ЩIэблэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъагъуным хуэунэтIауэ ди щIыналъэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Шэч хэмылъу, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр цIыхухэм ямыщIэмэ, анэдэлъхубзэр яIурымылъмэ, нобэмрэ пщэдеймрэ я зэпыщIэныгъэр зэрызэпычынур, анэм къыбдилъхуа бзэм и дахагъыр хуэмурэ «зэрыткIунур». АтIэ, щIэблэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу, гъэсэныгъэ нэсрэ лъэпкъ хабзэ екIу-хэмрэ яхэлъу къэтэджын папщIэ, адыгэм и щэнхабзэ бейм мыхьэнэшхуэ зэриIэр хэткIи хьэкъщ.
Илъэсым и хуэбэгъуэр, дунейм и дахэгъуэ зэманыр щыщIидзэ ипэ мазэм лъэпкъым IуэхугъуэфI къыдэушащ — бзэмрэ тхыбзэмрэ хъума хъуным, абыхэм зегъэужьыным ехьэлIауэ «Адыгэ Купсэ» Фонд къызэIуахащ. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Хьэбэз жыпс заводым и унафэщIхэм я Советым и тхьэмадэ, хэкупсэ-лъэпкъыпсэ, псапащIэ, жылагъуэ Iуэхузехьэ емышыж Аргун Олег Iэбубэчыр и къуэр.
Фондым и унафэщIщ щIэблэм бзэр яIурылъу, ар шэщIауэ ягъэшэрыуэу, лъэпкъ хабзэхэр зэрахьэу къэтэджыным псэемыблэжу елэжь, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Черкесым и Адыгэбзэ Хасэм адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ егъэджакIуэхэм я Ассоциацэм и пашэ Шэрджэс Расьят.
Адыгэ Хасэ — Черкесский Парламент» лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ, республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, ДАХ-м и вице -президент Аслъэнхэ Алий, КъЧР-м щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэкIэ и министр Кравченко Иннэ, республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Агырбэ Зураб, гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ министр Камурзаевэ Ди-нарэ, УФ-мрэ Къэрэшей-Черкесымрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэ, Хьэбэз жыпс заводым и къызэгъэпэщакIуэ Аргун Олег, Хьэбэз муниципальнэ районым и Советым и тхьэмадэ Тэмазэ Рэмэзан, Къэрэшей-Черкесым егъэджэныгъэм и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм здыхагъахъуэ институтым и проректор Абдокъуэ Ларисэ, ди хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр къэхутэнымкIэ купсэм и унафэщI, профессор ПIаз Сергей, Урысейпсо профсоюзым и Къэрэшей-Черкес республикэ IуэхущIапIэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и пашэ Чотчаевэ Маринэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгэ Республикэмрэ къикIа хьэщIэхэр, Хьэбэз районым адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ щезыгъаджэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Купсэр къызэIуахыным и пэ къихуэу, махуэщI дауэдапщэм ипкъ иту, Жамбэч Сэлихь и цIэр зезыхьэ Али-Бэрдыкъуэ курыт еджапIэм пэшитI — адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ нэхъ куууэ здыщадж, «Тхыдэ» зи фIэщыгъэцIэмрэ бзэм здыщрагъэужьыну «Тхыбзэ» жыхуиIэмрэ къыщызэIуахащ. «Тхыбзэ»-мкIэ пэшым щIэблэм я гъэсэныгъэми, егъэджэныгъэми илъэс бжыгъэ куэд хуэзы-гъэтIылъа, лъэпкъыбзэр хъумэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, цIыхубэ усакIуэ гъуэзэджэ Бемырзэ Мухьэдин и цIэр зэрихьэнущ.
Адыгэ тхыбзэмкIэ пэшым «Вагъуэр вагъуэм йопсалъэ» жыхуиIэ мастер-класс щрагъэкIуэкIащ. Адыгэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэкIэ пэшым адыгэбзэмрэ литературэмрэ хъумэным, ар нэгъэсауэ джыным ехьэлIауэ зэпсэлъэныгъэ купщIафIэ, «Культура и быт Адыгов в 16-18 вв.» зи фIэщыгъэцIэ мастер-класс щызэхашащ.
— Фондым проект зэхуэмыдэхэр курыт еджапIэхэм щегъэзащIэ. Нобэ ди проектитIыр — «Тхыбзэ»-мрэ «Тхыдэ»-кIэ пэшхэр къызэIудох. Дауэдапщэм къекIуэлIахэм ялъагъунущ еджэгъуэ илъэсым къагъэщIэрэщIа пэшхэм сабийхэм щалэжьахэр, — жиIащ Шэрджэс Расьят.
Дыщыгъуазэщ Али-Бэрдыкъуэ курыт еджапIэм музей телъыджэ зэриIэм. Абдеж ди адэжь-анэжьхэм псэуалъэ IуэхукIэ къыгъэсэбэпу щыта, ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр щызэхуэхьэсащ. ХьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ хъума хъуа, уасэ зимыIэ апхуэдэ хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр. Экспозицэр хьэщIэхэм хуабжьу ягу ирихьащ, ахэр яфIэ-гъэщIэгъуэну къаплъыхьащ. КъинэмыщIауэ, Хьэбэз районым и еджакIуэ творческэ гупхэм концерт гъэлъэгъуэныгъэ дахэ ягъэхьэзыращ.
Дауэдапщэм и махуэщI Iыхьэр Хьэбэз жыпс заводым и утыкум къыщызэIуахащ. Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэ-кIэ зыхуагъэзащ Аргун Олегрэ Кравченко Иннэрэ.
Министрым фIыщIэ яхуищIащ къытщIэтаджэ щIэблэм я зэфIэкIхэм зрагъэубгъуным хуэунэтIа упщIэхэм хуэмыгунэф, егъэджэныгъэ Iуэхум зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэм. Абы къыхигъэщащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и нэIэм щIэту, лъэпкъыбзэхэр хъумэным, ахэр егъэфIэкIуэным гулъытэ зэрыхуащIыр.
— Анэдэлъхубзэр дджыкIэрэ икIи тхъумэкIэрэ, лъэпкъхэм ди щIэинхэмрэ щэнхабзэмрэ, абыхэм ди гъащIэм мыхьэнэрэ фIагъыу яIэр зыщыдгъэгъупщэкъым. Адыгэбзэр – ар щэнхабзэмрэ зэхуэдэныгъэмрэ я Iыхьэ нэхъыщхьэщ, абы пщIэ хуэщIыныр лъабжьэ хуохъу Хэкум худиIэ фIылъагъуныгъэм. ЖысIэнщи, зэмыщхь бзэ куэдыр – Урысейм, Къэрэшей-Черкесым я фIыгъуэ телъыджэхэм ящыщ зыщ, — жиIащ Кравченко Иннэ.
Аргун Олег фIэхъус псалъэкIэ хьэщIэхэм захуигъэзащ. Ар къытепсэлъыхьащ ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ лIэужьымрэ сабийхэм яхъумэфын папщIэ, ахэр къызытехъукIахэр яцIыхун зэрыхуейм.
Псалъэ щхьэпэхэр къыщыIуа пшыхьым иужькIэ концерт екIуэкIащ. ХьэщIэхэр ирагъэплъащ Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и Унэм и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыра концерт программэ гъэщIэгъуэным. Апхуэдэу, я зэфIэкIхэр утыкум щагъэлъэгъуащ «Ашэмэз», «Синд», «Сэтэней», «Iэдииху» къэфакIуэ гупхэм, «Черкесия» уэрэджыIэхэм уэрэд дахащэхэр щагъэIуащ, IэщIагъэхэмкIэ «Вагъуэбэ» цIыхубэ ансамблым уэрэдыжьхэр макъамэ Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэм кърагъэкIащ. Зэкъуэшхэу ТхьэкIумашэхэ Русланрэ Расулрэ Iэгуауэ иным щIэту утыкур ягъэбжьы-фIащ.
МахуэщI дауэдапщэр ирагъэкIуэкIащ КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамхэгъ Зуридэрэ Адэмокъуэ Ахьмэдрэ.
КъинэмыщIауэ, гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэту, адыгэбзэмкIэ нэхъыфIу усэ къеджа ныбжьыщIэ цIыкIухэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ. Абыхэм ныбжькIэ зэщхьэщыхуауэ зыкъагъэлъэгъуащ. Нэхъ цIыкIу дыдэхэр илъэси 4-м къыщегъэжьауэ илъэси 6-м нэст.
— Фондым и мурад нэхъыщхьэр – адыгэбзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, тхыбзэр тхъумэныр, адыгэбзэмкIэ, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэ къэухьым зедгъэубгъукIэрэ, къытщIэтаджэ щIэблэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу гъэсэныр, щэнхабзэ лIэужьхэм я гупсысэр къыхуэгъэушынращ, — къыщIигъужащ фондым и унафэщIым.
Дрогушхуэ ди районым къэралыбэ мыхьэнэ зиIэ мыпхуэдэ Фонд хьэлэмэтым и лэжьыгъэм зэрыщыщIидзам икIи жыдоIэ: «Гъуэгу махуэ, Адыгэ Купсэ»!
Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ