Адэжь щIэиным и хъумакIуэхэр

ШыщхьэIум и 27-м Хьэбэз къуажэм дэт, «Мой выбор» щIалэгъуалэ купсэм и жэрдэмкIэ, «Мастер национальных ремёсел» зи фIэщыгъэцIэ фестивальгъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ Хьэбэз, Адыгэ-Хьэблэ районхэм, Черкесск къалэм щыщ IэпщIэлъапщIэхэр.

Гуапэ зэрыхъущи, къуэш Адыгэ Республикэм щыщ IэпщIэлъапщIэ хьэщIи щыIащ. Ахэр я ныбжькIи, я IэщIагъэкIи зэхуэмыдэу щытащ, ауэ а цIыху къызэрымыкIуэхэр зэщхь зыщI зы щытыкIэм гу лъумытэну Iэмалыншэщ — абыхэм ящыщ дэтхэнэри адыгэпсэщ, адэжьхэм къащIэна гъуазджэмрэ щIэныгъэмрэ я гур пыщIауэ мэпсэу.

ПхъащIэри, фэм елэжьри, гъукIэри, дыщэидэмкIэ Iэзэри — адыгэ лъэпкъым и щIэиным и хъумакIуэщ, пщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэщ Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэм къеблэгъащ УФ-м и сенатор Къэзэнокъуэ Кърым, Къэрэшей-Черкесым и Парламентым и депутатхэу Щнахъуэ Кърым, Гуэнэ Игорь, Ганшин Алексей, Аслъэнхэ Алий, хыхьэхэкӀырылажьэ Дер Вячеслав сымэ. ХьэщIэхэр кърагъэблэгъащ район администрацэм и унафэщӀхэм.

— Мыпхуэдэ лъэпкъыпсэ дауэдапщэхэм къагъэлъагъуэ ди хабзэхэр зэрыпсэур, абыхэм щIэблэщIэм и гъащIэм щIыпIэ хэха зэрыщагъуэтыр. Дэ, нэхъыжьхэм, ди къалэнщ адэжьхэм къытхуагъэна щIэиныр тхъумэныр, хэдмыгъэкIуэдэныр. ИкIи администрацэми, си щхьэкIи къызбгъэдэкIыу тхьэгъэпсэу яжесIэну сыхуейщ а Iуэхугъуэм зи псэ хэзылъхьа, нобэ фестивалым къеблэгъа IэпщIэлъапщIэхэм. Фэращ, псом япэу, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумакIуэр. КъинэмыщIауэ, дауэдапщэм къеблэгъа хьэщIэхэми, волонтёрхэми, къызэгъэпэщакIуэхэми фIыщIэ лэ купсэм и унафэщI Лахъу Ларисэ жиIащ фестивальгъэлъэгъуэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэу щытар: ар ныбжьыщIэхэм я лъэпкъ лъапсэр зыхащIэнращ. — Ди купсэм деж сабийхэм я къэухьым лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зыдогъэужь.

Апхуэдэу, ахэр гъуазджэм епха мастеркласс зэхуэмыдэхэми хыдошэ. ИкIи, нэхъри ныбжьыщIэхэм ди щэнхабзэр зыхадгъэщIэн папщIэ, мыпхуэдэ Iуэхугъуэшхуэм и ужь дихьащ. Нобэ къеблэгъа IэпщIэлъапщIэхэр хуабжьу Iэзэщ, пщIэ зиIэщ, ябгъэдэлъ щIэныгъэхэмкIэ щIэблэм дэгуэшэну хьэзырщ.

КъинэмыщIауэ, дауэдапщэм ипэ къихуэу сурэт-зэхьэзэхуэ зэхэдублауэ щытащ. Абы ипкъ иту ди сабийхэр районым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, кIуэуэрэ сурэт гъэщIэгъуэнхэр трахащ. А зэхьэзэхуэм щытекIуахэри къэтпщытэжащи, абыхэм траха сурэтхэр стендышхуэхэм теддзэнущи, районым щыпсэухэм ди хэку цIыкIум и дахагъэр нэхъри IупщI ящыхъунущ, — къыддэгуэшащ я лэжьыгъэм и мурадыфIхэмкIэ унафэщIыр.

ЖыIэпхъэщи, фестивальгъэлъэгъуэныгъэм пэгъунэгъу узэрыхуэхъуу зэуэ уи псэр щытыкIэ нэху гуэрым хуэкIуэт: ди блэкIам, ди адэжьхэм я дуней гъэщIэгъуэным зыгуэркIэ упыщIа ухъуауэ къыпщыхъут. Ар гъэщIэгъуэнкъым. АтIэ, зы лъэныкъуэмкIэ заубгъуат шы Iэпслъэпсхэр, уанэхэр зыщI хъулъхугъуэхэм я IэрыкIхэр зыщыплъагъу Iэнэхэм, пхъэм къыхэщIыкIа шэнтхэм, Iэнэ лъакъуищхэм, сыхьэт гъэщIэгъуэнхэм, сурэт къыхэбзыкIахэм… Мыдрей лъэныкъуэмкIэ ятIагъуэм къыхащIыкI хьэкъущыкъу цIыкIухэр адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ ягъэщIэращIэт, абыхэм къабгъурытт дыщэидэм ухуэзыгъасэ бзылъ хугъэ гуапэхэр. Утыкур яйт гъукIэным зезыпщыт ныбжьыщIэхэмрэ ахэр зыущий, зыгъэгушхуэ Адышэс Азэмэтрэ. Нэхъри адыгэ щэнхабзэм, гъуазджэм я IэфIагъыр зыхыуагъащIэт дауэдапщэр къызэIузыха «Вагъуэбэ» ансамблым ягъэзащIэ пасэрей макъамэжьхэм. Гупым и Iэмэпсымэхэм и нэхъыбэр зыщIар я пашэ Ашыбокъуэ Азэмэтщ. КIэщIу жыпIэмэ, нэр зыIущIэр дахагъэт… Хуабжьу гъэщIэгъуэн тщыхъуащ илъэс 28-м щIигъуауэ фэм, шы Iэпслъэпсым елэжь Дыгъужь СулътӀан утыку кърихьа и IэрыкIхэр. АтIэ, абы и Iэнэм уардэу тетт илъэс 200 ирикъуа шы уанэр.

— Ар ди адэшхуэм ейуэ щытащ. Си адэр щыпсэум щIэхъуэпст ар къэдгъэщIэрэщIэжу унагъуэм щызетхьэным. ИкIи и хъуэпсапIэр нахуэ сщIащ. И кум илъ пхъэ закъуэм щымыхъукIэ, адрейр зэрыщыту щIэуэ схъуэжащ. Си къуэм шу зэхыхьэхэм, шыгъажэхэм мы уанэр и шым трелъхьэ, — дыщигъэгъуэзащ уанэм и хъыбарым СулътIан. IэпщIэлъапщIэм къыхегъэщ адыгэ уанэр нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIри: ар нэхъ псынщIэщ, шымкIи уанэм исымкIи нэхъ тыншу ухуащ. Шы Iэпслъэпсхэри пщIыныр тыншкъым. Псом япэрауэ фэм уелэжьыпхъэщ. Абы папщIэ, СулътIан къызэрыхигъэщащи, нэхъыфIыр илъэсиплIым ит жэмым и фэращ. Адыгэм сыт щыгъуи шы зэрихуэт, фIыуэ илъагъуу, пщIэ хуищIу. А псэущхьэм лъэпкъым хуиIа бгъэдыхьэкIэр илъэсхэми, иджырей псэукIэми ягъэкIуэдыфакъым. АтIэ, нобэ, гуапэ зэрыхъущи, шы зезыхуэхэри, абы шэсхэри нэхъыбэ мэхъуж. Абы щыхьэт тохъуэ Адыгэ Республикэм къикIа хьэщIэ Быж Iэдэм. — ИлъэсипщI гуэр хъуагъэнщ шы Iэпслъэпсхэр щIыным зэрызестрэ. Сыщысабий лъандэрэ шым сышэст. Ди дадэ нахътэ гуэрхэр схуищIу щытащ абы папщIэ. ИужькIэ, балигъ сыхъуауэ шы къыщызатым, дадэр псэужтэкъыми, абы ищIу щытахэр, зэрищIу щытахэр хуэм-хуэмурэ къэсцIыхуж хъуащ.

Апхуэдэу зезгъэсащ, — жеIэ Iэдэм. Быж Iэдэм мы фестивалым къезыгъэблэгъар ди республикэм и Шууей Хасэм и тхьэмадэ Астэжь Амирщ. Ари ди лъэпкъым и зэпыщIэныгъэм и щапхъэ дахэщ. Къыхэдмыгъэщыну Iэмал иIэкъым пхъэми фэми елэжь, Адыгэ-Хьэблэ щыщ Уэхъутэ Алии. Абы уанэ, шы Iэпслъэпсхэр ещI, пхъэм хьэпшып зэхуэмыдэхэр къыхебзыкI. Ауэ ди нэр зыфIэнар Iэнэм тета макъамэ Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэнращ. — Мыр пшынэ дыкъуакъуэщ. Ар адыгэхэм яIэу щыта макъамэ Iэмэпсымэхэм языхэзщ. ИджыкIэ абхъазхэмрэ осетинхэмрэ зэрахьэу солъагъу. Ар адыгэ энциклопедием къыщыслъэгъуати, сурэтымкIэ сщIащ. Арфэ жыхуаIэм ещхьщ, ауэ нэхъ цIыкIущ. Абы зыгуэр еуэфамэ, хуабжьу гъэщIэгъуэн хъунут, — жеIэ Алий. Адыгэ тхыпхъэщIыпхъэращи, ар сыт щыгъуи псэр дэзыхьэхщ. ИкIи дыщэидэмкIэ мастер-класс иригъэкIуэкIащ декоративноприкладной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэ, Хьэбэз дэт макъамэ сабий еджапIэм и егъэджакIуэ Шэрджэс Iэминат. Абы зэпымыууэ цIыкIуиини къыбгъэдыхьэурэ и IэрыкIхэмрэ дыщэидэм и щэхухэмрэ щыгъуазэ зыхуащIащ. МыдэкIэ цIыкIухэр куэду зэхуишэсащ «Си-Арт» творческэ студием и унафэщI Абыдэ Iэсятрэ абы и лэжьэгъу Александровэ Натальерэ ирагъэкIуэкIа мастер-классми. АтIэ, абыхэм ятIагъуэм хьэкъущыкъу цIыкIухэр сабийхэм къых рагъэщIыкIыурэ, иужькIэ тхыпхъэщIыпхъэхэр трагъэдзащ. КъинэмыщIауэ, адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр футболкэ, къэп хуэдэхэми сурэту традзащ. Фестивалыр икъукIэ нэгузыужьыгъуэт, псэр зыгъэ гуфIэт, гум ехуэбылIэт. Дэтхэнэми езым фIэгъэщIэгъуэн Iуэхугъуэ мыбдеж щигъуэтт… А псом и гуIэфIтещIэж хъуащ гур къэзыгъафэ Адыгэ Джэгур.

ЧЫРБЫЖ Иринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *