
Псы Iуфэхэр ягъэбыдэ
Къэрэшей районым хыхьэ Хъумэрэ къуажэм щаухащ Псыжь и ижьырабгъу Iуфэр зыгъэбыдэ, километр 1,93-рэ зи кIыхьагъ дамбэр капитальнэу зэгъэзэхуэжыныр. Лэжьыгъэхэм я Iыхьэ нэхъыщхьэр 2024 гъэм зэфIагъэкIащ «Защита от наводнений и иных негативных воздействий вод и обеспечение безопасности гидротехнических сооружений» федеральнэ проектым и къэухьхэм иту. Хъумэрэ къуажэр исщ бгылъэ щIыпIэм. Мыбдежым Псыжь уэрщ, псом хуэмыдэу гъатхэ псы…