ЦIыхубэ IэщIагъэр — блэкIам и гъуджэщ

Хьэбэз къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм хьэщIэ лъапIэхэр къеблэгъащ. Апхуэдэт, Адыгэ Республикэм къикIа ди лъэпкъэгъу IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэмкIэ гъуазджэм и дахагъыр зыхозыгъащIэ хьэпшып-хэмкIэ зэхэгъэува гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэныр зыщIахэр.
Мы щэнхабзэ дауэдапщэр гъэхьэзырыным щхьэпэрэ щIэгъэкъуэнрэ хуэхъуар АР-м цIыхубэ щэнхабзэмкIэ Купсэмрэ Хьэбэз районым и щэнхабзэмкIэ Унэмрэщ. Мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэр ди хэгъуэгум къэшэнымкIэ жэрдэмыр зейр Адыгэ Республикэм цIыхубэ щэнхабзэмкIэ Купсэм и лэжьакIуэ ХЬЭБИ Пщымахуэрэ Хьэбэз район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI ДАУР Аннэрэщ.

ХЬЭБЭЗ къуажэм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм зы махуэм къриубыдэу цIыху 500-м щIигъу къекIуэлIащ. Ари гурыIуэгъуэщ: нэIуасэ зызыхуэпщIыныр мащIэтэкъым. Апхуэдэт Благъуэжь Зулифэ ищIа адыгэ фащэхэр, Бутусов Александр мывэм къыхищIы напэкIа сурэтхэр, Чэсэбий Саидэ ищIа, хьэгъуэлIыгъуэхэм къыщагъэсэбэп пасэрей Iэмэпсымэхэр, Щауэкъуэ Раситэ итха сурэтхэр, Туарэ Саидэ и IэрыкI матэ зэмылIэужьыгъуэхэр, Лъэустэнджэл Дариет дыщэидэкIэ игъэщIэрэщIа щхьэнтэхэр, чысэхэр, бащлыкъхэр (щхьэрыпхъуэнхэр), Къуэстокъуэ Руслан пхъэм къыхиIущIыкIа хьэпшып зэхуэмыдэхэр, нэгъуэщIхэри.
ХьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ къапежьащ Хьэбэз районым и Iэтащхьэ Тэмазэ Рэмэзан, район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Сатушы Мурат, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжым хыхьэ ДПИ къудамэм и унафэщI Лэпыгъу Эммэ, Хьэбэз район администрацэм щэнхабзэмкIэ къудамэм и унафэщI Даур Аннэ сымэ.
Тэмазэ Рэмэзан къыхигъэщащ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным ди нобэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар дэтхэнэми ди къалэн пажэхэм языхэзу зэрыщытыпхъэр, дяпэкIэ псэуну щIэблэм ди лъапIэныгъэхэр нэтхьэсыну лъэкIыныгъэ диIэн папщIэ.
Даур Аннэ и къэпсэлъэныгъэм деж гу щылъитащ хьэщIэхэр зэригуапэр, абыхэм Хьэбэз районым щыпсэухэр куэд щIауэ зэрапэплъар.
— Дэ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, дызэроцIыхуххэ. Сыту жыпIэмэ, Адыгэ Республикэм зэкъым дызэрыщыхьэщIар, абдеж щрагъэкIуэкI фестиваль, гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэм япкъ иту. Иджы дэ фыкъытхуеблэгъащи, ди гуапэ дыдэщ ди зэпыщIэныгъэр, — къыхигъэщащ Даур Аннэ.
Абы хьэщIэхэм яхуигъэфэщащ фIыщIэ тхылъхэмрэ Хьэбэз къуажэм щыщ IэпщIэлъапщIэ Адышэс Азэмэт хьэщIэхэм яхуищIа, абыхэм я унагъуэцIэхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр зытет теплъэгъуэ — паннохэр.
Лэпыгъу Эммэ Адыгэ Республикэм къикIа ди лъэпкъэгъухэм зэращыгуфIыкIыпар и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ.
— Мы гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтыщэм ди колледжым щыщ студент гуп къыздэсшащ. Нобэ утыку кърахьа IэрыкIхэр абыхэм яфIэгъэщIэгъуэныну къысщохъу. Сыт и уасэ зы Iуэху дахэм пэрыт цIыхухэр зэхуэзэу, щхьэж къигъэсэбэп Iэмалхэм теухуауэ зэдэуэршэрыныр, я зэхэщIыкIымкIэ зэдэгуашэу зэбгъэдэтыныр. Пэжыр жысIэнщи, Адыгейр сфIэфI дыдэщ. Абдеж щэнхабзэм, гъуазджэм, ди блэкIам пщIэшхуэ щыхуащI. Тхьэм игъэпсэу къеблэгъахэри къезыгъэблэгъахэри! — жиIащ Лэпыгъум.
Псалъэ хэзышэхэр зэфIэкIа нэужь, гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ «Вагъуэбэ» ансамблым. ХьэщIэхэм къыздаша хьэпшыпхэм къагъэщIа пасэрей «щытыкIэр» нэхъри ягъэбелджылыуэ, ныбжьыщIэхэр адыгэ макъамэжьхэм къеуащ, дауэдапщэм хэта дэтхэнэри ди блэкIа дахэм дыкъыщагъэхутащ…
ЖыIэпхъэщи, ансамблым къигъэсэбэпа макъамэ Iэмэпсымэхэм я нэхъыбэр зыщIар ди хэгъуэгум и мызакъуэу, адыгэр здыщыпсэу щIыпIэ псоми цIэрыIуэ щыхъуа IэпщIэлъапщIэ Ашыбокъуэ Азэмэтщ. Абы и IэрыкIхэу ансамблым къагъэсэбэп зэпытщ шыкIэпшынэр, Iэпэпшынэр, къамылыр, сыринэр, пхъэ тIаркъыр, пхъэцIычыр.
Езы гъэлъэгъуэныгъэращи абы цIыкIуи-ини зыIэпишащ жытIэмэ, едгъэлеяуэ къыщIэкIынукъым. IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэм убгъэдыхьэу, тыншу зэбгъэлъагъуну, уеблэмэ, уеIэбыну Iэмал псори щыIащ. Нэ-хъыжьхэми, сабийхэми — псоми а Iэмалыр я гуапэ дыдэу, яфIэгъэщIэгъуэну къагъэсэбэпащ. Дэри апхуэдэ Iэ-малыр зыIэщIэдгъэкIакъым. Апхуэдэу, Iэпэ мастэкIэ (крючок) мастер-дизайнер БЛАГЪУЭЖЬ Зулифэ и IэрыкI хъуа адыгэ фащэхэм зэуэ дызыIэпашэри, бзылъхугъэ гуапэм упщIэ зэхуэмыдэхэмкIэ зыхуэдгъэзащ.
Япэрауэ, жыIэпхъэщи, цIыхухъу цейри, бзылъхугъэ фащэри, нэгъуэщI хьэпшыпхэри, псори къызыхэщIыкIар цырэ псырылъэрэщ (лён). Цыри псырылъэри къегъэсэбэпри, Зулифэ Iэпэ мастэкIэ адыгэ фащэр зэрызэхэт пкъыгъуэ псори ещI. Нэхъ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ нэгъуэщIу жытIэнщи, фащэр щэкIым къыхидыкI-къым, атIэ цы зэрыхъэ, псырылъэр илъэфэн Iэмалхэращ къигъэсэбэпыр.
ДэркIэ гъэщIэгъуэн хъуащ Зулифэ мы IэщIагъэм хуеджауэ зэрыщымытыр (ар бухгалтерщ), атIэ езым хэлъ зэчиймкIэ мыпхуэдэ лъагапIэм нэсын зэрылъэкIар.
— Псори къыздежьар ди унагъуэм къихъухьа нануращ. Куэдрэ диIакъым, икIи дыпэплъэт абы, Тхьэ делъэIут. Арати, ар къыщыхъум, дауи, си зэмани, си гулъыти абы и дежкIэ згъэкIуащ. Пщащэ цIыкIур зыми емыщхьу хуэпауэ щытыну сехъуапсэти, Iэпэ мастэкIэ зыгуэрхэр тIэкIу сщIы хуэду сыщытти, ар сигу къэкIыжри сабийм пыIэ цIыкIу хуэсщIауэ щытащ. Абы бохуцейр къыкIэлъыкIуащ. Ауэрэ, хуэмурэ, тэрэзу сымыщIамэ, згъэлъэлъэжурэ апхуэдэущ нобэ мыбдеж къэсшахэм сазэрыхуэкIуар. Япэм «хобби» хуэдэу сиIами, иджыкIэ си IэщIагъэ хъужащ мы Iуэхугъуэр, — жеIэ Зулифэ.
Абы и IэрыкIхэр ауэ утIыскIэ щIэх-щIэхыу пхуэщIыну щыткъым. Псалъэм папщIэ, езы бзылъхугъэм дызэрыщигъэгъуэзащи, цIыхухъу фэилъхьэгъуэ къыздишам (абы щIагъщIэлъ джанэр, и щхьэм къытралъхьэ цейр, пыIэр, бащлыкъыр хеубыдэ) мазиплIкIэ кIэрысащ.
— Мы щIагъщIэлъ джанэр псырылъэ Iуданэрэ данэрэщ къызыхэхар. И щхьэм телъ цейр альпакэм ицрэ кидмахер, меринос жэуэ зэхэлъщ. СфIэфIщ зэхэслъхьэну Iуданэ зэхуэмыдэхэр. Мыбдеж щIыIухэр и ныкъуэр фэкIэ сыухуэнащ, адрейхэм фэ ятездащ, — дыщегъэгъуазэ и лэжьыгъэр зэрекIуэкIам бзылъхугъэ гуапэм.
ЖыIэпхъэщи, нобэ ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэдым я щэнхабзэм, хабзэм гупэкIэ зыхуагъэзэж хъуащ, аращи Зулифэ и IэрыкIхэм щIэупщIэ ин яIэщ.
АдэкIэ ди нэр зыIэпызышахэм ящыщщ мывэм къыхэщIыкIа сурэтхэр. Абыхэм ящыщу япэ дыдэу узыIуплъэр бгыхэр зи щIыбагъ къыдэт бгъэжьыр зытетращ. Ар БУТУСОВ Александр и IэрыкIщ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ мы цIыхухъури и IэщIагъэ гъэщIэгъуэным хуеджауэ щыткъым. Абы къиухауэ щытар пединститутымрэ автотранспортымкIэ техникумрэщ. Ауэ Александр адэм хъумэным бгъэдэлъа зэчийр къыхуэкIуауэ къыщIэкIынущ.
— Си адэр сурэтыщIу щытащ. Абы и пейзажхэрагъэнщ сэри зыгуэр къэзгъэщIыну сыхуей сызыщIар, — жеIэ IэпщIэлъапщIэм.
АдэкIэ псэлъэгъу зыхуэтщIащ ротангыр къигъэсэбэпкIэрэ чыматэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыщI ТУАРЭ Саидэ. Пасэм щыгъуэ апхуэдэ матэхэр жыгхэм я чы цIынэхэм къыхахыу щытащ. Ахэр зэхуахьэст, ягъэгъути, зэрыхуейуэ яблэт.
— Иджы къызыхэтх ротангыр, дауи, тыншщ. Ар хьэзыру ящэ икIи нэхъыбэрэ абы къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр къыпхуэгъэсэбэпынущ. Псалъэм папщIэ, градускIэ убгъэдыхьэмэ абы +50-ри, -50-ри хуэшэчынущ. Аращи, абы къыхэкIыу, абы къыхэщIыкIа матэхэр дэнэ дежи къэбгъэсэбэп мэхъу. Я инагъри я плъыфэри сыт хуэдэу ухуейми пщIыфIынущ. Нэхъыбэу ахэр цIыхухэм удз гъэгъамрэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ къыхуагъэсэбэп, — къыддогуашэ Саидэ.
Япэрей ди псэлъэгъуитIым хуэдэу, Саиди мы IэщIагъэм хуеджакъым. Ар фIэфIу, игу ирихьу зэрыщытым къыхэкIыу, хуэм-хуэмурэ зригъэсауэ аращ.
АдэкIэ уплъэмэ, ЧЭСЭБИЙ Саидэ зыбгъэдэт Iэнэ гъэщIэрэщIами ублэкIыну зы Iэмали щыIэкъым: абдеж телъщ мэзыдэ цIыкIум, дэшхуэм къыхэщIыкIа хьэтиякIуэ башхэр, дэжьей бэракъхэр. ЖыIэпхъэщи, ахэр ди пасэ зэманым къызэрыхэсыкIар псэкIэ зыхыбощIэ.
— ХьэгъуэлIыгъуэхэм, нысэишыжхэм къыщагъэсэбэп пкъыгъуэхэр сыт щыгъуи сфIэгъэщIэгъуэну щытащ. Апхуэдэ слъагъумэ, ахэр зыхуэдэм, щIаIыгъым, и мыхьэнэм сыщIэупщIэ хабзэт. Ди лъэныкъуэмкIэ мы хабзэр нэхъыбэу къызыхуэнар шапсыгъхэрати, абыкIэ щыIэхэм сащIэупщIэурэ сщIыуи зезгъэсащ. ИкIи си дэлъхум къишэн щыхъум, абы и нысэишыжым си япэрей дэжьей бэракъыр сщIауэ щытащ. ИужькIэ ди Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр къызэлъэIумэ, яхуэсщIурэ къежьа Iуэхущ, — жеIэ Саидэ.
Бзылъхугъэм гурыIуэгъуэ зэрытщищIащи, хьэтиякIуэ башыр нысашэр здащIа унагъуэм къранэт, дэжьей бэракъхэр джэгум, е зэпеуэхэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэм иратт…
Мейкъуапэ щыщ ЛЪЭУСТЭНДЖЭЛ Дариет и хэдыкIыгъэхэри псэр зыхьэху защIэщ. Щхьэнтэ, чысэ, жьыщIэху цIыкIухэр, бащлыкъхэр — дэтхэнэри Дариет и Iэпэ IэсэхэмкIэ хэдыкIащ, адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIа тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ.
Пщащэр Мейкъуапэ дэт къэрал технологическэ университетым и магистратурэм и «Ландшафтная архитектура» къудамэм щоджэ. Абы ипэ колледжым щеджащ икIи абдеж дыщэидэм зыщыхуригъэсауэ щытащ.
— Дыщэидэр си псэр дэзыхьэхщ, гупсэхугъуэ сэзыгъэгъуэтщ, — жеIэ Дариет.
МыдэкIэ укъаплъэмэ, цIыху куэд зи хъуреягъ хъуа Iэнэр уолъагъу. Абы гъунэгъу зыхуэпщIрэ, цIыху Iувым уахэсыкIмэ, хъурыфэ пыIэ лъагэрэ адыгэ джанэрэ зи фащэ лIым уIуощIэ. Ар пхъащIэ Iэзэ КЪУЭСТОКЪУЭ Русланщ.
ЦIыху Iувыр зыIэпызыша IэрыщI цIыкIухэр абы и Iэнэм щыгъунэншэщ: бжэмышххэр, бэлагъхэр, дапхъэхэр, лагъэхэр, бжьыныхуубхэр, фошыгъулъэ-шыгъулъэхэр, щIэт цIыкIухэр, хьэлывэхухэр, Iэнэ лъакъуищыр, шэнтжьейхэр, пхъэцIычхэр, гуащэ цIыкIухэр, нэгъуэщI куэди.
Руслан и IэщIагъэ гъэщIэгъуэным зыми хуригъэсакъым. Ауэ абы и адэшхуэр пхъащIэу щытащ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, зэчийр лIым и лъым хэту къэхъуащ. Къуэстокъуэм япэ дыдэу ищIа IэрыкIыр ицIыхужмэ дыщIэупщIащ.
— Ар гъуэлъыпIэ цIыкIут. Пщащэ къытхуэхъуати, гущэм къыхэхын пIалъэм щынэсым, абы хуэхъун гъуэ-лъыпIэ хуэсщIауэ щытащ. Илъэс куэдкIэ илъащ, илъэсипщI гуэр хъуху аращ здэжеяр. Ерагъыу къитшыжащ, апхуэдизымкIэ фIэфIти, — щIэгуфIыкIыу игу къегъэкIыж Руслан.
Ауэрэ гъуэлъыпIэ нэужьым, Къуэстокъуэм нэгъуэщI унэ хьэпшыпхэми зрипщыту хуежьащ. НобэкIэ, псом хуэмыдэу, Руслан и гущэ цIыкIухэм щIэупщIэшхуэ яIэщ.
— Гущэр псынщIэу, бзылъхугъэ цIыкIум тыншу къиIэтрэ здыхуей пэшымкIэ е Iуэгум ихьыфу щытыпхъэщ, — жеIэ пхъащIэм.
ХьэщIэм дызэрыщигъэгъуэзащи, абы и дежкIэ гуапэщ, насыпщ ищIа хьэпшыпыр цIыхухэм яфIэфIу къыщагъэсэбэпкIэ, щигъэтыншхэкIэ.
ЩАУЭКЪУЭ Раситэ итха сурэтхэми узыIэпамышэныр Iэмалыншэт. Апхуэдэщ цей плъыжь зыщыгъ зауэлIыр, илъэс блэкIахэм егупсысу щыс адыгэ дадэр, бащлыкъыр зыщхьэрызыубгъуауэ, зыгуэрым игъэгумэщIу щыт щIалэр… Дэтхэнэ сурэтри удэзыхьэхщ, абы щытхахэм я гукъэкIхэм, гукъеуэхэм, щIэнэщхъейхэм уезыгъэгупсысщ.
Езы Раситэ и IэщIагъэкIэ юристщ, ауэ сурэт щIыныр и псэр дэзыхьэхщи, адыгэхэм ди щэнхабзэм, гъуазджэм, хабзэхэм и нэгу къыщIагъэувэ образхэр къызэригъэщIыным хущIокъу.
— Нэхъыбэу сурэт щIыным къэзгъэсэбэпыр дагъэ лэчхэращ. Абыхэм нэхъ тыншу сролажьэ. Акрилыр мастер-классхэращ нэхъ къыздэзгъэсэбэпыр, сыту жыпIэмэ, ар щIэх мэгъущ, — жеIэ пщащэ гуакIуэм.
Мы гъэлъэгъуэныгъэм дежи Раситэ мастер-класс ныбжьыщIэ цIыкIухэм ядригъэкIуэкIащ: бзылъхугъэ фащэм и Iэгъуапэм – бэлагъэм – хэлъ тхыпхъэщIыпхъэ-хэр пщащэм яригъэтхащ. Езы сабийхэми яфIэфI дыдэу сурэтыщIым жиIэхэр ягъэзэщIащ.
Гъэлъэгъуэныгъэр псэр дэзышэхыу, дахэу екIуэкIащ. Абы къекIуэлIахэм ящыщ КъЧР-м и «Адыгэбзэ Хасэ»-м, «Черкесский центр» фондым адыгэбзэм хуэунэтIа къудамэхэм я пашэ Шэрджэс Расьяти абыкIэ арэзыщ.
— Нобэ ди этноклассхэм ящыщ зым щеджэ сабийхэр мы щэнхабзэ дауэдапщэ гъэщIэгъуэныщэм къесшэлIащ. Сыту жыпIэмэ, абы хэс пщащэ цIыкIухэми дыщэидэм зрапщыт. Абы ахэр хуезыгъасэр Шэрджэс Iэминатщ. Сабийхэм ядгъэлъагъуну дыхуейт я Iэзагъыр, я зэфIэкIыр здынэсыфыну лъагапIэхэр. Мы гъэлъэгъуэныгъэм ипкъ иту утыку кърахьа дахагъэхэм нэхъри игъэгушхуэну дыхуейщ ди ныбжьыщIэ цIыкIухэр. Хъыджэбз цIыкIухэр — бзылъхугъэ, щIалэ цIыкIухэр — хъулъхугъэ IэщIа-гъэхэм дыдогъэхьэх. ЦIыхубэ IэщIагъэхэм япхауэ пцIыхуу хъуар зэрымылейр къагурыIуэну дыхуейщ ди еджакIуэхэм, лъэпкъым и къэкIуэнур зи IэмыщIэ илъ ди ныбжьыщIэхэм, — жиIащ егъэджакIуэм.
Мис апхуэдэу дахэу, ди лъэпкъ щэнхабзэм хэлъ къызэрымыкIуагъымрэ цIыхухэр иригушхуэу Адыгэ Республикэм къикIыу къытхуеблэгъа IэпщIэлъапщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэр зэхэтащ.
ЩIыдгъужынур зыщ: къызэрымыкIуэ лъэпкъ, щэнхабзэ теплъэгъуэхэр тлъагъуну ди насып къызэрихьар зи фIыщIэхэм, псом хуэмыдэу, районым щэнхабзэмкIэ и гуащэ Даур Аннэ, абы и лэжьэгъухэми фIыщIэ ин яхудощI.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *