Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ ТЭУБЫЧЭ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэ адыгэ щIалэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмакъхэр, бгырыпххэр, паспорт телъхьэхэр, шабзалъэхэр, ахъшалъэхэр, сампIэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр. IэпщIэ-лъапщIэм и IэрыкIхэр адыгэпсэкIэ епсыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр трещIыхь, псалъэ Iущхэмрэ псалъэжьхэмрэ адыгэбзэкIэ третхэ. Тыркум и Эскишехир къалэм къыщыхъуащ Сонер. И лIакъуэм и къежьапIэр Псыхуабэщ. Зауэжьым щыгъуэ Тыркум кIуауэ щытащ и нэхъыжьхэр. Сонер и благъэхэр щопсэу Къэрэшей-Черкесым хиубыдэ Инжыджышхуэ, Беслъэней къуажэхэм. ЗэрыцIыкIу лъандэрэ Адыгэ Хасэхэм кIуэрт Сонер. АнэдэлъхубзэкIэ псалъэу, къеджэу зригъасэрт, нэхъыжьхэм хъыбар яIуэтэжхэми щIэдэIун фIэфIт. Апхуэдэурэ бзэм и IэфIагъыр зыхищIащ.
— Къэзгъэзэжа нэужь нэхъыфI хъуащ си адыгэбзэр, дауи. Сэ нэхъ пасэу сыкъэкIуэжрэ, мыбдеж университетым сыщеджауэ щытамэ, си адыгэбзэр фIы дыдэу щытынут. Микроэлектроникэм сехъуапсэу щытащ мыбы сыщыхуеджэну, си анэм сыкъиутIыпщыфатэкъым. Зи еджапIэ щIэтIысхьэгъуэ адыгэ щIалэгъуалэр мыбы къакIуэурэ щIэныгъэ щызрагъэгъуэту щытамэ, адыгэбзэри яIурылъынут, урысыбзэри зрагъэщIэнут, абыхэм ящыщ гуэрхэри Хэкум къинэжынут. Уи ныбжьыр нэхъ кIуэтэху, уи гурыхуагъэм кIэрохури, бзэр зэбгъэщIэныр нэхъри гугъу мэхъу, — жеIэ Сонер. Тэубычэ Сонер и IэщIагъэкIэ инженерщ.
Абы щыхуеджащ Эскишехир университетым. 2018 гъэрщ щIалэм и Хэкум щыпсэуну къыщигъэзэжар. Япэу и щIыналъэм къыщихьэжам дыщыщIэупщIэм, абы и хъыбарри къытхуиIуэтэжащ. Зыбжанэрэ къакIуэурэ щыхьэщIащ, ещанэ къэкIуэгъуэм къигъэзэжыпащ. И гум жиIэрт зэгуэр Хэкур псэупIэ зэрыхуэхъужынур. Ауэ зэхуэмыхъуурэ къекIуэкIырт. 2015 гъэм къигъэзэжыну хуеящ. Кхъухьлъатэм и билет къищэхуащ, и егъэблагъэ тхылъри зыIэригъэхьащ.
А зэманым ирихьэлIэу урыс-тырку зэхущытыкIэхэр тэмэмтэкъым. Аэропортым кIуэри, кхъухьлъатэр темыкIыу къэнэжауэ щытащ. Аргуэру билет къищэхужри, къыкIэлъыкIуэ кхъухьлъатэри лъэтакъым. Ещанэуи ардыдэр къыщыщIащ… Илъэсищ дэкIри, и Хэкум къекIуэлIэжащ. Хэкур къызэрыIущIар, ар и нэгум къызэрыщIигъэхьэу щытамрэ къызэрыхущIэкIамрэ дыщыщIэупщIэм, жиIащ абы сыт щыгъуи и гур къызэрыхуеIар:
— Космос хуэдэу къысщыхъурт Хэкур, моуэ си гупсысэм нуру хэтт. Сигу занщIэу дыхьащ адэжь щIыналъэр, зы къару абрагъуэ гуэрым абы сызэрыпищIэр зыхэсщIащ. Налшык япэу сыкъыщыдыхьам, цIыхухэр адыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэр зэхэсхырти, ар насыпт сэркIэ. Бэзэрым сытехьэри — си анэдэлъхубзэр куэду зэхэсхырт, маршруткэм ситIысхьэрти — аргуэру адыгэбзэ седаIуэрт. Сигу дыхьати, къыкIэлъыкIуэ илъэсми къытезгъэзащ. Абы щыгъуэ къызгурыIуащ Хэкум епха си гупсысэхэм хамэщIым сызэрыщамыгъэпсэунур. СыкъыщыкIуэжагъащIэм, адыгэ сабий слъэгъуамэ, зыбгъэдэсшэурэ щызэзгъэпсалъэ къэхъурт, абы сигъэгушхуэу Хэкум си гур щопсэху! Адыгэ фащэ ящыгъыу щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ солъагъу! Мыбдежым хабзэ щызокIуэ, къуажэхэр инщ. (Тыркум щыIэ адыгэ къуажэ цIыкIухэр унагъуэ 15-20 хъууэ аращ). КъэралитIым я щыIэкIэ-псэукIэр зэтехуэркъым. Абы къыхэкIыу, гугъуу щытащ Сонер гъащIэм хэзэгъэныр.
— ТIэкIурэ сыщыпсэури, мыбдеж щыIэ гъащIэми дагъуэ зэриIэр къэслъэгъуащ. Къэзыгъэзэжхэм псом япэу къыдгурыIуэн хуейт мыр зэры-Урысейр. Къэрал щхьэхуэм и хабзэхэри щхьэхуэщ. Тыркури жэнэткъым, Урысейри жэнэткъым. Мыбдежми щыIэщ бзаджэри зэранри. Ауэ гуапагъэр нэхъыбэщ. «Сонер, уэ къэбгъэзэжагъащIэщ», — жаIэурэ сэ куэд къыздэIэпыкъуащ. Сэ цIыхуфIхэм сыкъаухъуреихь иджыпстуи. Куэд къыскъуэуващ, сэбэп къысхуэхъуащ, псэуным сытрагъэгушхуащ, — жеIэ щIалэм.



Сонер куэдым къацIыху, и IэдакъэщIэкIхэр зыIэрагъэхьэ, тыгъэ ящI, зэрахьэ, къагъэсэбэп. Фэм къыхэщIыкIа цIыхухъу бгырыпх быдэхэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ тхьэгъу-Iэлъынхэр, ахъшалъэхэмрэ къэлътмакъ дахэхэмрэ республикэм щыпсэухэми зыIэрагъэхьэ, къуэш республикэхэм щыщхэми ящэху, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми зыхагъэнкъым.
Сыт абы и IэпщIэлъапщIэным щIэдзапIэ хуэхъуар жыпIэмэ, ари и адыгэгум къыхуихьащ. ЩIалэр Тыркум щыпсэум шы иIэт. Адыгэ фащэ е афэ джанэ щыгъыу, адыгэ Iэщэхэр кIэрылъу зекIуэу къикIухьын фIэфIт. Ар икIи шабзауэ Iэзэщ. Шабзэ гъэуэнымкIэ зэпеуэхэм хэтт, лъэсуи шууи шабзэр игъэIэкIуэлъакIуэу. Апхуэдэурэ, шабзэшэхэр, шабзалъэхэр езым ищIын щIидзащ. Дихьэхащ фэм елэжьыным, и Iэр есащ хьэпшып гуэрхэр щIыным.
— Лэжьыгъэ нэужьым, абыкIэ унэм зыщытезгъэурт. Iэщэ-фащэхэм елэжьу ныбжьэгъу сиIэти, тыкуэнхэм сишэурэ хьэпшыпхэр сщIыуэ зезгъэсэн папщIэ сызыхуеинухэр къысхухихыурэ къызигъэщэхуащ, IэпщIэлъапщIэным и щэху гуэрхэмкIи къыздэгуэшащ. ИнтернетымкIэ зы хуезгъэсащ куэдым — сытри къыщыбогъуэт абы. Сэ интернетыр къызогъэсэбэп адыгэбзэр зэзгъэщIэным, фэ лэжьыгъэхэм теухуауэ, афэ джанэхэм я щIыкIэм зыщызогъэгъуазэ. Интернетым щIэныгъэшхуи къыуитыфынущ, IэпщIэлъапщIи уищIыфынущ, хьэбыршыбыри урихъуфынущ. Зэплъынумрэ къызэригъэсэбэпынумрэ щхьэж къыхехыж… — жеIэ. Хэкум къигъэзэжри, и инженер IэщIагъэр къыщысэбэпыртэкъым мыбы, урысыбзэ зэримыщIэм къыхэкIыу.
Арати, и псэм фIэфI IэпщIэлъапщIэныр лэжьыгъэ хуэхъуащ. IэрыкIхэр ищIурэ «Адыгэ унэм» щIилъхьэу щIидзащ. Ауэрэ, гъущIым лазеркIэ тхыпхъэ зэрытращIыхь станок къищэхуащ. Тхьэгъухэм, Iэлъынхэм, пщэрылъхэм, сэшхуэхэм, къамэхэм тхыпхъэхэр дахэу трещIыхь.
— IутIыж Мэжид къыздэIэпыкъуащ къыщызгъэзэжынуми Хэкум щыIэ гъащIэм зыщыхэзгъэгъуазэми. Иджыпстуи и гулъытэ сыщыщIэркъым. Тэмэму къысхуэIуэтэну къыщIэкIынкъым Мэжид фIыщIэу хуэсщIыр, — жеIэ щIалэм.
«Адыгэу ущытыным сыт нэхъыщхьэу хэлъыр?» — деупщIащ Сонер.
— Япэрауэ, бзэр. Бзэр тIурымылъу адыгэ гупсысэкIэм дытетыфынукъым. Сэ адыгэ хабзэр сыкъыщыхъуа унагъуэми си благъэхэм я дежи щыслъэгъуащ. Тыркум щыIэщ хабзи цIыхугъи. Ауэ абдеж ди анэдэлъхубзэр щокIуэдыж. Бзэр пIурымылъми къэфакIуэ е джэкIуакIуэ нэс ухъуфынущ. Ауэ адыгэ нэс ухъуфынукъым.
ЕтIуанэрауэ, лъэпкъыу зытхъумэжын щхьэкIэ куэду дылэжьэн хуейщ. МылъкукIэ ди къарур щIэткъузэн хуейщ — жеIэ Сонер.
Тэубычэ Сонер Хэкум щиухуа и унагъуэ дахэм илъыр адыгэбзэщ, хабзэ-нэмысщ, лъэпкъ щэнхабзэщ. Ар дыболъагъу и щIалэ цIыкIум и хьэл-щэнымрэ и зыIыгъыкIэмрэ. Адыгэм къыдих Iуэхухэм сабийр здешэ, зэхэтыкIэ дахэ иригъэлъагъуу. Абы щыгъуэми ар зэщыхуэпыкIащ адыгэ фащэкIэ, къабзэуи егъэшэрыуэ и анэдэлъхубзэр.
ГУГЪУЭТ Заремэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.