Сабий хамэ щыIэкъым
Сабийхэр хъумэным и Лъэпкъыбэ Махуэм ехъулIэу Росгвардием КъэрэшейЧеркесым щиIэ Управленэм и лэжьакIуэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ «Твори добро» псапащIэ акцэм хэтащ. Абы ипкъ иту, ахэр Черкесск къалэм дэт сабий Унэм щыхьэщIащ. Хабзэхъумэхэр цIыкIухэм IэфIыкIэхэмрэ зэрыджэгун саугъэтхэмрэ яIыгъыу яхуэкIуащ. Хэгъуэгу къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Повелицэ Виталий сабий Унэм щылажьэхэм фIыщIэ яхуищIащ абыхэм нанухэм хуащI гулъытэм папщIэ. «ГъащIэр ткIийуэ…