Лъэпкъ Iуэхум сыткIи хуэгъэза

Адыгэ Республикэм и Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзанрэ абы и къуэдзэ Хъуэт Инусрэ куэд щIауэ лъэпкъ Iуэху зэдащIэу мы жылагъуэ зэгухьэныгъэр зэрагъакIуэ. Лъэпкъ Iуэхур зимыжагъуэ, ар зи гум къеуэ нэрыбгэ 50-м нэс абы холэжьыхь.

ХэгъуэгуитIми къикIа журналистхэм зыкъытхуагъэзэныр езыхэм къабгъэдэкIа гулъытэу щыткIэрэ, ди гуапэу я хэщIапIэм декIуэлIащ. Хасэм и тхьэмадэр къыддэгуэшащ ди проектым зэрыкIэлъыплъым теухуауэ, хэгъуэгухэм щыпсэухэм яхуэмыдэжу хамэ къэралхэм ис ди лъэпкъэгъухэм я сэбэп
куэд абы къызэрыпыкIуэну зэреплъыр жиIащ. Лъэпкъ Iуэху зезыхуэу республикэм къекIуалIэр здеблагъэр, япэрауэ, Хасэм и хэщIапIэращ. Дэтхэнэри къыщIекIуэлIа Iуэхур зэрыдагъэкIынум, сэбэп зэрахуэхъунум хуэдэу пыкъокI. Дэри я гуапэу къытпыкъуэкIащ, Хасэм и лэжьыгъэ лъэныкъуэ куэдми дыщагъэгъуэзащ.
Тхьэмадэм къыхигъэщащ республикищми щылажьэ Адыгэ Хасэхэм яку зэпыщIэныгъэ быдэ зэрыдэлъыр, Iуэху куэд зэрызэдагъэкIуатэр, гуныкъуэгъуэ щыIэми зэгъусэу зэрызэфIахыр. Зэдэлэжьэныгъэ закъуэу щымыту, хэгъуэгухэм щыпсэу адыгэхэр зэпызыщIэ Iуэху куэд зэрызэдалэжьым къытепсэлъыхьащ. Апхуэдэщ хэгъуэгуищым щыпсэу щIалэгъуалэр зэрыгъэщIэным, зэбгъэдэшэным ехьэлIауэ къызэрагъэпэщ проект зэхуэмыдэхэр.

— Лъэныкъуэ куэдкIэ Хасэм лэжьыгъэ щыдогъэкIуэкI. КупщIафIэу дадолажьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм,
ди къуэш хэгъуэгухэм щылажьэхэми. Ди деж щедгъэкIуэкI Iуэхугъуэ щхьэпэхэм ахэр къыхыдошэ, дэри куэдрэ дыщохьэщIэ республикитIми. КъинэмыщIауэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм дадэлэжьэныр къыдэхъулIэу солъытэ. А лъэныкъуэмкIэ куэд тхузэфIэкIащ, иджыри куэд зэнэдгъэсыну дыпылъщ. Нэхъ Iуэху хьэлъэу дызыпэрытахэм ящыщщ КАФФЕД-м и Iуэхур зэтегъэпсыхьыныр. Нобэ
а Хасэхэм я тхьэмадэщIэмрэ абы къыдэлажьэхэмрэ нэхъ тынш хъуа хуэдэщ я Iуэхур. ДяпэкIэ дызэрызэдэлэжьэну жыпхъэхэр дубзыхуащ, — къыхегъэщ ЛIымыщэкъуэм.
Республикэ Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэтщ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэри. А къудамэм и унафэщIщ Уджыхъу Айтэч.
ЗэрыцIыкIурэ адыгэ Iуэхум и псэр хэпщIауэ, лъэныкъуэ куэдкIэ зызыужь щIалэщIэщ ар.
Нэхъыжьхэр нобэ арэзыщ щIалэгъуалэ Хасэм и лэжьыгъэмкIэ. Жыджэру мэлажьэ, лъэпкъ Iуэхум хэпщIарэ хъарзынэу Iуэху ягъэкIуатэу. Абы я къызэгъэ пэщыныгъэкIэ зэпымыууэ хэгъуэгум, къалэм тхьэмахуэ къэс щокIуэкI джэгухэмрэ щIалэгъуалэ зэхыхьэхэмрэ. Федеральнэ проектхэмрэ грантхэмрэ къызэрахьыным и ужь итщ, илъэс кIуам проект зэхуэмыдэхэр зэфIагъэкIащ.
АтIэ, республикэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр зэрыкIуатэм куэду елъытащ властымрэ къулыкъущIэхэмрэ
абы зэрекIуалIэм. АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат тегъэчынауэ и нэIэ тригъэтщ лъэпкъыр зыхэт Iуэхугъуэу хъуам, Адыгэ Хасэм ар зэригъэкIуатэм. Апхуэдэщ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ республикэм къихьэжа репатриантхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр.
— КъинэмыщIауэ, КъумпIыл Мурат Хасащхьэм и къэпщытэжыныгъэ зэIущIэхэм къоблагъэ, длэжьахэр къепщытэри, и еплъыкIэмкIэ къыддогуашэ. Апхуэдэуи а зэIущIэхэм къыдогъэблагъэ ди республикэм пIалъэ зэхуэмыдэхэм я Iэтащхьэу щытахэри: Джэрым Аслъэн, ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий, Щэумэн Хьэзрэт сымэ. Абыхэми я чэнджэщхэр къыдахьэлIэ, зэфIэха-зэфIэмыха хъуа IуэхухэмкIэ къыддогуашэ, — жеIэ Рэмэзан. ЖыIэпхъэщ Адыгэ Хасэмрэ лъэпкъ политикэмкIэ Комитетымрэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрызэдагъэкIуатэр.
Абыхэм ящыщщ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр хъумэным, экстремист щIэпхъаджагъэхэм япэщIэтыным хуэгъэза Iуэху щхьэпэхэр. Апхуэдэхэр куэду щрагъэкIуэкI районхэм, къуажэ къэс щхьэхуэу, къэпщытэжыныгъэхэри зэдащIэ. Сыт хуэдэ зэгухьэныгъэм хуэдэуи, Адыгэ Республикэ
Хасэр гугъупIэ пIалъэхэми, зэгурымыIуэныгъэ щытыкIэхэми щита щыIащ. Ауэ нобэ яхузэфIокI лэжьыгъэр зэдагъэкIуэтэну, адыгэм и Iуэхур дагъэкIыну, лъэпкъым и зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным щхьэихауэ телэжьэну. Республикэм щыпсэу адыгэхэми абы гу лъамытэу къанэкъым, Хасэм и къарур нэхъ быдэ зэрыхъуар, зэман гугъухэм я щхьэр лъагэу Iэтауэ зэрыпхыкIыфыр
лъэпкъым зыхащIыкI.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *