Лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэу
ХабзэфI зэрыхъуауэ, илъэсым икIэм къапщытэж КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкIэ Министерствэм и къызэгъэпэщыныгъэкIэ иригъэкIуэкI республикэ журналист творческэ зэпеуэр. Иужьрейр хуэунэтIауэ щытащ хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэр зэдэгъуэгурыкIуэным, зэгурыгъэIуэным теухуауэ журналистхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм.Журналистхэм я творческэ зэпеуэм сыт щыгъуи къыхашэ печать, электроннэ СМИ-хэм я IэщIагъэрылажьэхэр, икIи, зэныкъуэкъуныгъэм ипкъ…