Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къик1ыу
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ лъэныкъуэм и Iыхьэшхуэ дыхэплъэну лъэкIыныгъэ дгъуэтащ
ди етIуанэ лэжьэгъуэ махуэм. Апхуэдэу, ди щхьэм, ди нэм зрагъэгъэпсэхумэ яфIэфIу драгъэблэгъащ
Налшык къалэм и хьэщIэкIуапIэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ «Акрополь» купсэм.
Щэнхабзэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, сыт и лъэныкъуэкIи узыIэпызышэ купсэр Къардэнхэ Хьэсэнрэ Муратрэ илъэс 12 хъуауэ ягъэлажьэ. Къардэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лIакъуэ нэхъ инхэм ящыщщ. Абыхэм цIыху мин 20-м зэрынэхьэс къызэщIаубыдэ. ЯIэжщ лIакъуэм и ныпрэ гербрэ.
Музей-бжэIупэм къыщытпежьащ зэкъуэшхэм я нэхъыжь Хьэсанэ. Къардэнхэ я щIалэхэм я гуащIэри,
мылъкури зрахьэлIа щэнхабзэмкIэ купсэм нобэ егъэдахэ Налшык къалэр, зэры-Къэбэрдей-Балъкъэру.
— «Акрополь» — лъагапIэм тет быдапIэ жыхуиIэщ. Ижь зэманым цIыхухэм хъумапIэхэмрэ быдапIэхэмрэкIэ зыкъаухъуреихьт.., — апхуэдэ псалъэхэмкIэ музейм щIэлъ тхыдэ гъэщIэгъуэнхэм дыхешэ нэгузыужьыр тхуезыгъэкIуэкIым. Къатищу зэтет музейм и пэш къэс, къат къэс къалэн щхьэхуэ
егъэзащIэ. Ещанэ къатымкIэ къызэрыщIэддзами мыхьэнэ хэха иIэу къэтлъытащ — мыбдеж къыщыхьащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ яхьэлIа, тхыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хьэпшып зэхуэмыдэхэр, картэжьхэр, дэфтэрхэр. ПхуэмыгъэщIагъуэу музейр дахэщ икIи инщ.
— Москва дэт къэрал музей нэхъыщхьэхэм дадолажьэ, щэнхабзэкIэ дызохъуажэ зэпыт. Псалъэм папщIэ, Урысейм и сурэтыщIхэм я Зэгухьэныгъэм нэгъабэ ди лэжьыгъитI щагъэлъэгъуащ. Тхыдэ мыхьэнэшхуэ зыбгъэдэлъ хьэпшыпу мыбы къыщыхьащ 500-м нэс, — жеIэ абы.
Музейр дэзыгъэлъагъум уедэIуну гъэщIэгъуэныщэщ. IуэхущIапIэм и бысым Къардэн Хьэсэн къызэрытхуиIуэтамкIэ, мыбдеж щызэхэпх дэтхэнэ псалъэри куэдрэ щIаплъыкIа, экспертизэ бжыгъэкIэ щIагъэбыдыхьыжа, тхыдэ лъабжьэ зиIэ защIэщ. ЦIыхум зэрыфIэгъэщIэгъуэнынум хуэунэтIауэ, «щIиупскIэу», тхыдэ жыжьэм темызашэу хишэурэ ирегъэдэIу.Пэшышхуэр зыгъэкъулейуэ гъэ-
лъэгъуэныгъэ куэд щIэтщ. Абыхэм ящыщщ Редадэрэ Мстиславрэ я зэпэщIэтыныгъэм теухуа скульпту-
рэ дахащэр. Ар зи IэдакъэщIэкIыр скульптор цIэрыIуэ Зэущ Арсенщ. 2022 гъэм мыхьэшхуэ зиIа а къэхъугъэр илъэс мин зэрырикъуам теплъэр триухуащ. ЛIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ здыщызэпэщIэхуа зэхэуэ закъуэм и фIыгъэкIэ, дзэпщхэм яхузэфIэкIащ гъащIэ мин бжыгъэ яхъумэну. Апхуэдэуи, тIуми я цIэхэр тхыдэм хатхащ. Грозный Иванрэ Мариерэ ятещIыкIа теплъэгъуэри мыбдеж къы-
щыхьащ.
Урыс пащтыхьым и тахътэр оригиналым тещIыкIащ, ауэ Марие и теплъэр скульпторхэм я творческэ бгъэдыхьэкIэщ. КъызэрымыкIуэу дахэщ!
Музейм щIэлъ щэкI кIапэр псом нэхъ гъэщIэгъуэну къыщIэкIынщ. Ар Сосрыкъуэ зыкIуэцIылъа щэкI бзыхьэхуэщ (плащаница жыхуиIэм хуэдэщ). Къардэн лIакъуэм щыщ унагъуэ гуэрым ихъума щэкI къызэрымыкIуэр нобэ лъэпкъым и музейм и хьэпшып нэхъыщхьэщ. «Къэнжал зауэм» теухуа сурэтышхуэм музейр нобэкIэ и хъумакIуэщ. Ар зи IэрыкIыр Испанием щыпсэу КIыщ Мурадинщ.
Куэд щIакъым мыбы Шемякин (Къардэн) Михаил и сурэт гъэлъэгъуэ-
ныгъэхэри зэрыщIашыжрэ.
ЕтIуанэ къатыр зэуэ зыхухахар да Винчи Леонардощ. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ.
Зэрыдунейуэ зэлъащIысащ хъыбар телъыджэр — абы и анэр адыгэ бзылъхугъэу зэрыщытар. Лъэпкъым щыщу зэрытлъытэр и теплъэмкIэ щагъэбелджылащ музейм.
Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр аращи, а къэхутэныгъэм щыхьэт техъуэ тхылъыр къыдэмыкI щIыкIэ, илъэс 11-кIэ узэIэбэкIыжмэ, «Акрополь»-м а хъыбарыр къыIэщIэхьагъэххэт. Ар къэзыхута Вечче Карло мыбы къащыхуеблэгъам, ар зэригъэщIэгъуэнур ищIэтэкъым икIи и гуапэ хъуат къат щхьэхуэ а цIыху телъыджэм зэрытраухуар. Езанэ къатыр къэралри, адыгэ щIыналъэри зыIэта спортсмен лъэрыхь-
хэм яхухэхащ. АтIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мащIэкъым дуней псом зи цIэр щызыгъэIуа, дунейпсо спортым и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэм нэсыфахэр. Абыхэм ящыщщ Сидней Олимпиадэм чемпион щыхъуа, зэрыадыгэ лъэпкъыу зыгъэгушхуа, зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Къардэн Мурат.
Иджыри зы мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэри мыбдеж щызэнагъэс — ди лъэпкъым и тхыдэм и хъума-
кIуэхэм ящыщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхылъ хъумапIэ-библиотекэр. Езанэ къатым деж абы щыху-
хахащ дапхъэ дахэхэмкIэ къэщIыхьа пэш хуитышхуэ. Тхылъ мини 5-м нэс мыбы къэкуэшыжыну хьэзырыххэщ.
Махуэ къэси «Акрополь»-м и хьэщIэхэр нэхъыбэ мэхъу, туристхэр зэпымыууэ къокIуалIэ, еджа-
кIуэхэмрэ студентхэмрэ папщIэ мастер-классхэмрэ егъэджэныгъэ дерс гъэщIэгъуэнхэмрэ зэхашэ.
УзэщIыныгъэ мыхьэнэ зиIэ мы купсэм тыншу псори щызэгъэуIуащ. Лъэпкъ тхыдэ жыжьэм хэплъа,
нэгузыужь гъэщIэгъуэныщэм щIэдэIуа нэужь, туристхэм лъэкIыныгъэ яIэнущ адыгэ ерыскъыхэри
шхыныгъуэ IэфIхэри зыIуагъэхуэну.