Ди щIалэ хахуэ

Х Ь Э Г Ъ У Н Д Ы К Ъ У Е Й къуажэм дэкIауэ СВО-м лIыгъэ щызезыхьэу щыIэ, къызыхэкIа лъэпкъми, зи хьэлэмэт зыщIэзэу къэралми хуэщыпкъэ щIалэ куэдым Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам я къулыкъу пщэрылъхэр щапхъэгъэлъагъуэу щагъэзащIэ.
Нэхъыбэжи жытIэнщи, ахэр хэгъэзыхь хэмыту Iууващ фронтым, я псэ къыхуеджэныгъэкIэ, я хэкупсагъэкIэ, Хэкур зэрахъумэн хуейр хьэкъыпIэкIэ зыхащIэу…
Си къуажэгъу, си гъунэгъу щIалэр — ЖАНТЕМЫР Аслъэнбэч, си нэгу зэрыщIэтыр щIалэ къуейщIей цIыкIуу хьэблэм зэрыгъэдаущ нанухэм щахэта пIалъэхэращ. Куэд щIат ар?! ИтIани, лIыгъэм къыпэкIуа медалхэр зи бгъэгум щылыд, лIыпIэм иува Аслъэнбэч сыщеплъкIэ, абы лъандэрэ илъэс 20 зэры текIыжар къызгуроIуэж…
Аслъэнбэч СВО-р щыщIидза пIалъэм гукъэкI ищIри, контракт къулыкъур итхащ, Хэкум къыщхьэщыжыну фронтым Iуувахэм ябгъурыуващ. Я унагъуэм щыщхэм зэрыжаIэмкIэ, зэуапIэ щIыпIэ куэдым щыIагъэххэщ. Япэ щIыкIэ Шэшэн Республикэм и Наур районым и дзэ пакIэм, 71-нэ гвардейскэ дивизэм хэту къыщыхутащ Калиновскэ станицэм. ПIалъэ кIэщIкIэ ар яшащ Донецк.
Абы къыкIэлъыкIуащ Запорожскэ областыр… Тхуэнейрэ Аслъэнбэч уIэгъэ хъуащ. Ауэ, къызэрызэфIэувэжу, и къару зэрызриг ъэг ъуэтыжу, фронтым Iуохьэж…
Аслъэнбэч лIыгъэ хэлъщ, жыIэщIэщ, и унафэщIхэмрэ къэралымрэ къыхуагъэув п щ э р ы л ъ х э р ,
къалэнхэр пылъхьэншэу сыт щыгъуи зыгъэзащIэщ.
Аращ къулыкъу къыдэзыщIэхэм я пащхьэ адыгэ щIалэм и пщIэр щIэиныр. ЩIалэ хахуэм зауэм щызэрихьэ лIыгъэм медаль бжыгъэ къыпэкIуагъэххэщ. Аслъэнбэч къыхуагъэфэщащ етIуанэ нагъыщэ зиIэ «За храбрость», Жуковым и цIэкIэ медаль лъапIэхэр. Тхьэм узыншэу укъытхуихьыж, ди щIалэ хахуэ!

ЩОХЪУЖЬ Люсанэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *