыпхъэр зэпкърытхынщи, абы къикIыр мыращ: щхьэ – Iэ – бгъэ – анэшэ – лъакъуэ – къэхъуа нанур. Адыгэм и фащэм тещIыхьа тхыпхъэщIыпхъэхэм я мыхьэнэр, я купщIэр куэдкIэ нэхъ инщ, нэхъ куущ дызэрегупсысым е къызэрытщыхъум нэхърэ, — къыддогуашэ IэпщIэлъапщIэр. Мы бзылъхугъэ IэпэIэсэм и гупсысэм пищэу Налшык къалэм дэт лъэпкъ музейм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэщэ Иринэ жеIэ а тхыпхъэщIыпхъэхэр лъэпкъыр, лIакъуэр гъэбэгъуэным хуэгъэпса дамыгъэу зэрыщытар. — УрысыбзэкIэ жыпIэмэ «оберег» псалъэр нэхъ техуэу къыщIэкIынущ.

 АбыкIэ бзылъхугъэм и къэкIуэнум, анагъэм пыщIа псори тыншу къехъулIэнум траIуэ хуэдэт, къэзыхъумэ дамыгъэхэу традзэт. Мадинэ и фащэхэм тет тхыпхъэхэр ди музейм щIэлъ пасэрей хьэпшыпхэм ятетхэм хуэдэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ: ди фащэм и дыкIэри, зэрыбзари гъэщIэгъуэнщ. ЦIыхухъуми бзылъхугъэми яйхэр зэщхьу бзащ, ауэ цIыхубзым ейр нэхъ кIыхьщ, дыщэидэкIэ, бгъэIулъ щIыIухэмкIэ гъэщIэрэщIащ, къинэмыщIауэ, Iэщхьэ тхьэпи щIыгъущ. Фащэм цIыхухъуми цIыхубзми я дахагъэр къегъэлъагъуэ, апщыгъуэми Iэпкълъэпкъым щыщу лей уIуплъэкъым. Ар ушэсынуи, Iуэху ирипщIэнуи тыншщ. Абы щыхьэт тохъуэ нэгъуэщI лъэпкъхэми ар къызэращтар, зэрызэрахьэр. Арами, лъэпкъ къэс езым ей гуэр хилъхьэурэ къогъуэгурыкIуэ, — дыщегъэгъуазэ Иринэ.

ХьэцIыкIу Мадинэ и фащэхэм, адыгэ джанэхэм, щхьэрыпхъуэнхэм уи псэр лIыгъэкIэ къабгъэдэпшыжмэ, ди хэгъуэгум щыщ пщащэ гуапэу ХьэкIырэ Ленэ и шылэхъар зэмыфэгъухэм уи нэр зыIэпашэ. Шылэхъарыр бзылъхугъэхэм пасэм щыгъуэ фащэм щIыгъуу пыIэ цӀыкIум (е пыIэншэу, бзылъхугъэр анэ хъуарэ мыхъуарэ елъытауэ) къытралъхьэу щыта, кхъуакIэ кIыхьхэр зыпыт IэлъэщI хъарращ. «Шылэхъар» псалъэм езым къызэриIуатэщи, ар шылэ IуданэкIэ ящIу щытащ. — Мыхэр хэдыкI мастэщ (крючок) зэрызэрысхъэр. Зы IэлъэщIым махуищ-тху токIуадэ. Мы пасэрей IэщIагъэм си анэшхуэм сыхуигъэсауэ щытащ, — жеIэ Ленэ… Абдеж дыщытыху Ленэ и шылэхъархэр цIыхухэм зыIэрагъэхьащ. ИкIи, нэхъыщхьэращи, ахэр зыщэхуа бзылъхугъэхэм, пщащэ цIыкIухэм зэуэ зытралъхьащ…

ГъэщIэгъуэнщ, ауэ а зы пкъыгъуэм а бзылъхугъэхэр зэрыадыгэр нэхъри наIуэ, IупщI ищIащ… МыдэкIэ укъаплъэмэ нэр зыфIэнэр пасэрей адыгэ зауэлIым и фащэращ. Афэ джанэри, зауэм тегъэпсыхьа цей гъэкIэщIари, лъэхъстэн вакъэхэри, Iэщэ зэмылIэужьыгъуэри — псори зырызыххэу зэпыпплъыхьыну гупсэхугъуэщ. ЗауэлIым и фащэм кIэрыщӀам и нэхъыбэр зи IэдакъэщIэкӀыр Хьэбэз къуажэм щыщ, къызэры мыкIуэ щIалэ IэпэIэсэ Адышэс Азэмэтщ. ЖыIэпхъэщи, абы щыгъ цей плъыжьыр пасэрей дыдэщ: хэт ищIэрэ дапхуэдиз абы и нэгу щIэкIар… Къыхэдмыгъэщыну Iэмал иIэкъым Черкесск къалэм дэт, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжым хыхьэ къудамэм и унафэщI Лэпыгъу Эммэ утыку кърихьа дахагъэхэри: фащэхэр, дыщэидэхэр зытет хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, кхъуэщынхэр, шыкIэпшынэр, чысэхэр, нэгъуэщI куэди. А псори Эммэ и студентхэм я IэрыкIщ, адыгэм и гъуазджэ жыпхъэхэм тету щIащ, дащ. Адыгэ фащэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэм хэплъэну къеблэгъа, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыддэгуэшащ гъэлъэгъуэныгъэм къыхуигъэуша гурыщIэхэмкIэ.

— Псом япэу мы махуэщI дахэмкIэ адыгэ лъэпкъым сехъуэхъуну сыхуейщ! Псом хуэмыдэу, адыгэ фащэм и пщIэр зыхъумэ, къэзыIэт дэтхэнэ зыми! Нобэ псэухэм ди къалэнщ илъэс щэ бжыгъэхэм къыпхыкIыу къыднэса фащэм, ар къыднэзыхьэса адэжьхэм фIыщIэ яхуэтщIыну, щIэин къытлъысам дыхуэфащэу дыщытыну! Ди фащэр ауэ къызэрыкIуэ щыгъын къудейуэ аракъым, атIэ тхыдэшхуэ зиIэ, лъабжьэ куу, хабзэ зыпылъ фащэщ! Абы лъэкIащ ди лъэпкъым и щэнхабзэри, гъуазджэри, хабзэри, и псэри къиIуэтэн! Илъэс бжыгъэхэм къриубыдэу зэрагъэпэща, яузэда фащэм нобэ хэплъхьэни, хэпхыни хэлъкъым. Ар зэрыдахэм къинэмыщIауэ икIи тыншыгъуэщ, сыт хуэдэ гъа щIэ Iуэхуми, дунейм и щытыкIэ зэмыфэгъухэми ятегъэпсыхьащ. Абы и лъэщагъыр зыхэзыщIа нэгъуэщI лъэпкъхэми ар фащэ яхуэхъуащ. Ди гуапэщ. МэшбащIэ Исхьэкъ зэрыжиIащи: «… Адыгэ фащэр сэ схуадами, зэры-Кавказу яхуэхъуащ!». Ар лъэпкъ зэхуэмэдэхэм зэрафIэфIыр, езыхэми фащэ зэрахуэхъуар куэд и уасэщ. Дэри нобэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я «костюм» щыдотIагъэ, ауэ тщыгъупщэ хъунукъым ди фащэр ди лъэпкъым и набдзэу зэрыщытыр. Нэмыс тхэлъу ар зетхьэфын хуейщ дяпэ итахэм хуэдэу. Мы гъэлъэгъуэныгъэм щытлъэгъуащ ди лъэпкъэгъухэм — IэщIагъэ дахэр зыбгъэдэлъ ди бзылъхугъэхэм, фащэм щIыгъу пкъыгъуэхэр зыщI щIалэхэм — лъэкIыныгъэшхуэхэр зэраIэр, ахэр нобэ фащэм и хъумакIуэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Нобэ хабзэм, псэм, напэм нэхъ гулъытэ хуащIу хъужащи, ди фащэми аращ и «псэр» къыщIэушыжар. Адыгэм сыт щыгъуи къыддэгъуэгурыкIуа гъэсэныгъэ дахэхэр а фащэм игъусэу тщымыгъупщэу зыхэлъын лъэпкъ Тхьэм дищI! Ди фащэм и телъыджагъэр Дуней псом зэрагъэщIагъуэм хуэдэу, ди лъэпкъри илъэс бжыгъэншэкIэ абы хуэфащэу щыIэну! – жиIащ Сэхъурокъуэм.

Хъуэхъухэр, теплъэгъуэхэр, уэрэдхэр, къафэхэр — фащэм и щIыхькIэ СыхьэтитIым щIигъукIэ екIуэкIа, IэпэIэсэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэр зэфIэкIа нэужь, адыгэ фащэм и фестивалым къеблэгъахэр екIуэлIащ амфитеатрым. Мыбдежщ, къапщтэмэ, лъэпкъым и фащэр уафэгум здыщаIэта утыкур. Япэрауэ, и гугъу ящIащ ДАХ-м 2012 гъэм къищта унафэм тету, фокIадэм и 28-р адыгэу дуней хъурейм тетым лъэпкъым и фащэу зэрагъэлъапIэм. Пшыхьыр езыгъэкIуэкIар щхьэихауэ къытепсэлъыхьащ 2018 гъэм Дунейпсо Артийскэ Комитетым дуней псом и хъугъуэфIыгъуэ щIэин лъапIэу «черкеска»-р къызэрилъытар икIи МАК-м и Реестрым зэрыщIитхар «черкесский-адыгский костюм (мужской и женский)» щхьэщIэдзапIэм щIэту. АбыкIи гуащIэ ин зыгъэтIылъа Бетыгъуэн Iэуес и гугъу ящIащ, лъэпкъым ирагъэцIыхуащ а Iуэху дахэр зи фIыщIэр. КъызэрымыкIуэу гъэнщIауэ зэхэухуэнауэ щыта концерт гъэлъэгъуэныгъэр игъэхьэзыращ икIи иригъэкIуэкIащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и Советым хэт Абидокъуэ (Щохъужь) Люсанэ. ИкIи, фестивалыр иригъэжьэну, абы къекIуэлIауэ хъуам хъуэхъукIэ захуигъэзэну япэ псалъэр хуигъэфэщащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий. — Лъэпкъым ди махуэщI дахэмкIэ псоми сывохъуэхъу! ЖысIэнщи, ар зэгъэпэщынымкIэ хуабжьу къыддэIэпыкъуащ Къэрэшей-Черкесым и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат, Черкесск къалэм и мэр Баскаев Алексей, республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Агырбэ Зураб, Адыгэ-Хьэблэ район администрацэм и унафэщI Астэжь Мыхъутар, Хьэбэз район администрацэм и унафэщI Жу Тимур, «Адыгэ ЩIалэгъуалэ Хасэ» зэщIэхъееныгъэр, псом хуэмыдэу, лэжьыгъэ нэхъ хьэлъэхэр зэфIэзыха, «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэхэр: редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, цифровой каналхэм загъэужьынымкIэ редактор Аслъэныкъуэ Мадинэ, «День республики» газетым и журналист Килбэ Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэри. ФIыщIэшхуэ яхузощI ди дауэдапщэр зыгъэдэхэну къытхуеблэгъа псоми: фащэхэр зыд, зыхъумэ IэпэIэсэхэм, ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыIэт музыкантхэм, уэрэджыIэхэм, къэфакIуэхэм. Дэ, Хасэм, ди пщэ илъщ адыгэм бгъэдэлъ сыт хуэдэ хъугъуэфIыгъуэри тхъумэну, дгъэлъэпIэну, ди фIыр ягу къэдгъэкIыжыну. Нобэрей IуэхумкIэ къыддэIэпыкъуауэ хъуам, къекIуэлIауэ хъуам — псоми фIыщIэ ин! Ди фащэр нэгъэсауэ илъэс мин бжыгъэхэм къыпхыкIри ди деж къэсащ хэбдзыни хэплъхьэни щымыIэу. Ар ди гъунэгъухэми, уеблэмэ, урыс пащтыхьхэми зыщатIагъэу щытащ. «Фащэр зейр зезыхьэращ» жаIэ. Нобэ зэрызетхьэр нэрылъагъу тщIауэ къысщохъу. ДогуфIэ, догушхуэ ди фащэр щIалэгъуалэм фIыуэ зэралъагъум, зэрызыхащIэм папщIэ. Ар Тхьэшхуэм къыдита фIыгъуэхэм ящыщщи, дауэ щыдмытIэгъэнрэ, зедмыхьэнрэ?! Тхьэм ди лъэпкъыр иригъэфIакIуэ, хъеркIэ, гуфIэгъуэкIэ дызэхигъэхьэ! Ди бзэ дахэр яIурылъу, ди хабзэр яхэлъу, дэнэ щымыIэми адыгагъэр зэрахьэу Тхьэм ди бынхэр дгъэсэну къарурэ акъылрэ къыдит! — жиIащ «Адыгэ Хасэ – Черкесский Парламент» лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэм.

Пшыхьым щагъэлъэгъуащ фащэм и къежьапIэм, къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм траухуа теплъэгъуэхэр, усэхэр. Гъунэжу утыкур ягъэбжьыфIащ адыгэ лъэпкъым и фащэр, и хабзэр, и бзэр я уэрэдхэмкIэ, усэхэмкIэ, къафэхэмкIэ зыIэта, ди республикэми, къытхуеблэгъа хэ гъуэгухэми къабгъэдэкIа артист цIэрыIуэхэм, къэфакIуэ гуп уардэхэм. Абыхэм ящыщщ пасэрей адыгэ къафэр къэзыщIа, «Театр танца госфилармонии КарачаевоЧеркесии» ансамбль цIэрыIуэр (художественнэ унафэщIыр, балетмейстер нэхъыщхьэр КъЧР-м, Абхъазым щIыхь зиIэ я артист Джиджий Муратщ), адыгэ пыIэмрэ цеймрэ щыгъыу, адыгэлIым и шым ирихьэлIэ уанэр, зыдиIыгъ кIэнутIыр IэщIэлъу, хъуэхъу гуапэхэри адыгэ лъэпкъым, и махуэщI лъапIэм къахуигъазэу «Адыги на земле своей живут!» уэрэд цIэрыIуэр Iэгуауэ иным щIэту фестивалым щызыгъэIуа, Къэрэшей-Черкесым и ЦIыхубэ артист Мэремкъул Ачар сымэ. Мы махуэщIым ехъулIэу саугъэт лъапIэ и лъэпкъэгъухэм яхуигъэхьэзырат КъЧР-м щIыхь зиIэ и артист Думэныщ Лианэ.

 АтIэ, «Черкеска» уэрэдыщIэр уэрэджыIэ гуащэм япэ дыдэ мы фестивалым щыжиIащ, жыпIэнурамэ, Iэгуауэ инкIи абы пыкъуэкIахэщ. КъинэмыщIауэ, Лианэ ди нэхъыжь Iумахуэхэри игъэгуфIащ а махуэм, абыхэм я псэм хуахь «Си нанэ» уэрэд цIэрыIуэр яхуигъэфащэрэкIэ. Зыхуэбгъадэ мыхъун телъыджащэт фащэ зыд ди IэпэIэсэхэм — Нэхущхэ Заремэрэ Мединэрэ я IэдакъэщIэкIыу утыку кърахьар. Абыхэм я утыкукъихьэр нэхъри гум ехуэбылIэрэ псэм пэгъунэгъу зыщIар «Пасэрей» Iэмэпсымэ ансамблым (художественнэ унафэщIыр ЩакIуэ Белэщ) сценэм тесу, макъамэ Iэмэпсымэхэр ягъэжьгърууэ гъэлъэгъуэныгъэр зэрырагъэкIуэкIаращ. ЦIыху пщыкIутхум нэсым ягъэлъэгъуащ зэанэзэпхъум я IэдакъэщIэкI адыгэ фащэ дахащэхэр. Пшыхьым еплъахэм Iэгуауэ зэпымычкIэ яIэтащ утыкум ита пщащэхэр.

 Фестивалыр ягъэдэхащ КъБР-м и ЦIыхубэ артист Зэущ Iэуес, «Адыгэ пщащэ» уэрэд цIэрыIуэр жызыIа, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Муратхэ Мурат, Даур А. и цIэр зезыхьэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжым и «Пасэрей» ансамблым игъэзэщIа, «Поппури на черкесские мелодии» макъамэ зэхэухуэнам, «Театр танца госфилармонии Карачаево-Черкесии» ансамблым къищIа, «Апхуэдэу пасэм щытащ» къафэ теплъэгъуэм, Ищхъэрэ Осетие-Алание Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ я артист Хьэбыдэ Вячеслав, Адыгэ Республикэм къикIа IэпщIэлъапщIэ, «Ошад» щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ купсэм и солисткэ Битэ (Хъуран) Азэ, уэрэдымкIэ «Черкесия» цIыхубэ ансамблым (художественнэ унафэщIыр Даур Фатимэщ), уэрэджыIэ цIэрыIуэхэу Унэж МуIэед, Мамхэгъ Каринэ, Хъупсырокъуэ Мурат, Адэмокъуэ Ахьмэд, Ажий Мурат сымэ.

 …Нэхъыжьхэм къызэрыхагъэщу, нобэ лъэпкъым къыщIэтаджэ щIэблэм я адыгэлъыр къызэщIорыуэж, къоушыж, щIалэгъуалэ узыншэм яфIэкъабылщ къызытекIахэм, пасэрей адыгэхэм зэрахьа хабзэфIхэр, яхэлъа лIыгъэр, хахуагъэр, гуеягъыр къащтэжыныр. А псори зымыгъэкIуэд, зыбгъэдэлъ, къызэщIэзыубыдэ мылъку лъапIэщ лъэпкъым и адыгэ фащэр. Адыгэ фащэм дыхуэфащэу дыщытыныр хэткIи щIыхь лъапIэщ икIи пщэрылъ пажэщ! Абы ипкъ итуи, лъэпкъым и фащэр зыщымыгъа артист а махуэм фестиваль утыкум къихьакъым. Псом хуэмыдэу, адыгэ фащэм и гъэфIэж пшыхьыр зыгъэдэхар къэфакIуэ гупхэращ. Ахэр махуэщIым щыкуэдащ. Я цIэ къиIуапхъэщ дэтхэнэми: уэрэдымрэ къафэмрэкIэ «Сэтэней» цIыхубэ ансамблыр (Али-Бэрдыкъуэ, художественнэ унафэщIыр — Къэрэшей-Черкес Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIымаху Анатолийщ), «Ритмы гор» Iэмэпсымэ ансамблыр (Адыгэ-Хьэблэ район, гупым я унафэщIыр Дыщхэ Рэмэзанщ), щапхъэгъэлъагъуэ сабий хореографическэ «Лэгъупыкъу» ансамблыр (Адыгэ-Хьэблэ район, художественнэ унафэщIыр Абдокъуэ Инессэщ), цIыхубэ къафэмкIэ «Синдика» гупыр (художественнэ унафэщIыр Абыдэхэ Ахьмэдщ), «Зори Урупа» щапхъэгъэлъагъуэ къэфакIуэ гупыр (Краснодар край, Урупскэ къуажэ, художественнэ унафэщIыр Урусовэ Фатимэщ). Концерт пшыхьым кIэух хуэзыщIа, а махуэм цIыху куэдыщэ зыпэплъа, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм и дыщэ кIанэ, и щIэин лъапIэ дыдэхэм ящыщ, зи творчествэмкIэ дуней хъурейм щикъухьа адыгэхэр дызэрызыгъэубыд, АР-м, КъЧР-м, КъБР-м, Абхъазымрэ Ипщэ Осетиемрэ щIыхь зиIэ я артист Лъачэ Альберт и утыкукъихьэр фестивалым къекIуэлIахэм я Iэгуауэ зэпымыумкIэ зэщIаIэтащ. Къапщтэмэ, махуэщIым хэтауэ хъуари, абы еплъыну къекIуэлIахэри емытIысэхыу, Iэгуауэр зэпамычу зэдыжаIащ Лъачэм и «Адыгэхэр дыкIуэдыжынукъым» уэрэд цIэрыIуэр. Пшыхьыр сыхьэтищым щIигъукIэ екIуэкIами, лъэпкъыпсэ-хэкупсэхэм ар къатемыхьэлъауэ, нэхъри Лъачэм и творчествэм къызэщIигъэплъахэт…

Езы артистми къыхуаIэ фIылъагъуныгъэр игъэщыпкъэу, фIыщIэ яхуищIу, пэджэж уэрэд цIэрыIуэхэр тыгъэ яхуищIащ, яхъуэхъуащ… Концерт пшыхьыр зэхуащIыжащ фестивалым икIэм нэс хэплъа Хасэ тхьэмадэхэм, ДАХ-м и президентыр я пашэу, абыхэм къабгъэдэкIа утыку хъуэхъухэмкIэ. Дэтхэнэми къыхагъэщащ махуэщIыр къызэрымыкIуэу купщIафIэ зэрыхъуар, мыхьэнэ ин игъэзащIэу зэрекIуэкIар.

— Фащэм и гъусэу адыгэм ди хабзэр, нэмысыр, адрейхэм сытым дежи дакъыщхьэщыкIыу зэрыщыта лIыгъэр къыддогъуэгурыкIуэ. Ди лъэпкъым и нэгум куэд щIэкIащ. Гъэсэныгъэр, нэмысыр псом нэхъыщхьэщ. Ахэр зыхэмылъым адэкIэ къэкIуэн иIэнукъым. Ди лъэпкъым иIа хабзэхэр, хэлъа нэмысыр зетхьэну, тхэлъыну, абыхэм дытету щIэблэщIэ дгъэсэну Тхьэм жиIэ! Мы махуэщIыр ди фащэм и IуэхукIэ къетхьэжьауэ щытми, нэгъуэщI щхьэусыгъуэфIхэмкIи дызэхуэсыну Тхьэм жиIэ! МахуэщIыр зи фIыщIэр, псом япэу, дяпэкIэ псэуахэращ — фащэр къэзыгупсыса, ар зезыхьахэращ, нобэ ар зымыгъэкIуэдыжу «зыгъэпсэухэращ».

Фащэр зыхэзыщIа, ар зыщызытIагъэ нэгъуэщI лъэпкъхэми, Урысейм щыпсэу псоми зэIузэпыщыныгъэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэну! Дэ псори лъэпкъыбэу зэхэт къэралщ дыздэпсэури, зыр зым зыгуэркIэ щапхъэ къытыдох, щэнхабзэхэр апхуэдэу нэхъри зэпыщIа мэхъу. Нобэ къытхэмыту, фронтым Iут ди щIалэ псори узыншэу, къызыхуэтыншэу, ТекIуэныгъэр я Iэрылъхьэу икIэщIыпIэкIэ я унагъуэхэм ихьэжыну сыхуейщ! Дунейм и сыт хуэдэ лъэныкъуи щыпсэу адыгэ псоми, ди Урысей къэралышхуэми мамырыгъэ, щIэрэщIэныгъэ Тхьэм къыдит! – къыхигъэщащ ДАХ-м и тхьэмадэм. Пшыхьыр зэхуащIыжащ лъэпкъ псом хуэгъэза хъуэхъукIэ. КъыкIэлъыкIуэу, фестивалым хэтахэр ирагъэблэгъащ хабзэфIым тету щIалэгъуалэм сыт щыгъуи зэхишэ адыгэ джэгум.

Тхыгъэр ягъэхьэзыращ ЩОХЪУЖЬ Люсанэрэ ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэрэ.

Сурэтхэр БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ трихащ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *