ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Украинэм и мамыр цIыхухэр хъумэным хуэунэтIауэ илъэситI хъуауэ йокIуэкI зауэ операцэ хэхар. Ди урысей зауэлIхэр, Къэрэшей-Черкесым икIахэри яхэту, лIыгъэ яхэлъу йозауэ украинэ неофашистхэм, яхъумэ мамыр цIыхуэм я гъащIэ тыншыр. Дэ, Урысейм и цIыхухэм, пщIэшхуэ яхудощI, япэрауэ, анэхэмрэ адэхэмрэ, Хэкум и хъумакIуэ псэемыблэжхэр, Урысей Федерацэм и зауэлI цIэ лъапIэр лъагэу Iэтауэ зыхь къуэ щыпкъэхэр къызэралъхуам, зэрапIам, зэрагъэсам папщIэ.
Дэ дрогушхуэ, Хэкум и хъумакIуэ хахуэхэр, зауэ операцэ хэхам деж я къалэнхэр зэрахуэфащэу, я напэмрэ я тхьэлъанэмрэ емыпцIыжу, къэрал хьэлэмэтхэм япкъ иту, хьэрычэтрэ псэемыблэжыныгъэрэ къагъэлъагъуэу зыгъэзащIэ апхуэдэ цIыхухэр ди къэралым зэриIэм. Дэри, зэрыкъэралуи дапоплъэ ди зауэлIхэм, абыхэм ТекIуэныгъэ лъапIэмрэ мамырыгъэмрэ я Iэрылъхьэу къагъэзэжыным.
Урысей тхыдэм и дэтхэнэ лъэхъэнэми хуэдэу бийм пэщIэувэну къызэщIэтэджащ Хэкум и хъумакIуэ щыпкъэхэр – сэлэтхэр, офицерхэр, я къэралым и хэкупсэ цIыхухэр!
Ди зауэлI лъапIэхэ! Дрогушхуэ фи адэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ Хэкур, дуней псор яхъумэу къагъэлъэгъуа хахуагъэм фэри зэрыпыфщэм! Ди гум, ди псэм къабгъэдэкIыу дыхуейщ фиIэну узыншагъэ быдэ, къэвгъэщIэну иъэс насыпыфIэ куэд.
КАЗАКОВ Валерий,
Урысейм и нэгъуейхэм я
Федеральнэ лъэпкъ-щэнхабзэ
автономием и совет Нэхъыщхьэм и тхьэмадэ