IУТIЫЖ Мэжид:«СынасыпыфIэщ,си Хэку згъуэтыжащи»
Хэкум щIэхъуэпсу зи гъащIэр езыхьэкIа ди лъэпкъэгъухэм яIуэтэж хъыбархэм зэ нэхъ нэмыIэми щIэдэIун хуейщ хэкурыс адыгэ дэтхэнэри. Дызыхэт жей Iувым дыкъыхашыжынт абыхэм я гупсысэ хьэлъэхэм. Нобэ фи пащхьэ ислъхьэ тхыгъэр, Тыркум къиIэпхъукIыжа, Налшык къалэр псэупIэ зыхуэхъужа IутIыж Мэжид дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэщ. — Мэжид, хамэ къэралым укъыщыхъуащ. Уи сабиигъуэм щыщу сыт уигу нэхъ къинэжар? — Ди адэр…