«Война и мир» тхыгъэр зэддзэкIын тлъэкIынущ»

Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIыу

Ди проект лэжьыгъэм и зэхуэщIыж зэIущIэр щедгъэкIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и хэщIапIэм. ИпэкIэ и гугъу зэрытщIауэ, «Адыгэ псалъэ» газетыр журналист лъэрыхь къудейхэракъым зыгъэкъулейр, атIэ мы редакцэр зэрыгушхуэну иIэщ творческэ къудамэ лъэрыхь — тхакIуэхэм, прозаикхэм, усакIуэ зэчиифIэхэм я секцэ щхьэхуэ. НэщIэпыджэ Замирэ «Пщэдджыжь литературэ зэдэшхэ» зыфIища зэIущIэр ахэрат зытеухуар. Творческэ сэнаущ зыбгъэдэлъ гупым ирогушхуэ адыгэ газетыр. Псоми езым я литературэ лъагъуэ хашыжауэ, журналистикэми хуолажьэ, я псэр зыхуэуш тхэнри абы дагъакIуэ. Ахэр зы зыщIыжыр — я творчествэм егъэжьапIэ хуэхъуа «Адыгэ псалъэ» газетращ.

ГубампIэр гупсэхугъуэ зыщI зэчий
ЧЭРИМ Марианнэ. Газетым лэжьэн щIимыдзэ щIыкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Тхэнри щиублар 2011 гъэм газетым къыIухьа нэужьщ. Нобэ «Адыгэ псалъэ»-м и журналист пэрытхэм яхэтщ, гупсысэ куу къызыбгъэдэкI, жэрдэм Iуэху гъэщIэгъуэн куэд къызыпкърыкI лэжьакIуэ зэчиифIэщ. Ди «Журналист зэдэлэжьэныгъэри» Марианнэ къихилъхьа Iуэхущ. Иужьрей илъэсхэм Марианнэ дунейм къытригъыхьащ «ЛIы иримыкъу», «Налшык губампIэ» тхылъ гъэщIэгъуэнхэр. Езым зэрыжиIэмкIэ, цIыхум и щытыкIэм, гъащIэм и лъэныкъуэхэм фIэфIщ зыхуигъэзэну. ЗэдзэкIыныгъэри тхакIуэм фIыуэ къыдохъу. И къалэмым къыщIэкIащ дунейпсо, урыс классик цIэрыIуэхэм я тхыгъэ щэджащэхэр. Абыхэм ящыщ зыщ иужьрейуэ къыдэкIа Генрик Ибсен и пьесэ «Къупщхьэгуащэ унэ» («Кукольный дом») жыхуиIэр. Ари и гуапэу къытхуигъэфэщащ авторым. Марианнэ зыгъэгумэщIыр зыщ — апхуэдэ зэдзэкIыныгъэ лэжьыгъэхэр куэду авторхэм яIэми, тхылъу къыдэмыгъэкIауэ къызэрынэращ. — Мы ди гуп цIыкIум тлъэкIыну дыкъегъэгугъэ «Война и мир» тхыгъэш-
хуэр зэддзэкIыну. Ауэ къыдэмыкIыжу зэрыщылъынращ ди гукъеуэр. Дэ псори зым дызэрепх — къалэмыр, тхэныр тфIэфIщ. Ди губампIэ гуэрым гъуэгу зэрыритыфращ, губампIэр
гупсэхугъуэм зэрыхуишэжращ дызыгъатхэри, — къыхегъэщ Марианнэ.

Сабиипсэм лъагъуэ хухэзыш

ХЬЭЩКЪУЕЙ Олег — сабийхэм яхуэусэ, яхуэпсэу усакIуэщ. «Адыгэ псалъэ» газетым и журналистщ.
Олег къызэрыддэгуэшамкIэ, сыт щыгъуи адыгэбзэкIи урысыбзэкIи зыгуэр итх зэпытт, прозэми, усы-
гъэми зрипщытт. Ауэ сабийхэм яхуэтхэныр къыщыхуэушар езым бын игъуэта нэужьщ. Абы лъандэрэ илъэс 30 текIыжащ, ауэ сабийхэм мыхъумэ, балигъ тхыгъэхэми усыгъэми зэи къалэмыр къыхуэушыжакъым.
— Сабийхэм яхуэгъэза тхылъищ къыдэзгъэкIащ, нэхъыбэжи стхащ, ауэ стхыр зэтеслъхьэмэ, ахэр къыдэзмыгъэкIыжурэ, абы сегугъуакъым. Тхылъ сымыщIыжауэ си тхыгъэ куэд щылъщ. ИтIани бзэм ехьэлIауэ, сабийхэм я анэдэлъхубзэр ябгъэдэлъхьэным теухуауэ зы щапхъэ къэсхьынут. Зы зэхыхьэ гуэрым срагъэблэгъауэ, сабийхэр къызбгъэдашэри нэIуасэ сыхуащIащ: «ЦIыкIухэ, мыр сабий уса- кIуэщ, фэращ зыхуэусэр» жари. Абы яхэта зы хъыджэбз цIыкIур къэп салъэри: «Дадэ, фIэкIа усэ умытхыж, еджапIэм дыхагъэзыхьурэ драгъэджэнущ», — къызжиIат. Абы куэдым сригъэгупсысащ, егъэджакIуэм бгъэдыхьэкIэ тэрэз, гъэщIэгъуэн сабийхэм яхуигъуэтмэ, ар нанухэм къатемыхьэлъэу, яфIэфIу яджынут, — жеIэ Олег.

АтIэ, Хьэщкъуейм и усэхэр сабийхэмкIэ тыншщ, хигъэгупсысыхьыным
тещIыхьакъым. АбыхэмкIэ ахэр иущиину е игъэгушхуэну пылъкъым. УсэхэмкIэ Олег адыгэбзэм ахэр хешэ, дрегъэхьэх, тримыкъузэу, щабэу, къигъэсэбэп псалъэхэр зэрыщэщу, макъамэм хуэдэу щIэжьыуэу. Хьэщкъуейм и сабий усэхэм хуэдэ нобэ зыми къызэремыхъулIэр жаIэ, сабиипсэм
къыхуигъуэта бзэ дахэм кърешалIэ езым и щIэджыкIакIуэ цIыкIухэр.

Хьэтхэм я тхыдэр къетIэщIыж

КЪАНЫКЪУЭ-ФЫРЭ Анфисэ – къызэрымыкIуэ акъыл зыбгъэдэлъ къэхутакIуэшхуэщ, журналистщ, тхакIуэщ. Бгъэдэлъ зэчийм зыздимыукъуэдий лъэныкъуэ щымыIэу плъытэ хъунущ. Анфисэ илъэс 14 хъуауэ зыщылажьэ адыгэ газетым и IэщIагъэкIэ зыкIи ехьэлIатэкъым. Илъэси 5-кIэ КъБкъУ-м и щIыуэпс факультетым щеджащ, химик-эколог IэщIагъэр зыIэригъыхьащ. Ауэ зэрыцIыкIурэ и псэр
зыхуэкIуэ творческэ къыщIэдзэныгъэм и гъащIэм хупхишыну гъуэгур и натIэм итхагъэнт апщыгъуэми.
Сабий усыгъэ, тхыгъэ кIэщI цIыкIухэм заукъуэдийуэрэ тхыгъэ ин хъун щIадзащ. Тегушхуэри а тхыгъэхэр яригъэлъагъуну газетым ихьат. ЩекIуэлIа махуэр «Шыхулъагъуэ» щIалэгъуалэ хасэм я зэхыхьэгъуэу къыщIэкIри, бзылъхугъэ ныбжьыщIэ цIыкIур зыхашауэ щытащ. Абы лъандэрэ тхэным нэхъри тегушхуащ Анфисэ. И къалэмым къыщIэкIащ тхылъ гъэщIэгъуэныщэхэр: «Синэмис», «Япэрейхэр», «Хьэтхэр» жыхуиIэхэр. Иужьрейм тхыдэ лъабжьэ зиIэу щыткIэрэ, а лэжьыгъэр лъэпкъ мыхьэнэшхуэ иIэу плъытэ хъунущ. Античнэ дунеймрэ тхыдэ жыжьэмрэ хуабжьу зыфIэгъэщIэгъуэн бзылъхугъэм илъэс 16-кIэ ар щIиджыкIащ. Хэт ищIэнт ар къыщыщхьэпэжын пIалъэри къыхукъуэкIыну.

— Газетым сыщылажьэт, си тхылъхэри стхыт. Мухьэмэд и деж лэжьыгъэ IуэхукIэ сыщIыхьауэ солъагъу и щхьэр фIэхупауэ, нэщхъейуэ зэрыщысыр. «Адыгэр догушхуэ дыкъызытекIа хьэттхэр, жытIэурэ. Ауэ абы тетхыхьын, ахэр зэрыпсалъэу щыта адыгэбзэкIэ тха зы тхыгъэ диIэкъым» жери. Абы ищIэтэкъым хьэттхэм куууэ сызэреджэр. Абы ипэкIэ роман стхыну сытегушхуэтэкъым, тхыгъэ кIэщI цIыкIухэр къезгъажьэт мыхъумэ. ХьэфIыцIэм и псалъэхэр щызэхэсхым, си щхьэр къэуам ещхьу, зыгуэр къысхэхъыжьащ. Алъандэрэ а сызэджа, илъэс 16-кIэ си щхьэм кърихьэкIа гъэунэхуныгъэ къомыр зы сюжетым хуэдэу зэхэувэжащ. Стхынури, зэрыстхынури, къыхэсшэну лIыхъужьхэри — псори сцIыхуу, романыр стхыну сыхьэзыру сыкъыщIэкIыжащ Мухьэмэд и пэшым, — Анфисэ къиIуэтэжым дыхилъэсауэ дрегъэдэIу. Апхуэдэу, зытегушхуа романыр махуэ 29-кIэ зэнигъэсри, ХьэфIыцIэм и Iэнэм хутрилъхьащ: «Мис, жыхуэпIа романыр» — жери. Мухьэмэд и гуфIэгъуэр пхуэмыIуэтэнти, тхылъым и япэ Iыхьэр зэуэ къыдигъэкIащ. Абы къакIэлъыкIуащ етIуанэ, ещанэ Iыхьэхэри. Ахэр итхын папщIэ Къанокъуэм зэпигъэзащ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэдыщэ, мэуэтхэм ятеухуауэ, Асирий тхыдэр щIиджыкIын къыхудэхуащ, клинописым къеджэфу зригъэсащ. «Хьэтхэр» тхылъ къудейм и фIыгъэкIи ар хагъыхьащ Дунейпсо ЩIэнгъуазэ Академием.

Анэ лъагъуныгъэм къыхуигъэуша

ГУГЪУЭТ Заремэ усыгъэр жьыуэ къызыхуэуша бзылъхугъэ ныбжьыщIэщ. 2012 гъэм щегъэжьауэ газетым щолажьэ, журналистикэм дигъэхъуу
и творческэ зэчийми зеузэщI. Абы и усэхэр куэд щIауэ республикэм къыщыдэкI газетхэми журналхэми къыщытохуэ. Хуабжьу фIыуэ ялъагъу
интернет къэухьым щеджэхэм. Иджыри сабийуэ тхэн щIэзыдза Заремэ и анэм хуиIэ лъагъуныгъэ-
рауэ къелъытэ усыгъэр къыхуэзыгъэушар. ЕджапIэм щIэсу, и анэм игу зыгуэркIэ хигъэщIауэ, а гукъеуэр и гум щикъузти, тетрадь щIыбыр къызэригъэзэкIри япэ усэ сатырхэр итхауэ щытащ. Абы къыкIэлъыкIуащ сабий усыгъэ зэхуэмыдэхэр, хэкум, щIыуэпсым теухуауэ. Зэманыр кIуэхукIи Заремэ и усэхэр балигъ хъуащ, и гупсысэхэр нэхъ куууэ, и псалъэхэр нэхъ дахэу «къэбзэрэбзащ». КъБкъУ-м филологиемкIэ факультетым и адыгэбзэ къудамэм иджыри щеджэ щIыкIэ тхэным дехьэх, щIалэгъуалэм я гупжьейм хэлэжьыхьу щIедзэ. Абдежым нэхъри и гурыщIэхэр уэру къакIуэу хъуащ, абыхэм нэхъ пкъы къащIэуващ. Заремэ къелъытэ зыгъэса нэхъыжьыфIхэу Хьэх Сэфэрбийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ сыткIи гъуэгугъэлъагъуэ къыхуэхъуауэ. Мухьэмэд и фIыщIэкIэ «Хьэуа Iубыгъуэ» тхылъ цIыкIур къыдэкIащ. КъинэмыщIауэ,
Заремэ и усэхэр ихуащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я тхыгъэхэр здызэхуэхьэса «КъудамэщIэ», «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр» тхылъхэм.

— Си псэр, си щхьэр тыншынращ сыщIэтхэр. СэркIэ, усэр – хуитыныгъэщ. Прозэм хуэдэу, усэ стхынщ
жыпIэу къэбулъэпхъэщыфкъым ар. Усэ тхыныр къыпхуэкIуамэ, абы укърехьэкI. Абы зы щытыкIэ гуэрым урегъахуэри, уи псэр гугъу ирегъэхь, къепхьэкIыурэ махуи, тхьэмахуи щыкIуэ мэхъу, — къытхуеIуатэ Гугъуэтым. Лъагъуныгъэ макъамэ дахэ къызыпкърыкI и усэхэм дрегъэдэIу ав-
торым. Япэ сатырым узыхишэ гупсысэ дахэм уимыутIыпщурэ, кърит хэкI гурыщIэ гуакIуэхэм узыIэпашэ, зэманри уздэщыIэ щIыпIэри пIэщIагъэхуу… А щытыкIэ дахэр Заремэ и лэжьэгъу Фырэ Анфисэ дахэ дыдэу къеIуатэ: «Заремэ и усэхэм ущеджэкIэ, уафащхьэм укъыщагъэхутэ, уафэ-
гум урахьэ, щIым утрагъэлъэтыкI». Нэхъыбэжуи сыт абы пыпщэжыфын!

АСЛЪЭНЫКЪУЭ-ХЬЭТАЙ Мадинэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *