ХэкупсэлI гъуэзэджэ

ЦIЫХУ гъащIэхэри, лъэпкъ щхьэхуэхэри, гъэхэри, къэхъугъэхэри, увыIэгъуэ имыIэу, гъащIэ щхьэлым зэхехьэжэ. Апхуэдэт адыгэ лъэпкъри зрагъэкIа щхьэлыр… «Жернова» — Кавказ зауэжьым теухуауэ япэу сызэджа тхылът. Ар зи IэдакъэщIэкIым си гъащIэм зэ срихьэлIэну си фIэщ хъунтэкъым, срихьэлIэм къыщымынэу, сыдэпсэлъэну си насып къихьыну. АтIэ, ди адыгэ лъэпкъым къехъулIа насыпыншагъэр литературэбзэкIэ адыгэ дунейм япэ дыдэ языгъэлъэгъуар тхакIуэ, усакIуэ, классик щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъщ.
Илъэс 94-рэ зи ныбжь хэкупсэлI телъыджэр къыщыдэжьэт и лэжьапIэ пэшым. АтIэ, Тхьэр къыхуэупсауэ и акъылрэ и къарурэ хуигъэлъэкIыу, ноби узыншэу и гуащIэ хуегъэтIылъ адыгэ
лъэпкъым. Исхьэкъ Адыгэ Республикэм и жылагъуэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтым къинэмыщIауэ, хэгъуэгум и тхакIуэхэм я Союзымрэ адыгеибзэкIи, урысыбзэкIи къыдэкI журнал бжыгъэр и нэIэ щIэту ноби мэлажьэ.
Зэпыукъым тхакIуэм и тхылъхэмрэ и романхэмрэ, бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ щIэрыщIэу къыдокIыж япэрей
тхылъхэри. АтIэ, МэшбащIэм зэрыадыгэ дунейуэ щикуэдщ и творчествэр фIыуэ зылъагъухэмрэ и щIэджыкIакIуэ пэжхэмрэ.
Иджы дыдэ дунейм къытригъэхьащ сурэтыщI, къэхутакIуэ, щIэныгъэлI, узэщIакIуэ телъыджэ да Винчи Леонардо и анэм теухуа романыр. КъызэралъытэмкIэ, ар адыгэ бзылъхугъэт. ИкIи апхуэдэ къэхъугъэр дауэ блигъэкIынт МэшбащIэм? «Уафэнэ» («Голубоглазая») зыфIища тхылъыр
щызэбгрыкIащ зэрыадыгэ дунейуэ.
Ди зэпсэлъэныгъэр зэретшэжьари а тхылърати, МэшбащIэр къытхутепсэлъыхьащ абы хилъагъуэ
мыхьэнэм: — Мы романым си художественнэ гупсысэкIэр нэ хъыбэу есхьэлIащ. Пэжщ, сурэтыщI цIэрыIуэм и анэр адыгэу зэрыщытар и лъабжьэщ тхыгъэм. АдреймкIэ, къэзгъэсэбэпакъым Вечче Карло зэхуихьэсыжа къэхутэныгъэ лэжьыгъэм щыщи, нэгъуэщI щыхьэт тхыгъи. Мы романыр —
си еплъыкIэ щхьэхуэщ, сэ зэрыслъагъуращ. Сюжетхэм зэхуэмыдэуи сабгъэдыхьащ, хэслъхьэну сызыхуея гупсысэ гуэри яхэмызагъэу хэсхыжащ. Ауэ абы еспхар зы мыхьэнэщ — Да Винчи
адыгэлъ зэрыщIэтыр зэрыдунейуэ язгъэщIэнращ! — къыддогуашэ тхакIуэр.
МэшбащIэм и цIэр зыгъэлъапIэр зыми хуумыгъэдэфыну, Тхьэшхуэм къыбгъэдилъхьа литературэ зэчийращ. Абы и псалъэр псэр зыгъэушщ, гум хэпщIэщ, гъащIэм и гупсысэ куухэм ухэзышэ литературэщ. И лъэпкъым хуиуса сатыр хэм щыщIэдзауэ, абы и IэдакъэщIэкIхэм щыхыболъагъуэ и адыгэ лъэпкъым хуиIэ гуузыр. Зи псалъэ IущкIэ, узыншэкIэ цIыхухэр тхыдэм и пэжыпIэм хэзыгъэплъэжу, яIэщIэхуа адыгэ хабзэри, лъэпкъ дахагъри, гукъеуэри я пащхьэ изылъхьэжыфхэм ящыщщ.

Лъэныкъуэ куэдкIэ ноби МэшбащIэм лэжьыгъэ ирегъэкIуэкI. КъурIэныр адыгэбзэм зэрыригъэувам къытхутопсэлъыхь. Абы къыхегъэщ ар зэрытха бзэ дахэр, къызэрымыкIуэр зэрызомыдзэкIыфынур, ар адыгэбзэм и пкъым иригъэува мыхъумэ. АтIэ, абы елэжьыхукIэ, и гупсысэр зэжалIэр адыгэ лъэпкърат — Тхылъ лъапIэм къыщетхэкIащ адыгэ лъэпкъым ижь лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэхэм зэрещхьыр, лъэпкъ гупсысэм зэригъунэгъур. ГъэщIэгъуэныщэщ тхакIуэм и еплъыкIэхэм ущIэдэIуну.
Лъэпкъ гукъеуэм и хьэ лъагъыр гурэ псэрэкIэ зэригъэвыр и лэжьыгъэхэми, и тхыгъэхэми лъагъуэшхуэу щыпхрокI. Псори зытриухуар и адыгэ лъэпкъращ.

Роман къудейуэ и къалэмым къыщIэкIар 100-м щIегъу! А тхыгъэхэм я нэхъыбэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ, щIэрыщIэу бжыгъэрэ къыдагъэкIыжащ. ТхакIуэ, жылагъуэ IуэхущIакIуэм лъэпкъми, къэралми емышыжу хуигъэтIылъа и гуащIэр къыхалъытэу, хуэфащэ пщIэ ират. МэшбащIэм литературэ саугъэту, къэралым къыбгъэдэкIа нагъыщэ лъапIэу куэд дыдэ иIэщ — Урысей Федерацэм и ЛIыщхьэм и IэкIэ кърита «УФ-м ГуащIэдэкIымкIэ и ЛIыхъужь» Орденым щегъэжьауэ, медаль, дамыгъэ зэхуэмыдэ бжыгъэншэхэм щыщIэкIыжу. ГуащIафIэу зыхуэусэ, зыхуэпсэу лъэпкъым ноби и
Iуэху дэгъэкIынымкIэ куэд хуелэжь МэшбащIэм. ДАХ-м и зэIущIэхэм, Iэмал имыIэу, йоблагъэ, и чэнджэщ узыншэ ярехьэлIэ адыгэ лъэ пкъым хуэлажьэхэм. Утыку кърехьэ бзэр хъумэным,
щIэблэм зегъэужьыным теухуа и еплъыкIэхэр, лъэпкъыр зыгъэлъахъшэу и гур зыхуэгузавэ Iуэхугъуэхэм я гугъу ещI.
Бзэм хуиIэ гукъеуэхэмкIэ МэшбащIэр дэри къыддогуашэ: — Тхылъ еджэ диIэжкъым. Дытопсэлъыхь бзэр хъумэн зэрыхуейм. Лъэпкъым хууиIэ фIылъагъуныгъэращ дэтхэнэми къежьапIэ
хуэхъур. Лъэпкъыпсагъэр уи унэ бжэщхьэIум къыщожьэ, узытет жэхэфэгум, узыбгъэдэс Iэнэм…
Ди лъэпкъым и блэкIамкIэ дызэплъэкIыу, ар дгъейуэ дыщыс хъунукъым. Си тхыгъэ псоми хэтщ а
лъэпкъ гуузыр, ауэ лъы къызыпыж къамэр згъэдалъэкъым, ар щIэблэм язгъэлъагъукъым. АбыхэмкIэ
нэгъуэщIщ ябгъэдэслъхьэну сызыпылъыр — лъэпкъыр дыкъызэтенэнымкIэ тлъэкI къэдмыгъанэу дыпылъынращ, — жеIэ МэшбащIэм. — Жагъуэ зэрыхъущи, ди тхыдэри, дифIри къытхуэгъэлъагъуэкъым. Тхъумэн хуейщ ди лъэпкъыр, хэт зэрыхузэфIэкIкIэ. Сэ сызыхуейр
зыщ — адыгэм и тхыдэ пэжымрэ и щэнхабзэ къулеймрэ къыдэкIуэтей щIэблэм ящымыгъупщэнращ! — нэхъыжьыфIыр зытепсэлъыхьым зэригъэгумэщIыр и нэгум иболъагъуэ. Адыгэ лъэпкъым фIыщэу илъагъу тхакIуэ къызэрымыкIуэр къыщопсалъэкIэ, и плъэкIэ жыжьэм ар хишэжым ещхьщ лIыщIыгъуэ блэкIам щыпсэуа адыгэхэм я дунейм, и романхэр зытритхыкIа лIыхъужьхэм я лъэхъэнэм…

Зыми хузэIумыха гъуэгу хупхыша хуэдэщ адыгэпсэ тхакIуэм. Аращ МэшбащIэм хуэдэ лъэпкъым щIыдимыIэр! Ди нэхъыжь Iумахуэр Тхьэм иджыри куэдрэ тхуигъэпсэу!

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *