Бзэр — лъэпкъым и псэщ

Мазаем и 21-р анэдэлъхубзэм и Махуэу щыткІэрэ, хабзэфІ зэрыхъуари и лъабжьэу, къыкІэлъыкІуэ, е 4-нэ Лъэпкъзэпх тотальнэ Іуэрытхыр республикэм и еджапІэхэм, щІэнгъуазэ ІуэхущІапІэхэм, библиотекэхэм щатхащ. АбыкІи къэмыувыІэу, адэкІи пащащ. Апхуэдэу, мазаем и 25-м Черкесск къалэм дэт, зи №9 гимназием зэІущІэ щекІуэкІащ. Абы къызэхуишэсащ мы еджапІэм щеджэхэр, щезыгъаджэхэр, хьэщІэхэр: щІэныгъэрылажьэхэр, гъуазджэм хуэлажьэхэр, журналистхэр, ныбжь зэхуэмыдэм итхэр, лъэпкъ…

Читать далее

Хабзэр зыгъэзащIэр щыуэкъым

Дунейм къыщыхъу хьэргъэшыргъэхэм, зэтемыгъэпсыхьа псэукІэм, нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэми къыхэкІыу, иужьрей илъэсхэм «миграцэ» псалъэм и мыхьэнэр нэхъри хэхъуащ икІи абы гулъытэ хэха хуэтщІыну хуэфащэщ. Дызыщыпсэу хэгъуэгур къэтщтэнщи, мащІэкъым Къэрэшей-Черкесым мигранту щыпсэур: узбекхэр, таджикхэр, азербайджанхэр, индусхэр… Хэти йоджэ, хэти мэлажьэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкІэ къытхуэкІуауи ирехъу, миграцэ нэІэм щІэту, я зэхэзекІуэр миграцэ къулыкъухэм щыщІэтхауэ щытыпхъэщ. Миграцэ нэІэ и лъэныкъуэкІэ…

Читать далее

Адэм и Iуэхур къуэм пещэ

ЧЕРКЕССК къалэм дэт уней тхылътедзапIэ нэхъ инхэм, лъэкIыныгъэ нэхъ зиIэхэм ящыщщ Джатэ Хьисэ и унафэм щIэту лажьэр.Абы зыхуэзгъэзэным ипэ къихуэу, сеплъащ тхылътедзапIэм зи Iуэху зыхузэфIигъэкIа цIыхухэр абы и сайтым деж къызэрыпэджэжам. Зым етх: «Мыхэр зи Iуэхум нэгъэсауэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIщ!! (джэ нагъыщитI зэрыщытым къегъэлъагъуэ цIыхур хуабжьу зэрыарэзыр). Ди Iуэхухэр щIэх дыдэ икIи фIагъ лъагэ иIэу тхузэфIагъэкIащ….

Читать далее

Зы къарууэ зэроубыд

Хьэбэч Умар и цІэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес педагогическэ колледжым и студентхэм СВО-м щыІэзауэлІхэм папщІэ гуманитар дэІэпыкъуныгъэ зэхуахьэсащ. Ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ Іуэхур щыхьэлъэм, псэзэфІэзэрыхьыгъуэ щыхъум деж псори зы къарууэ зэрызэрыубыдым.«Студентхэр, щІалэгъуалэр апхуэдэ псапащІэ Іуэхухэм зэрыхэлэжьыхьым нэгъуэщІхэри къыхуегъэуш, къыхуреджэ фІы щІэным, зауэлІхэм дэІэпыкъуэгъу яхуэхъуным. КъинэмыщІауэ, апхуэдэ гуманитар ІуэхущІафэм къэралымкІэ, абы и цІыхухэмкІэ жэуаплыгъэр щІегъэбыдэ,хэкупсэ гъэсэныгъэр къеІэт….

Читать далее

Мамыр уэгум и къэрэгъулщ

АБАЗЭ РАЙОНЫМ хыхьэ Инжыдж-КIыкIун къуажэм щыщ Джуджухэ Руслан Псэбыдэ и къуэр граждан лIыхъужьыгъэмрэ хэкупсагъэмрэ я щапхъэщ. Псом япэу, лIыхъужьыгъэр ар – псэемыблэж хущIэкъуныгъэщ, быдагъэщ. Езыр хэт лIыхъужьу къэплъытэ хъунур? Ар лIыгъэ зыхэлъ Iуэхухэр зылэжь, нэгъуэщIхэм папщIэ зи псэ щымысхь цIыхуращ. ЛIыхъужьхэр дэ къытхэтщ, дэ къытхэкIащ. Джуджухэ Руслан илъэс 14 хъуауэ контракт къулыкъукIэ Хэкур ехъумэ. Зауэ…

Читать далее

ЩIэблэм я щапхъэщ

УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, дзэ къулыкъум къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ АСТЭЖЬ Анзор къыхуагъэфэщащ «Хахуагъэм папщIэ» медалыр.Анзор Хъумэрэ къуажэм къыщыхъуащ, къуажэм дэт курыт еджапIэмщеджащ. А нагъыщэ лъапIэмкIэ дилъэпкъэгъум и цIэр къраIуащ зауэ операцэ хэхам и зауэлI пщэрылъхьэр щигъэзащIэу хахуагъэрэ гуеигъэрэ къызэрыщигъэлъэгъуам папщIэ.Анзор зауэ операцэ хэхар зэрыщIидзэрэ Хэкум и хьэлэмэтхэр ихъумэну къэувауэ, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу,Урысейм…

Читать далее

Гушхуэ зыкIуэцIылъа Сэупхъан

Хэку зауэшхуэм и илъэс етIуанэм щыхыхьам, наIуэ хъуат бзылъхугъэхэри фронтым зэрыраджэнур.  Санитаркэхэу зэуапIэм зэрыщыIэм къинэмыщIауэ, бзылъхугъэ полк щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщу щIадзащ.  Ди щIыпIэм икIыу, зауэм кIуа бзылъхугъэ 800-м  щIигъум яхэтащ Мамхэгъхэ я бын нэхъыщIэ Сэупхъани.    ФIэщ щIыгъуейт адыгэ къуажэм къыдэкIа, зи ныбжьыр илъэс 20 нэхъ мыхъуа, нысащIэ цIыкIум Iэщэ къищтэу, цIыхухъухэм ябгъэдэту зауэ губгъуэм иувэну. …

Читать далее

IэкIуэлъакIуэхэм я зэпеуэ

«Профессионалы-2025» IэщIагъэ IэкIуэлъакIуагъэмкIэ чемпионатым и хэгъуэгу Iыхьэр къызэIуахащ.Дауэдапщэм къекIуэлIащ зэпеуэм хэтхэр, экспертхэр, хьэщIэхэр. «Профессионалы» чемпионатыр IэщIагъэ егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Ар хуэгъэзащ къызэрыкIуэ лэжьакIуэ IэщIагъэ хэм я пщIэр хэгъэхъуэным, экономикэм зегъэужьынымкIэ, ехъулIэныгъэ зыIэрыгъэхьэнымкIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр къэгъэлъэгъуэным.Мы гъэм хэгъуэгу Iыхьэр республикэм щокIуэкI унэтIыныгъэ 33-мкIэ. Абыхэм ящыщщ агрономиер, копирайтингыр, тучантескассирыр, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр, хьэрычэтыщIэр, техникэ…

Читать далее

НэщIэбжьэ

Хэку зауэшхуэм хэта дэтхэнэ совет цIыхури зыпэщIэхуа гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэмрэ хьэзабымрэ нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. А илъэс гуащIэхэм ди сэлэтхэм къагъэщIа гъащIэм теухуа хъыбархэр щызэхэтхкIэ, гур егъэдзыхэ, абыхэм лIыгъэу зэрахьам, хэкупсагъэу яхэлъам куэдым урагъэгупсыс. Шэч хэлъкъым, ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэр дэркIэ лIыхъужьу къызэрынэм… Иджыблагъэ ди редакцэм къытIэрыхьащ Хьэбэз къуажэм щыщ Даур Тал Хэку зауэшхуэм зэрыхэтам, зауэлIыр зыпхыкIа гъащIэ гуауэм…

Читать далее

ГъэлъэгъуэныгъэфIхэр

«Къэрал къабзэ» («Чистая страна») парт проектым и къэухьхэм иту ирагъэкIуэкI Iуэхухэм нэхъапэу хыхьа хэгъуэгуи 5-м ящыщщ Къэрэшей-Черкесыр.Проектым и федеральнэ координатор, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм экологиемкIэ и Комитетым и унафэщI Кобылкин Дмитрий и унафэм щIэту урысей хэгъуэгухэм папщIэ ирагъэкIуэкIа селектор зэIущIэм къыщапщытэжащ 2024 гъэм ягуэщIа лэжьыгъэм и къыпэкIуэныгъэхэр. Республикэм деж цIыху мин 400-м щIигъу хэтащ…

Читать далее