Гъатхэпэм и 14-р — адыгэбзэм и Махуэщ

2000 гъэм мэлыжьыхь (апрель) мазэм и 10-м Адыгэ Республикэм и лIыщхьэу тета Джарым Аслъэн и Iэпэ щIэлъу Унафэ къыдэкIауэ щытащ гъатхэпэм (мартым) и 14-р — адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я Махуэу зэрагъэувамкIэ. Тегъэчынауэ а махуэр къыхэхыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар лъэпкъым и узэщIакIуэ Бырсей Умар игъэхьэзыра, «Букварь черкесского языка» тхылъыр 1853 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 14-м Тифлис къалэм…

Читать далее

Адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ я Махуэщ

📆Нобэ, гъатхэпэм и 14-м-  адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ я Махуэр догъэлъапӏэ! Ар щӏэдзапӏэ хуохъу 1853-рэ гъэм, Тифлис къалэм   Бырсей Умар и ӏэрыкӏ,  япэрей «Адыгэ хьэрфылъэр» дунейм къызэрытехьар.Ди лъэпкъым мы  махуэр хэӏэтыкӏауэ егъэлъапӏэ, лъэпкъыбзэр хъумэным, егъэфӏэкӏуэным, телэжьэным, зегъэужьыным хуэунэтӏа ӏуэху дахэхэр ирагъэкӏуэкӏ. 📝Нобэ, мы махуэшхуэм ипкъ иту, зэрыреспубликэу зэдыдотх «Адыгэ ӏуэрытхыр»❗Фыкъыхудоджэ абы фыкъыхыхьэну!

Читать далее

БлэкIам и фэеплъу

ГъущI ахъшэ зэхуэхьэсынымкIэ «ЩIэблэ арэзыхэм я фIыщIэ мыкIуэщIыр» зи фIэщыгъэцIэ акцэр республикэм щыпсэухэм къахузэригъэпэщащ Байчоровэ Марие и цIэр зезыхьэ, тхыдэ-щэнхабзэ, щIыуэпс музей-къуэдмэзым.Абы хэтахэм яхузэфIэкI къамыгъанэу мы IуэхуфIым хэлъхьэныгъэ хуащIащ. Зэхуахьэса ахъшэр фэеплъым и зы Iыхьэщ, абы къегъэлъагъуэ Хэку зауэшхуэм и фэеплъыр хъумэнымкIэ псоми ди зэхуэдэ къалэныр зэрыдгъэзащIэр.Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид мы проект гъэщIэгъуэныр игу…

Читать далее

Бзылъхугъэ насыпым и лъагъуэхэш

Балигъ ущыхъуа зэманым IэщIагъэ пхуэхъунур къыхэхынымкIэ уи щхьэ къыхуэпхьыж унафэм куэдкIэ елъытащ уи гъащIэ псор зэрыбгъэкIуэнур. ФIыуэ плъагъу Iуэхур къыхэпхамэ, шэч хэлъкъым абы нэхъри удихьэхыурэ зэрыкIуэнум. Борсэ Фатимэ дохутыр IэщIагъэр къыхэхыным куэдрэ егупсысакъым. ЕджапIэр дыщэ медалкIэ къэзыуха пщащэм триубыдащ медицинэм, икIи зэи абы хущIегъуэжакъым. — Сэ совет зэманым сыхиубыдащ. Апщыгъуэм хъыджэбз цIыкIухэм папщIэ пщIэ зиIэ…

Читать далее

«Хъыбарыншэу кIуэда» щыIэжын хуейкъым

ФIэхъус гуапэ фыдох, ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ! Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ къедгъэжьауэ «Черкес хэку» газетым къытыдодзэ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ хъыбарыншэу кIуэдахэр къэлъыхъуэжынымкIэ адыгэм дипхъу щыпкъэ, Урысей Федерацэм и журналистхэм я Союзым хэт ХЬЭМЫКЪУЭ Жаннэ иригъэкIуэкI лъыхъуэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ къызэрымыкIуэр. Апхуэдэу, совет, нэмыцэ архивхэм хэлэжьыхьурэ, Жаннэ къелъыхъуэж зауэм щыгъуэ кIуэдауэ, иджырэ къыздэсым зи хъыбар ямыщIэхэм я кIэух хъуар. А…

Читать далее