Тетам пэджэжу

2026 гъэм накъыгъэм (майм) и 21-м къыдэкIа «Черкес хэку» газетым и етIуанэ напэкIуэцIым тетащ ди редакцэм и журналист Лыхь Тимур и тхыгъэ, «ГъащIэ гъуэгум и зэхэкIыпIэ» фIэщыгъэцIэр иIэу. А тхыгъэм ипкъ иту журналистым адыгэ лъэпкъым и нэхъыжьыфI, КъЧР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Хъумэрэ къуажэм и Iимам Дыгъужь Барисбий зэпсэлъэныгъэ дригъэкIуэкIащ. Ар зытеухуауэ щытар Кавказ зауэм…

Читать далее

БАХЪТЫР Дамир и ехъулIэныгъэр

2025 – 2026 еджэгъуэ пIалъэр къызэщIэзыубыдэу щIалэгъуалэр, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэр зыхэлэжьыхьа, «Моя законотворческая инициатива» Урысейпсо зэпеуэм и очнэ Iыхьэр, лэжьыгъэ нэхъыфIхэр здыщагъэбелджылар, Москва къалэм щекIуэкIащ. Форумым ипкъ иту, абы хэтахэм эксперт советхэм я пащхьэ кърахьащ икIи яхъумэжащ я щIэныгъэ проектхэр. ЩIэплъыкIакIуэ советым хэтащ хабзэ и лъэныкъуэкIэ Урысейм и щIэныгъэлI пашэхэр. Ищхъэрэ-Кавказ къэрал академием къыбгъэдэкIыу зэпеуэм…

Читать далее

КIэдэкIуей ХьэзрэIил и вагъуэр

ПсэукIэ-Дахэ къуажэм дэс фермер КIЭДЭКIУЕЙ Мусэ иджыблагъэ хьэщIапIэ сыхуэкIуауэ щытащ. Абы теухуа тхыгъи згъэхьэзырри адыгэ газетым тетагъэххэщ. Мусэ сыщигъэгъуэзат ХьэзрэIил и цIэу къуэш нэхъыжь зэриIэм, абы езым и IэкIэ иухуауэ обсерваторэ зэригъэлажьэм, вагъуэхэмрэ планетэхэмрэ зэракIэлъыплъым, сабийхэр астрономием зэрыдригъэхьэхым.  Сэри зэгуэрым астрономием «лъагъуныгъэ хуэсщIауэ» щытащ, ар си гъащIэ IэнатIэ сщIыну си насып къимыхьами. Ауэ япэ лъагъуныгъэр…

Читать далее

Хахуагъэр ягъэщыпкъэу

Зауэ операцэ хэхар ди къэралым зэрызэхиублэрэ ди хэкуэгъу мымащIэм я цIэхэр лIыхъужьыгъэкIэ, хахуагъэкIэ, псэемыблэжыныгъэкIэ зэхэтхащ. Апхуэдэщ Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ Кхъувы ЦIыкIу къуажэм щыщ КИЛБЭ Олег Мурадин и къуэри. Мы зауэлIым зэрихьа хахуагъэм папщIэ ЛIыхъужьыгъэм и орденыр (дунейм ехыжа нэужь) къыхуагъэ фэщащ. Олег 1996 гъэм жэпуэгъуэм и 2-м къэхъуауэ щытащ. Жагъуэ зэрыхъущи, ар гъащIэ мащIэ хъуащ….

Читать далее

ЛIыгъэр лъым щыхэлъкIэ

Зауэ операцэ хэхар къызэрежьэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдым къахэкIа щIалэ мымащIэ мы Iуэхугъуэм хыхьащ. Хэти мобилизацэкIэ дашащ, хэти езыр-езыру контракткIэ дэкIащ, нэхъыщхьэращи, дэтхэнэри хэкупсэщ, лIыгъэ зыхэлъщ, псэ къару мыкIуэщI зиIэщ. Мис апхуэдэ ди зы хэкуэгъущ, ди лъэпкъэгъущ мы тхыгъэм и IэмалкIэ нэIуасэ фызыхуэтщIыну мурад тщIар. Ар СВО-р къызэрежьэрэ мобилизацэкIэ дашауэ лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ бжыгъэрэкIэ къызылъыкъуэкIа, зауэм…

Читать далее

Ди зауэлIхэм папщIэ

«Зыуэ щыт Урысей» партым и хэгъуэгу къудамэм псапащIэ гулъэ игъэхьэзырри иригъэшащ зауэ операцэ хэхар здекIуэкI щIыпIэм. Ар зылъысынур 34-нэ мотофочауэ гвардейскэ бригадэм хэт къулыкъущIэхэращ. УФ-м и Федеральнэ ЗэІущІэм ФедерацэмкІэ и Советым КъЧР-м къыбгъэдэкIыу хэт сенаторхэу Къэзэнокъуэ Кърымрэ Салпагаров Ахъмэтрэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Узденов Солтанрэ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Хъупсырокъуэ…

Читать далее

Лэжьыгъэм — нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ

«Зыуэ щыт Урысей» бэдаущ партым и Къэрэшей-Черкес хэгъуэгу къудамэм и 32-нэ конференцым щыхахащ партым и 23-нэ Съездым хэтыну делегатхэр. КъинэмыщIауэ, къапщытэжащ «предварительнэ IэIэт» Iуэхугъуэм кърикIуахэр. Ягъэбелджылащ хэгъуэгу къудамэм «Бжьыхьэ — 2026» хэхыныгъэ кампанэр зэрыригъэкIуэкIынумрэ абы хуэгъэзауэ къахуэув къалэнхэмрэ. Парт конференцым къеблэгъащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ, Зыуэ щыт Урысей партым и Ищхьэ советым хэт Темрезов Рэшид,…

Читать далее

ФIыщIэ яхуищIу

Урысейм и Махуэм зэкъуегъэувэ ныбжь зэхуэмыдэхэм ит, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу, IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм телажьэ, лъэпкъ зэщымыщхэм къахэкIа, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэхэр. Дэ псори дызыщыпсэур фIыщэу тлъагъу ди къэралырщ, абы и зыужьыныгъэмрэ гъэбыдэнымрэ щхьэж хузэфIэкI хэлъхьэныгъэ хуэтщIу. ИкIи, къэралым и махуэщI лъапIэм ипкъ иту, Къэрэшей-Черкесым и щIыналъэм къыщезгъэблэгъащ къуэш Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа хьэщIэхэр — УФ-м и Къэрал Думэм и…

Читать далее

Я гуащIэм хуэфащэ щIыхь

Зи гуащIэдэкI лэжьыгъэкIэ, IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъкIэ, Урысей къэралышхуэмрэ зыщалъхуа Къэрэшей-Черкесымрэ я зыужьыныгъэм псэемыблэж хэлъхьэныгъэ хуэзыщI цIыху гуащIафIэхэр Урысейм и Махуэм къэрал нагъыщэ лъагэхэмкIэ къыхагъэщащ. Апхуэдэу, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къихьа унафэм ипкъ иту, «За заслуги перед Отечеством» орденым етIуанэ нагъыщэ зиIэ и медалымкIэ къыхагъэщащ КъЧР-м и Парламентым и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Чеккуев Хъызыррэ…

Читать далее

Зэ зэвгъэлъагъу Бырмамытыр!

Ди хэгъуэгум щыIэ бгы нэхъ дахэхэм хабжэ Бырмамыт тафэр (плато). Мыбы къызэщIеубыдэ къыр задэхэмрэ къуэладжэ нашэкъашэхэмрэ, каньонхэр, джабэхэр. Тафэр Малки, Кумы псыхэм я псыхъуащхьэхэм я гъунэгъуу щыӏэ къыр шытхым щыщщ. Ар хохьэ Тебэрды лъэпкъ парк къуэдымэзым икIи къэралым ихъумэ щӏыуэпс щӏыналъэхэм хабжэ. Абы и нэхъ лъагапӏэм — метр 2592-рэм Бырмамытышхуэкӏэ, и гъунэгъуу къыпэщыт бгым Бырмамыт…

Читать далее