ПсэупIэр махуэ зыхуэхъуа Махуэхьэблэ!

ГъутIэхэ Имэррэ Мэулидэрэ

Мы гъэм илъэс 26-рэ ирикъуащ Косовэ щыщ адыгэхэр зауэм къыхэкӏыу Адыгэ Республикэм къызэрагъэзэжрэ. Абы лъандэрэ, шыщхьэIум и 1-р — репатриантым и Махуэу зэрыадыгэ дунейуэ догъэлъапIэ. Апщыгъуэм а Iуэхум сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ хуэмыхъуами, а махуэр зи хэку зыгъуэтыжа ди лъэпкъэгъухэми, абы хуэпабгъэу хамэщIым къина адыгэхэми, Хэкужьым щыпсэухэм дежкIи лъапIэныгъэкIэ гъэнщIащ.
А пIалъэм къриубыдэу республикэр псэупIэ зыхуэхъуа, унагъуэ 22-м куэдкIэ хэхъуащ. Нобэ Хэкум къэзыгъэзэжауэ Адыгэ Республикэм щыпсэухэм я бжыгъэр 2500-м нэсащ. Абыхэм яхэтщ Югославием, Тыркум, Щамым, Иорданым, Израилым къиIэпхъукIыжахэр.
ЩIэгъэхуэбжьауэ Адыгэ Республикэм репатриантхэм я Iуэхум бгъэдыхьащ, ахэр гъащIэм хэшыпсыхьыжынымкIэ, я псэупIэхэр зэтрагъэпсыхьыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. А IуэхущIафэхэм ящыщщ республикэм къуажэ щхьэхуэ репатриантхэм папщIэ къызэрагъэщIар —
Махуэхьэблэ, Пэнэхэс хуэдэхэр.
Ди лэжьыгъэ программэмкIэ дыздэкIуэну тхуагъэбелджылар Махуэхьэблэ къуажэрат. Ар Мейкъуапэ къалэм ущыхэлъадэкIэ къыпэщысщ. ЗанщIэуи нэгум къыщIоувэ зэщхьыбзэу чырбыш плъыжькIэ ящIа унэшхуэхэр. Хуитрэ зэIухауэ къуажэм узэрыдыхьэ хьэблэшхуэми уигу хегъахъуэ.
Гъуэгу хэлъэдапIэм къыщыдэжьэт Хэкум къэзыгъэзэжахэр гъащIэм хэсыхьыжынымкIэ купсэм и унафэщI ГъукIэлI Iэсхьэдрэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэсэни Мухьэмэдрэ. МазитIкIэ узэIэбэкIыжмэ иужьрей унэхэм щIэтIысхьэжа унагъуитIым язым драшэлIэну къытпэплъэт. Абы дахуэкIуэхукIэ, бысымхэм дыщагъэгъуэзащ репатриантхэм я щыIэкIэ-псэукIэм.
Iэсхьэд къыддэгуэшащ Адыгэ Республикэр псэупIэ зыхуэхъужахэм хэгъуэгум и бэдаущ гъащIэри, и социальнэ псэуныгъэри, и щыIэкIэ-псэукIэри ирагъэфIакIуэу, республикэм и нэрыбгэ щыпкъэу зэрыхэпсэухьыр.
Махуэхьэблэ къуажэм ехьэлIауэ, зэфIэмыха, ягу къеуэ лъэныкъуэ зэрамыIэжыр, я Iуэхухэр сыткIи зэрызэтегъэпсыхьар гуфIэу Iэсхьэд къытхуиIуэтащ.
— 2001 гъэм ухуэныгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ едгъэжьащ. Апщыгъуэм а Iуэхум куэдым я гуащIи, я мылъкуи къыхалъхьащ. Правительствэм къыдигъэкIа Унафэр и лъабжьэу екIуэкI Iуэхушхуэм къыхыхьэт хьэрычэтыщIэхэри, къызэрыгуэкI цIыхухэри.

КъинэмыщIауэ, федеральнэ ахъшэ мыбы хухахат. Структурэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщри, ди Iэтащхьэм и нэIэм щIэту, къуажэм и администраци иIэу ягъэпсащ. Япэрей унищыр хьэрычэтыщIэхэм яухуащ, иужьым фонд къызэдгъэпэщри, абы къекIуалIэ ахъшэхэмкIи унагъуэ 21-м я унэхэр зэфIэдгъэуващ. НобэкIэ Махуэхьэблэм унагъуэ 84-рэ щопсэу зыхуэныкъуэншэу, псэупIэ 74-м ухуэныгъэхэр щокIуэкI, 17-м я лъабжьэхэр дгъэжагъэххэщ. Псори зэхэту щIыгу Iыхьэ 207-рэ дгуэшагъэххэщ, — къыддогуашэ Iэсхьэд. ДызэкIуэлIэну унитIым я зыр и кIэ къина зэрыхъуари, илъэс 25-кIэ а унагъуэхэр къалэ купсэм зэрыщыпсэуари къытхуиIуэтащ абы. ИужькIэ, зэрыжиIэмкIэ, республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и унафэкIэ, бюджет ахъшэкIэ унэхэр зэнагъэсыжри, унагъуэхэр мазитIкIэ узэIэбэкIыжмэ я псэ-
упIэхэм къэкуэшыжащ.

ДызрашэлIа, къатитIу зэтет унэ дахэшхуэм и теплъэм уи гур хегъахъуэ. Сыту фIыт, яIуэтэжащ иджы! АтIэ, апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ езыхэм я унэлъащIэ ямыIэу псэуа бынунагъуэм и дежкIэ ар насыпышхуэу къыщIэкIынщ. ГъутIэхэ Имэррэ Мэулидэрэ къыщытпежьащ я унэ бжэIупэм, гуапэуи
драгъэблэгъащ. Адыгэ унагъуэм зэрихабзэу, Iэнэр узэдащ, шыгъупIастэм и мэ IэфIыр унэм хуабэу къыщIех… Езыхэми, гъунэгъу хэгъуэгум дыкъикIыу гулъытэ зэрахуэтщIар гуапэ зэращыхъуамкIэ фIыщIэ къытхуащI. Зэщхьэгъусэхэр къытхутопсэлъыхь къагъэзэжа зэрыхъуам, Iуэхугъуэу япэщIэкIам.
— Имэр, зауэр къемыжьами Хэкужьым фыкъекIуэлIэжынут? — си лэжьэгъу Замирэ бысымхэм йоупщI.
Зэщхьэгъусэхэр зэхуоплъэкIри мащIэуи погуфIыкI. Зы гупсысэм хуишэжу блэкIа гъуэгуанэм зэдыхэплъэжым хуэдэщ тIуми я нитIыр.
— Зауэр къемыжьэ щIыкIэ ди дэфтэрхэр дгъэхьэзырыным, дыкъэкIуэжыным иужь дихьагъэххэт. Мэулидэ и дэлъху нэхъыжьыр нэхъ ипэIуэкIэ къэкIуэжати, сыт щыгъуэми къыдэджэт, фыкъэкIуэж Хэкум, къэвгъэзэж жиIэу. Сыт ущхьэгъу тхуэмыхъуами, дыкъызэрекIуэлIэжыным тIуми шэч
къытетхьэтэкъым. Сыкъыщалъхуар Югославиерами, ар зэи си хэкуу къэслъытакъым, абы сыкъыщыхъуащ, ауэ, си адэжь щIыналъэр мыбдежращ…
Зэщхьэгъусэхэм зыр-зым зэпадзыжу къыддогуашэ я гъащIэм я къекIуэкIыкIамкIэ. Мэулидэ дегъэлъагъу унэм къыбгъурылъ щIыгу Iыхьэр, абдеж къыщигъэкI хадэхэкIхэр зэрыщилэжьым, шыбжий, къэб, пIэтIрэжан къызэригъэкIым къытхутопсэлъыхь.
НобэкIэ Мэулидэрэ Имэррэ яхуэарэзыщ властым, республикэм и Iэтащхьэм, репатриантхэм яхуэгъэзауэ зэщIэгъэкъуауэ зэдалэжь Iуэху щхьэпэхэм папщIэ. Я гъащIэмкIи арэзыщ, насыпыфIэуи залъытэж. ЗыщIэхъуэпса я Хэкури я жьэгури ягъуэтыжауэ, жьыщхьэмахуэу Махуэхьэблэ къуажэм я
лъапсэр щагъэбыдэ. Зы щIалэрэ хъыджэбзищрэ зэдапIащ, пщащэхэр унагъуэщ, Тыркум щопсэу. Адыгэгу хуабжь зыкIуэцIылъ я щIалэм унагъуэ ищIэнращ псоми я плъапIэр. Тхьэм яригъэлъагъу!
АдреймкIэ, Махуэхьэблэ и къэкIуэну дахэр ди нэгу къыщIэдгъыхьэу адыгэ къуажэм дыкъыдокIыж. АтIэ, ар къыщIэгъэхьэгъуейкъым — мыбы дэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэр сыткIи зэтегъэпсыхьащ. УнэлъащIэ хьэпшыпхэмкIи узэдащ я унэшхуэхэр, мэжджытыр, сымаджэщхэр, сабий джэгупIэхэр къуажэм дэтщ, щIыгу ялэжьынуми, Iэщ яхъунуми лъэкIыныгъэфIхэр яIэщ. Ди фIэщ мэхъу, ГъукIэлI Iэсхьэдрэ Хьэсэни Мухьэмэдрэ къуажэм нэхъри зэрызрагъэужьынур, абы щыпсэухэр гулъытэншэ зэрамыщIынур. Езы махуэхьэблэдэсхэм я пщэрылъыр зы закъуэщ — бзэр ямыгъэкIуэду, адыгэ
лъэпкъым и нэрыбгэу зыкъагъэнэнращ.

АСЛЪЭНЫКЪУЭ-ХЬЭТАЙ Мадинэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *