ЗыкIэлъывгъэплъ

2024 гъэм ди республикэм щыпсэу цIыху мин 327-м щIигъум медицинэ профилактикэ кIэлъыплъыныгъэхэр дра-гъэкIуэкIащ. Ар, абы ипэ ита илъэсым зыкIэлъызыгъэплъахэм нэхърэ проценти 20-кIэ нэхъыбэщ. Диспансеризацэм, нэгъуэщI профилактикэ къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, ди хэгъуэгум деж узыфэ мин 80-м нэс къыщIидзэ къудейуэ къыщIагъэщыфащ.Республикэм зэпымычу щылэжьащ Iэзэгъуэ-къэхутэныгъэ мыхьэнэ зиIэ, «Поезда-здоровья» зи фIэщыгъэцIэ, бгъэкуэш хъу медицинэ комплексхэр. Апхуэдэ Iэмалым и фIыгъэкIэ,…

Читать далее

ЩIэныгъэм — япэ лъэбакъуэ

Арэшыкъуэ Р. и цӏэр зезыхьэ Хьэбэз курыт еджапӏэм «Первые шаги в науку» зи фӏэщыгъэцӏэ, къэхутакӏуэ ныбжьыщӏэхэм я XVII-нэ район форумыр щызэхашащ.Районым и еджапӏэ 12-м щыщ, къэхутакӏуэ лэжьыгъэ гъэщӏэгъуэнхэр езыгъэкӏуэкӏа, е 4-10 классхэм ще-джэ ныбжьыщӏэ зэчиифӏэхэр абы къекӏуэлӏащ.Форумым и лэжьыгъэм хэтащ Хьэбэз район администрацэм егъэджэныгъэмкӏэ и къудамэм и унафэщӏ СИДАКЪ Жаннэ, КъЧРИПКРО-м цифровой зыужьыныгъэмкӏэ проректор АБДОКЪУЭ…

Читать далее

Фыхуэсакъ Iуейм (ящурым)

Іуейр — Іэщым, кхъуэм, дзыгъуэхэ-кІым яхуэлъэ узыфэщ. Унагъуэ Іэщым къащыпкърыхьэ закъуэтІакъуэ къохъу.Уззехьэ пкъыгъуэм Іэщым и цым зыщегъэбыдэ икІи апхуэдэу тхьэмахуи 4-м нэскІэ зехъумэ. Тхьэмахуи 3-рэ ныкъуэрэкІэ щыгъыным хэлъынущ. Узыр къызыпкърыуа Іэщым и щІыфэм, и жьэ кІуэцІхэм, цІынагъэ здиІэ щІыпІэхэм (слизистые) уэтэпс цІыкІухэр къещтэ.Уззехьэщ икІи узыр къызыпкърыкІщ Іэщ сымаджэр, атІэми Іэщышхуэр, кхъуэр, мэлыр, бжэныр. Іуейр зыхуэлъэу…

Читать далее

 Хьэтызэ, къухьэжынукъым уи дыгъэр!

 Скульптор лъэрыхь, егъэджакIуэ нэхъуса, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIЭМРЫГУ Хьэтызэ Iэмин и къуэр, псэужамэ, мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъунут…  КIэмрыгу Хьэтызэ 1950 гъэм мазаем и 16-м Хьэбэз къуажэм къыщыхъуащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ ар зэрысабий лъандэрэ IэщIагъэ хуэхъуну Iуэхугъуэм дихьэхт: ятIагъуэм зыгуэрхэр къыхищIыкIыныр фIэфI дыдэт. Гъэмахуэ зэрыхъуу анэм къуэр унэм къыхуешэлIэжтэкъым – щIалэ цIыкIур пщэдджыжьым…

Читать далее

 Гъатхэпэм и 27-р —  УФ-м и Лъэпкъ гвардием и дзэ  пакIэм и Махуэщ

ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъухэ, къулыкъущIэхэ, Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэ пакIэм и ветеранхэ, и лэжьакIуэхэ! Дывохъуэхъу фи IэщIагъэ махуэщIым и щIыхькIэ! Мыр — махуэбжым къыхэщ, мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэ закъуэкъым, атIэ гуеигъэм, лIыгъэм, IэщIагъэм хуэпэжы­ным я нагъыщэщ. Лъэпкъ гвардиер сыт щыгъуи щытащ ди къэралым и шынагъуэншагъэмрэ и зэпIэзэрытыныгъэмрэ я быдапIэу, апхуэдэуи къонэж. Фэ мыхьэнэшхуэ…

Читать далее

 Гъатхэпэм и 25-р —  щэнхабзэм и лэжьакIуэм и Махуэщ

Къэрэшей-Черкесым щэнхабзэмкIэ пщIэ зыхуэтщI и лэжьакIуэхэ! Ди гум къыбгъэдэкIыу дывохъуэхъу фи IэщIа-гъэ махуэщIымкIэ! Фэ, щэнхабзэм фрихъумакIуэщ икIи фыкъызэгъэпэща­кIуэщ, фи лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ ди республикэми, зэрыкъэралуи. Фи IэщIагъэр фIыуэ зэрыфлъагъум къыхэ-кIыу, ди хэгъуэгум къыщекIуэкI хабзэмрэ и телъыджа­гъымрэ мэпсэу, заужь, Урысейпсо, Къэралыбэ мыхьэнэ зиIэ гулъытэхэр ягъуэт. Щэнхабзэр — лъэпкъым и псэщ, дыхуэсакъыу тхъумэ икIи зыхэдгъахъуэ и щIэин…

Читать далее

Унагъуэм хуэгъэза

 УФ-м и Правительствэм щІигъэбыдащ унагъуэ, де­мографие политикэр. Ар зытеухуар унагъуэ быныбэхэм защІэгъэкъуэнращ. Дэфтэрыр пІалъэ кІыхькІэ лэжьэнущ, 2036 гъэри къызэщІиубыдэу, икІи ар хуэунэтІауэ щытынущ анэ-адэм защІэгъэкъуэным, сабий нэхъыбэ къэхъуным унагъуэхэр тегъэгушхуэным, бзылъхугъэм и узыншагъэр егъэ-фІэкІуэным, сабийм и зыужьыныгъэмкІэ щытыкІэфІхэр къызэгъэпэщыным. Стратегием и Іыхьэ нэхъыщхьэ хъунущ «Семья» лъэпкъ проектыр. УФ-м и Президент Путин Владимир игъэнэІуащ: «Демографие щытыкІэр…

Читать далее

Мыхьэнэшхуэ зиIэ

Коррупцэм пэщIэтынымкIэ КъЧР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Управленэм видеоконференц зэпыщIэныгъэм ипкъ иту семинар убгъуа щекIуэкIащ.  Мы Iуэхугъуэмрэ нэгъуэщI хабзэкъутэныгъэхэмрэ япэщIэтынымкIэ жэуаплыгъэ зыхь, хэгъуэгум и щIыпIэ самоуправленэхэм я къулыкъухэм я унафэщIхэр тепсэлъыхьащ 2024 гъэм ялэжьа Iуэхугъуэхэм, хэплъащ кор­рупцэм пэщIэтынымкIэ лажьэ хабзэм щIэуэ къыхыхьам. Гулъытэ хэха хуащIащ УФ-м гуащIэдэкIымрэ соци­альнэ хъумэныгъэмрэкIэ и Министерствэм зэхигъэува методическэ чэнджэщхэм. Экспертхэм…

Читать далее

 ЯгъэIэпхъуэ

 Узыщыпсэу мыхъужыну унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэкIыным ехьэлIауэ Урысейм и Президентым ищIа унафэр хэгъуэгухэм щагъэзащIэ. 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ СКФО-м метр зэбгъузэнатIэ мин 313- рэ къызэщIэ­зыубыдэ жьы хъуа унэхэм щыпсэу унагъуэхэр ягъэIэпхъуащ. «Жьы дыдэ хъуа унэхэм унагъуэхэр къыщIэгъэкIынымкIэ программэм мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ. Абы къыхэкIыу, мы унафэр зэрыдгъэзэщIэным жыджэру иужь дитщ. Ищхъэрэ-Кавказ федеральнэ хэгъуэгум 2019…

Читать далее

 НэIэм щIэтынущ

Къэрэшей — Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид хэгъуэгум щыпсэухэм яхуэзащ УФ-м и Президент Путин Владимир Черкесск къалэм щиIэ зэIущIапIэм.  ЩIаплъыкIащ Прикубан, Зеленчук районхэм, Карачаевск къалэм къикIахэм къаIэта упщIэхэр. ЗэIущIэм икIэм, Темрезов Рэшид къыкIэлъыкIуэ пщэрылъхэр ищIащ: — 2025 гъэм накъыгъэм (майм) и 9-м нэгъунэ зэгъэзэхуэжын Кавказскэ жылагъуэм щыIэ, Коммунальнэ уэрамымкIэ ирикIуэ, еджа­пIэм, сабий IыгъыпIэм, щэнхабзэмкIэ…

Читать далее