МэлхьэпIатIэм зыщыфхъумэ
Роспотребнадзор къулыкъум къызэритымкӏэ, Урысейм щыщ цӏыху мин 337-м мэлхьэпӏатӏэр къайгуэуащ. «Согласие» страховой компанэмрэ ИНВИТРО клиникэмрэ хъыбар зэрагъэIущи, мэлхьэпӏатӏэм и етэгъуэ пӏалъэр мэлыжьыхь-мэкъуауэгъуэ мазэхэрауэ щытми, гъэмахуэр икӏыхункӏэ дысакъын хуейщ. Мэлхьэпӏатӏэмкӏэ щытыкӏэр нэхъ здызэфӏэзэрыхьыгъуэ хэгъуэгухэм ящыщщ Къэрэшей-Черкес Республикэр. «Мэлхьэпӏатӏэр мэлыжьыхь-мэкъуауэгъуэ мазэхэм нэхъ ятэу щыт щхьэкӏэ, абы зыщытхъумэу дысакъын хуейщ гъэмахуэ псом», — къыхегъэщ «Согласие» страховой компанэм и…