Ахэр зэгуэрми тщыгъупщэнукъым
АДЫГЭБЗЭКIЭ къыдэкI «Черкес хэку» газетым сыщылэжьа илъэсхэр сыт щыгъуи гуапэу сигу къокIыж. Апщыгъуэм сэ сапэщIэхуащ ныбжь, Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэ зиIэ цIыху хьэлэмэтхэм. Псом хуэмыдэу гукъэкIыж гуапэхэм сыхашэж ди нэхъыжьыфIхэу садэлэжьэну къысхуихуахэм. Къапщтэмэ, апхуэдэхэщ Шурдым Кушыку, Гъуэщокъуэ Хъусин, Ахъмэт Мухьэдин, Бахътыр Исмэхьил, Мамхэгъ Жыхьэбэн, Брат Хьэбас, Даур Жэхьфэр сымэ. А нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэу, абыхэм ядэплъейуэ къытхэтащ газет…