Дыщэ пащтыхь унэм и Гуащэ
Ди зы лэжьэгъуэ махуэм дыкъыщыхутащ дыщэ таурыхъыр къыздагъэщI лъэщапIэм. Мы псалъэхэм егъэлеиныгъэ хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, скифхэм я лъэхъэнэм щегъэжьауэ, псэущхьэхэм я дуней щIэращIэм щыщIэкIыжу — псори здыщызэхуэхьэса унэр телъыджащэт. Зи гугъу тщIыр дыщэм елэжьгъукIэ Iэзэ, дуней псом щыцIэрыIуэ IэщэщI, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI ЕУТЫХ Ася и «Золотая кладовая» уардэ унэращ. Къатищу зэтет унэр Мейкъуапэ…