ПщIэ зыхуэтщIу Афганистаным и ветеранхэ, ди лIыхъужьхэ! Фэращ – лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъагъуэу Хэкур зыхъумэхэращ, зи щхьэр абы хуэзыгъэтIылъахэращ ди къэралым и гушхуапIэ нэхъыщхьэр. Фэ фи щапхъэращ зыщIэтпIыкIыр къытщIэтаджэ щIэблэр.
Фэ къэвгъэлъэгъуауэ щыта лIыхъужьыгъэр къытрагъэзэжу, нобэ лъэбакъуэ-лъэбакъуэ кIэрэ ди зауэлIхэм хуит къащIыж киев режимым IэщIэлъ цIыхухэр, фашистхэр дунейм трагъэкъэбзыкI. Мыпхуэдэ махуэ лъапIэм дэ фэ вжыдоIэ «Тхьэм фигъэпсэу!». Ди щхьэр яхудо гъэщхъ зи Хэкум зи щхьэр хуэзыгъэтIылъахэм, — жиIащ Хубиев Марат. КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр къыбгъэдэкIа зыхуэгъэзэныгъэм пэкIум къыщеджащ Ганшин Алексей. — Илъэс дапщэ темыкIыжами, ар ди къэралми, абы и дзэм и тхыдэми и щIыхь напэкIуэцIщ. Ар игъащIэкIи тщыгъупщэнукъым. Ди гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ мыухыж фхудощI Афганистаным зыхэта гугъуехьхэр, гъуэгу хьэлъэхэр, я гъащIэр здыхэкIуэдэнкIэ хъуну щыта щытыкIэ шынагъуэхэр къызэранэкIыу, псэууэ къытхуэкIуэжахэм, мамыр гъащIэм хуэфIу хыхьэжахэм, гуащIэдэкI лэжьыгъэфI зыгъэтIылъхэм, республикэм и жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтхэм. Дрогушхуэ фэркIэ, фIыщIэ ин худощI фи псэемыблэж лIыхъужьыгъэм! – къыхигъэщащ депутатым. СВО-м хахуагъ къызэрымыкIуэ къыщигъэлъагъуэу хэта, Парламентым и депутат Гусхэ Замир, щIалэгъуалэ хэкупсэхэм къабгъэдэкIыу къэпсалъэкIэрэ, жи Iащ я ныбжьэгъу нэхъыжьхэм, Афганистаным и ветеранхэм фIыщIэ ин зэрахуищIыр, щIалэгъуалэм хэкупсэ гъэсэныгъэ нэс яхэлъу къызэрытэджамкIэ. — Фэ фхуэдэ цIыхухэращ зызэтпщытыр. Афганистаным къикIыжа нэужь, ар зыпэщIэкIа ветеранхэм, зауэлI – афганцхэм зауэ-хэкупсэ лэжьыгъэшхуэ къыддрагъэкIуэкIащ, къыдгурагъаIуэт Хэкум фIылъагъуныгъэ хууиIэным къикIыр. Сэри абыхэм сащыщщ, сыныбжьыщIэу сыкъызыщIэтэджар афганцветеранхэм я щапхъэращ, ахэращ гъуэгуанэ захуэ сытезыгъэувар. Абы папщIэ фIыщIэу фхуэсщIыр гъунэжщ. Фэ фрищапхъэщ лIыгъэм, хахуагъэм, лIыхъужьыгъэ псэемыблэжым, — къыхигъэщащ ди лъэпкъэгъу щIалэ хахуэм. Къапщтэмэ, зэIущIэм къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ Къэрэшей-Черкесым щыщу илъэсипщIым зэрынэхьэскIэ советыдзэр зыхэта Афган зауэм щIалэщIэ 800-м щIигъу зэрыхэтар, интернациональнэ зауэлI пщэрылъхэр ягъэзащIэу 42-рэ зэрыхэкIуэдар. ИкIи, а зауэм къыхэмыкIыжахэм я фэеплъыр ягъэлъэпIащ, щыму дакъикъэкIэ щыткIэрэ. Муслъымэн, чыристан динырылажьэхэр тхьэ елъэIуащ, пэкIум хэтахэм дыуэ ирагъэщIащ. Иужьым, Афганистаным хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ сыным и лъабжьэр удз гъэгъахэмкIэ къагъэтIылъыхьащ.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.