ДЫГЪУ Айтэч: «Творчествэм епха цIыхур псэкIэщ зэрылажьэр»

Адыгэ Республикэм къикIыу

Адыгэ цIыхум и теплъэм, и фащэм, и щыIэкIэ-псэукIэм, и тхыдэм зэрыдунейуэ щыгъуазэ зыщIар Адыгэ хэкум къеблагъэ зэпыту щыта зыплъыхьакIуэхэмрэ сурэтыщIхэмрэщ. Иужьрейхэм я лэжьыгъэхэр ди лъэпкъым и дыщэ пхъуантэр къулей зыщIа, ди блэкIар тхуэзыхъумахэу плъытэ хъунущ. Теплъэ къызэрымыкIуэхэр къызэригъэщIымкIэ лъэпкъ тхыдэм и иджырей и хъумакIуэщ ди псэлъэгъур. Дыгъу Айтэч — адыгэ лъэпкъым къытхэкIа, Тырку щIыналъэм къыщыхъуа, МейкъуапIэ псэупIэ зыхуэхъужа сурэтыщI цIэрыIуэщ. Айтэч бгъэдэлъ творческэ щIэдзапIэр и гъащIэ псом Iуданэ псыгъуэу щишэщIурэ, и зэчийр къыщызэкъуихар зэпIэзэрыт ныбжьым иува нэужьщ. Арами, абы хузэфIэкIащ пIалъэ кIэщIкIэ зэрыадыгэ дунейуэ цIэрыIуэ щыхъуну. И Iэпкълъэпкъым хэт лъэпкъыпсэм къыдэкIуэу, сурэт щIын зэчийр хуиунэтIащ адыгэ лъэпкъым и беягъыр дунейпсо утыку ирихьэну.

Айтэч, Тыркум укъыщыхъуащ. Убых лъэпкъым узэрыщыщыр, уи пкъым адыгэлъ зэрыщызекIуэр пцIыхуу укъэтэджащ. Хэкум укъэкIуэжыныр уи нэхъыжьхэм къыпхалъхьа гупсысэ?
— Ди лIакъуэр зыщыщми, дыкъызыхэкIами дызэрыцIыкIурэ дыщыгъуазэт. Си адэшхуэм и адэм и
ныбжьыр илъэси 9 нэхъ мыхъуауэ и анэмрэ и шыпхъумрэ щIыгъуу, Кавказыр ябгынэн къахудэхуащ. ХамэщIым Дыгъухэ илъэси 130-кIэ дипсэухьащ, ауэ адэжь Хэку зэрыдиIэм, абы декIуэлIэжын зэрыхуейм сыхуэпабгъэу, анэ быдзышэм щIыгъуу а гурыщIэр зыхэсшащ.
Тыркум къикIыу Мейкъуапэ япэ дыдэу къэкIуа студентыр сэращ. Зы илъэсрэ ныкъуэрэ дэкIри, си адэ-
анэри къыздалъхуахэри къэIэпхъуэжащ. Апщыгъуэм си ныбжьыр илъэсь18-т зэрыхъур. Сэр хуэдэуи нэрыбгищ къысщIыгъут. ИкIи плIыми ди гум илътэкъым Тыркум дгъэзэжыну, дыкъыздэкIуэжар ди Хэкурат. Абы щхьэкIэ псори къызэщIэткъуэжри гъуэгу дытехьащ апщыгъуэм…
— АтIэ, Хэкужьыр фызэрыщыгугъауэ къыфхущIэкIа?
— Мейкъуапэ япэ дыдэу си лъэр щыдэсчам, си IэпкълъэкъкIэ зыхэс щIа щытыкIэхэр, си гум щыхъар нобэми соцIыхуж. ТпэщIэкIа гъуэгушхуэри гъэщIэгъуэнт, хьэлъэт. Си гур хуэпабгъэт Хэкум зэ сыIуплъэным! Сочэ и Iэхэлъахэр ди щIыналъэу щыта пэтми, Мейкъуапэт Хэкур си нэгу къыщIэ-
зыгъыхьэр, абы еспхт си гупсысэхэр. Абдежми дыкъыщыувыIащ. Бжьыхьэт, махуэр бзыгъэт икIи хуабэт. Тыркум и уэрам зэвхэр си нэгу къыщIэувэжти, сызыIуплъа уэрамышхуэр хуиту, зэIухауэ зэрыщытыр сэркIэ теплъэгъуэщIэт. А дакъикъэм щыщIэдзауэ лъагъуныгъэ къызэрымы кIуэ хузиIэщ мы къалэм.
— АтIэ, теплъэ зэхуэмыдэхэм къанэмыщIауэ, Тыркум щIэныгъэ щызэбгъэгъуэтамрэ Адыгэ Республикэм деж щыпыпщэжамрэ дауэ зэдебгъэкIуа?
— Урысейм сыкъыщыкIуэжам, урысыбзэр сцIыхутэкъым, адыгэбзэкIи щIагъуэ сыпсэлъэфтэкъым.
Бзэр сымыцIыхуми, си плъапIэт «Налмэс» цIыхубэ академическэ ансамблым сыхэту сыкъэфэну. Апщыгъуэм абы и цIэр дэни щыIуауэ, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр абы иригушхуэт хуабжьу. Тхьэбысым Умар и цIэр зезыхьэ гъуазджэхэмкIэ колледжым сыщIыхьащ, ауэ художествэмрэ къэфэнымрэ сыхэдэн хуей щыхъум, теплъэ щIыныр къэзгъэнащ. Тыркум и Самсун къалэм сы-
здыщеджар художественнэ институтт, мыбдеж сызыщIыхьэфар колледжти, зэ щхьэкIэ нэхъ лъахъшэу
сеIэбыха хуэдэу къысщыхъут. Ауэ, тэлай тIэкIу текIа нэужь, совет лъэхъэнэм и щIэныгъэм и куууагъымрэ абы и егъэджэныгъэ бгъэдыхьэкIэмрэ куэдкIэ нэхъ лъабжьэ быдэ къызэрыуатыр къызгурыIуащ. Лъэныкъуэ куэдкIэ абы зэрызызигъэужьар шэчыншэщ. Колледжым щIэныгъэ
къызбгъэдэзылъхьа егъэджакIуэхэр ВУЗ-м сыщезыгъэджахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщу къыщIэкIащ.
— ДызэрыщыгъуазэмкIэ, абы къыщIэпха IэщIагъэм щIэх урилэжьэн щIэбдзакъым…
— Пэжщ ар. Зы гугъапIэр къохъулIэным папщIэ, жагъуэ зэрыхъущи, адрейр бутIыпщын къыпхудо-
хуэ. СурэтыщI нэс къыпхэкIын папщIэ, Iэмал имыIэу, зэпымыууэ утхэн хуейщ, зекIуэ укIуэныр, цIыху зэхуэмыдэхэм уахуэзэныр, зэрыдунейуэ зэбгъэлъагъуныр ипэ ибгъэщу. А псоми зыуегъэузэщI, уи творческэ зэчийм хегъахъуэ. Ауэ, ар щыпхузэфIэмыкIкIэ, сурэт щIынми етауэ упылъыфкъым.
1990 гъэхэр зэрыхьзэрий пIалъэт къэралым дежкIэ. Хэт сыт лъэкIми зрипщытт. Ар сэри си щхьэусыгъуэу, Мейкъуапэ сыдэкIыжри, илъэс 12-кIэ Москва къалэм текстиль хьэпшыпхэм пыщIа фирмэм и унафэщIу сыщылэжьащ. А пIалъэм къриубыдэу сурэт щIыныр сIэщIэхуащ, си щхьэ щхьэ-
кIэ зыгуэр сытх мыхъумэ, си сурэтхэр утыку исхьэну, ар згъэлъэгъуэну, абы етауэ сытелэжьэну сигу къэкIтэкъым. Си лэжьыгъэ IуэхукIэ зэрыдунейуэ къызэхэскIухьащ, къалэ 200-м нэсым
сыщыIащ. Хуэм-хуэмурэ графикэ сурэтхэр, къэрэндащкIэ тха фIыцIэхужь теплъэхэр сщIыт мыхъумэ…
— АтIэ, а зи гугъу пщIы теплъэхэмкIэ Интернетым цIэрыIуэ ущыхъуащ. Ахэр зэхьэлIар ди лъэ-
пкъращ, икIи абыкIэ дуней псом тет адыгэхэм я гур къэпхьэхуащ…

— Адыгэм и тхыдэм сыт щыгъуи сызыIэпишэу, Черкесием щыхьэщIа тырку, европей зекIуэхэм, тхакIуэхэм я тхыгъэ куэд щIэзджыкIащ. Си ныбжьэгъухэм садэгуашэурэ, си графическэ лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу интернет хъым къислъхьэт. Ауэрэ гу лъыстащ си IэрыкIхэм, сурэтхэм куэд къазэрыпэджэжым, куэдым зэрафIэгъэщIэгъуэным, абыхэмкIэ зэрызэдэгуашэм.
МейкъуапэкIэ къыщызгъэзэжам, си цIэр мыбдеж къыщацIыхуу, си лэжьыгъэхэм щыгъуазэу икIи я нэIэ щIэту къыщIэкIащ. ЗгъэщIэгъуат сщIа теплъэхэмкIэ клипхэр зэхагъэувэу къыщысщIам… Абы нэхъри сытри гъэгушхуэри, сурэт сщIыуэ щIэздзащ, гъэлъэгъуэныгъэ зыбжани къызэзгъэпэщащ.
— НобэкIэ, Айтэч, уи лэжьыгъэм кIуэрабгъущIэ ептащ…
— Художествэри и пIэ иткъым, зэманым зэрызихъуэжым, зэрызиужьым зыдегъэхъу. Иджы хьэщIэщ-
хэм, шхапIэхэм, унэхэм я блынхэм сурэт ятызощIыхь. Ари гъуазджэм и зы лъэныкъуэу ди гъащIэм къыхыхьащ. СяпэкIэ Адыгэ Республикэм зыми апхуэдэ Iэмал къыщигъэсэбэпакъым. Метр зэбгъузэнатIи 3-7 хъу блыным ахэр тызощIыхь. ЕвропэмкIэ ар куэд щIауэ щыIэщ, ди респуб-
ликэм сэращ япэу къыщIэзыдзар. Ахэр зытеухуар и нэхъыбэм адыгэ Iуэхущ, ди лъэпкъым и щыIэкIэ-
псэукIэщ къыщыгъэлъэгъуар.

— Уи лэжьыгъэм емыщхьу, иужьрейуэ бгъэлъэгъуа сурэтхэр гъэщIэгъуэн ящыхъуащ псоми… Удхэмрэ вампирхэмрэ уи творчествэм дауэ къызэрыхыхьар?!
— СэркIэ телъыджэ сщыхъуат зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэ Челеби Эвлие Кавказым удхэмрэ вампирхэмрэ яхьэлIауэ зэритхыжар. ГъэщIэгъуэныр аращи, 1600 гъэм абы а образ къызэрымыкIуэхэр къигъэлъэгъуащ. Илъэс 300 текIа нэужьщ фильмхэмрэ тхыгъэхэмрэ ахэр къыщахь щыхъуар. Челеби къритхэкIа образхэращ зытестхыкIар зи гугъу фщIы теплъэхэр.
— Айтэч, нобэ сурэт щIыным дихьэх, творчествэм зыхуэзыший щIалэгъуалэм сыт хуэдэ чэн-
джэщхэр епхьэлIэн?

— Гъуазджэм, щэнхабзэм пыщIа дэтхэнэми дунейр зригъэлъагъун хуейщ. Абы ищIэн хуейщ тхыдэри,
архитектурэри, дунейпсо гъуазджэри. Арыншэу зиузэщIынукъым. Творчествэм епха цIыхур псэкIэщ зэрылажьэр, и дунейр зэрызэхэтыр псэкIэ зыхищIэращ…
— Упсэу, Айтэч!

АСЛЪЭНЫКЪУЭ-ХЬЭТАЙ Мадинэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *