Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, езанэ телеканалымкIэ къат «Зэман» хъыбарегъащIэ нэтыным седэIуу сыщысу, ар езыгъэкIуэкI бзылъхугъэм псалъэ иритащ корреспондент Толмачев Дмитрий. Абы хэтуи телевизорым къихьащ федеральнэ журналистымрэ абы «Ди зэманым и ЛIыхъужьхэр» и нэтыныр а пщыхьэщхьэм зытриухуа, зауэлI фащэр зыщыгъ щIалэмрэ.
ЩIалэм и нэIур плъагъутэкъым, ауэ щхьэрыгъ пыIэм ди къэрал Ныпыр кIэрыгъэпщIат, и Iэблэм фIэдза тажым (шлем) Къэрэшей-Черкесым ейр тетт. «Мыр ди хэкуэгъу щIалэщ» жысIэри, си гулъытэр зэуэ хуэзгъэзащ. ИкIи сыщыуакъым. Ар ди хэгъуэгум икIауэ Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам хэт ди щIалэу къыщIэкIащ. Абыхэм зэпсэлъэныгъэр ирашэжьащ. Япэ упщIэр зауэлIыр зыщыщым, и IэнатIэм ехьэлIауэ щытт.
— Сэ сычеркесщ, 90-нэ танк дивизэм и подразделенэм срикомандирщ, — жэуап къитыжащ зауэлIым.
— «Черкесыр» уи позывной, хьэмэрэ лъэпкъыцIэ? — щIоупщIэ корреспондентыр.
— Си позывнойщ икIи си лъэпкъыцIэщ, — щIогуфIыкI и щIалагъым емылъытауэ, офицер цIэр зезыхьэ лIыхъужьыр.
ИужькIэ Толмачевым хэIущIыIу зэрищIамкIэ, нэтыныр зытриухуа щIалэр Кре-менной къалэмрэ Очеретино жылагъуэм-рэ щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм лIыгъэ хэлъу хэтащ, Авдеевкэ къалэр къыщащтэм абы ебгъэрыкIуахэм ящIыгъуащ, нэгъуэщI зэпэщIэтыныгъэ хьэлъэхэми хахуагъэрэ гуеи-гъэрэ къыщигъэлъэгъуащ. Апхуэдэ зы зэхэуэхэм ди хэкуэгъур уIэгъэ щыхъури, сымаджэщым щIэлъащ. И лъэм щытеувэжым, и зауэлI пщэрылъхэм гъэзэщIэным зэуэ пэрыувэжащ.
Нэтыным деж командирым иригушхуэу щыжиIащ и зауэлI ныбжьэгъухэм лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэр, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэхэр зэрахэтыр, ахэр зыкIи зэран мыхъуу, я блыпкъ зэгъэкъуауэ зэрызахъумэжыр. (Тхыгъэм газетым фыщеджэфынущ)