«Сычеркесщ»
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, езанэ телеканалымкIэ къат «Зэман» хъыбарегъащIэ нэтыным седэIуу сыщысу, ар езыгъэкIуэкI бзылъхугъэм псалъэ иритащ корреспондент Толмачев Дмитрий. Абы хэтуи телевизорым къихьащ федеральнэ журналистымрэ абы «Ди зэманым и ЛIыхъужьхэр» и нэтыныр а пщыхьэщхьэм зытриухуа, зауэлI фащэр зыщыгъ щIалэмрэ. ЩIалэм и нэIур плъагъутэкъым, ауэ щхьэрыгъ пыIэм ди къэрал Ныпыр кIэрыгъэпщIат, и Iэблэм фIэдза тажым (шлем)…