ЩIэблэм я щапхъэщ

УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, дзэ къулыкъум къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ АСТЭЖЬ Анзор къыхуагъэфэщащ «Хахуагъэм папщIэ» медалыр.Анзор Хъумэрэ къуажэм къыщыхъуащ, къуажэм дэт курыт еджапIэмщеджащ. А нагъыщэ лъапIэмкIэ дилъэпкъэгъум и цIэр къраIуащ зауэ операцэ хэхам и зауэлI пщэрылъхьэр щигъэзащIэу хахуагъэрэ гуеигъэрэ къызэрыщигъэлъэгъуам папщIэ.Анзор зауэ операцэ хэхар зэрыщIидзэрэ Хэкум и хьэлэмэтхэр ихъумэну къэувауэ, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу,Урысейм…

Читать далее

Гушхуэ зыкIуэцIылъа Сэупхъан

Хэку зауэшхуэм и илъэс етIуанэм щыхыхьам, наIуэ хъуат бзылъхугъэхэри фронтым зэрыраджэнур.  Санитаркэхэу зэуапIэм зэрыщыIэм къинэмыщIауэ, бзылъхугъэ полк щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщу щIадзащ.  Ди щIыпIэм икIыу, зауэм кIуа бзылъхугъэ 800-м  щIигъум яхэтащ Мамхэгъхэ я бын нэхъыщIэ Сэупхъани.    ФIэщ щIыгъуейт адыгэ къуажэм къыдэкIа, зи ныбжьыр илъэс 20 нэхъ мыхъуа, нысащIэ цIыкIум Iэщэ къищтэу, цIыхухъухэм ябгъэдэту зауэ губгъуэм иувэну. …

Читать далее

IэкIуэлъакIуэхэм я зэпеуэ

«Профессионалы-2025» IэщIагъэ IэкIуэлъакIуагъэмкIэ чемпионатым и хэгъуэгу Iыхьэр къызэIуахащ.Дауэдапщэм къекIуэлIащ зэпеуэм хэтхэр, экспертхэр, хьэщIэхэр. «Профессионалы» чемпионатыр IэщIагъэ егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Ар хуэгъэзащ къызэрыкIуэ лэжьакIуэ IэщIагъэ хэм я пщIэр хэгъэхъуэным, экономикэм зегъэужьынымкIэ, ехъулIэныгъэ зыIэрыгъэхьэнымкIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр къэгъэлъэгъуэным.Мы гъэм хэгъуэгу Iыхьэр республикэм щокIуэкI унэтIыныгъэ 33-мкIэ. Абыхэм ящыщщ агрономиер, копирайтингыр, тучантескассирыр, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр, хьэрычэтыщIэр, техникэ…

Читать далее

НэщIэбжьэ

Хэку зауэшхуэм хэта дэтхэнэ совет цIыхури зыпэщIэхуа гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэмрэ хьэзабымрэ нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. А илъэс гуащIэхэм ди сэлэтхэм къагъэщIа гъащIэм теухуа хъыбархэр щызэхэтхкIэ, гур егъэдзыхэ, абыхэм лIыгъэу зэрахьам, хэкупсагъэу яхэлъам куэдым урагъэгупсыс. Шэч хэлъкъым, ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэр дэркIэ лIыхъужьу къызэрынэм… Иджыблагъэ ди редакцэм къытIэрыхьащ Хьэбэз къуажэм щыщ Даур Тал Хэку зауэшхуэм зэрыхэтам, зауэлIыр зыпхыкIа гъащIэ гуауэм…

Читать далее

ГъэлъэгъуэныгъэфIхэр

«Къэрал къабзэ» («Чистая страна») парт проектым и къэухьхэм иту ирагъэкIуэкI Iуэхухэм нэхъапэу хыхьа хэгъуэгуи 5-м ящыщщ Къэрэшей-Черкесыр.Проектым и федеральнэ координатор, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм экологиемкIэ и Комитетым и унафэщI Кобылкин Дмитрий и унафэм щIэту урысей хэгъуэгухэм папщIэ ирагъэкIуэкIа селектор зэIущIэм къыщапщытэжащ 2024 гъэм ягуэщIа лэжьыгъэм и къыпэкIуэныгъэхэр. Республикэм деж цIыху мин 400-м щIигъу хэтащ…

Читать далее

ЦIыху гъащIэр егъэфIэкIуэн мурадкIэ

«Продолжительная и активная жизнь» лъэпкъ проектым хыхьэ «Модернизация первичного звена здравоохранения» хэгъуэгу программэм ипкъ иту, Къэрэшей-Черкес Республикэм медицинэ оборудованэщIэ къыIэрыхьэн щIидзащ. Апхуэдэу, мы илъэсым республикэм зэманым екIу медицинэ оборудованэщIэу 9 къыхэхъуэнущ. Абы хэтщ тхьэмбылым искусственнэу жьы зэрырагъашэ аппаратыр, УЗИ зэращI системитI, бгъэгум зэреплъ флюорографическэ системитI, цифрэ щытыкIэм иту къэзыгъэлъагъуэ маммографическэ рентген стационар системэхэр, лаораторэм къыщагъэсэбэп…

Читать далее

Сабийхэм я нэхэмкIэ

«Зыуэ щыт Урысей» партым иригъэкIуэкIа «Хэкум и хъумакIуэр сабийхэм я нэхэмкIэ» сурэт зэпеуэр къипщытэжащ.Партым и хэгъуэгу къудамэм зэпеуэм хэтыну республикэм щыпсэу ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэ 700-м щIигъу къекIуэлIащ. Сурэтхэр ягъэхьэзыращ сабий IыгъыпIэхэм, гъуазджэмкIэ сабий еджапIэхэм, курыт еджапIэхэм щеджэ хэм, уеблэмэ япэ курсхэм хэс студентхэм. Зэпеуэр къэзыпщытэж Комиссэм хэтщ КъЧР-м щэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ я Министерствэхэм я лIыкIуэхэр,…

Читать далее

ТекIуэныгъэм и Махуэм

Къэрэшей-Черкесым и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат иригъэкIуэкIащ Хэку зауэ Иным къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 80 зэрырикъур гъэлъэпIэным ипкъ иту зэхагъыхьа къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэхуэсыр гъэхьэзырыным хуэунэтIа зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщI Уэз Мурат, Правительствэм и министрхэр, Къэрэшей-Черкесым и военнэ комиссар, полковник Белобородов Сергей, «Защитники Отечества» фондым…

Читать далее

ЗауэлIхэр — мамыр гъащIэм

УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэм «Время героев» федеральнэ проектым и «Герои Карачаево-Черкесии» хэгъуэгу кадровэ программэр къызэІуихащ хэгъуэгум и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид. Пэублэ лъэбакъуэ хъуащ СВО-м хэтахэм папщІэ кадр зэхьэзэхуэм телэжьэну жылагъуэ советым и зэІущІэр. «Ди къэралыр щІыхь пылъу пыкъуэкІащ гъэунэхуныгъэ псоми. Урысей уардэр нобэ нэхъри къарууфІэрэ быдэрэ хъуащ. СВО-м зэришэлІащ къэралым и цІыхубэр….

Читать далее