Динымрэ мамырыгъэмрэ

Диныр мамырыгъэм и телъхьэщ. КъурІэнми зэрыжиІэщи, «зы цІыху зыукІар дунейм цІыхуу тетыр зыукІам пелъытри зы цІыху ажалым къезыгъэлар цІыхуцІэ зиІэр къезыгъэлам пелъыт».

Арами, жагъуэ зэрыхъущи, мамырыгъэр, фІыгъуэр, зэпІэзэрытыныгъэр зигу темыхуэхэри щІылъэм щызокІуэ, жылагъуэм къытхэтщ, ер я Іэужьрэ нэщхъеягъуэр я лъэужьу. Мис апхуэдэхэщ иужьрей къэхъукъащІэхэр, лажьи-хьэкъи зимыІэ, полицэм и лэжьакІуэхэр зэтезыукІахэр, псэзэпылъхьэпІэм я гъащІэр изыгъэувахэр.

Апхуэдэ хьэдыгъуэдахэр ислъам диным и зы марди зэримызагъэр къагъэлъагъуэу, я гупсысэ, я псалъэ жылагъуэ утыкум кърахьэ республикэм и динырылажьэ пашэхэм. Карачаевск къалэм къыщыхъуам теухуауэ щытащ КъЧР-м и ДУМ-м щекІуэкІа зэІущІэшхуэр. Абы къекІуэлІащ республикэм и мэжджыт нэхъ инхэм я Іимамхэр, къадыхэр, динырылажьэ пашэхэр. ЗэІущІэм хэта дэтхэнэми жиІащ къэхъуам зыуи зэремыувалІэр, цІыху букІыным нэхъ гуэныхь хьэлъэ зэрыщымыІэр икІи «КъурІэныр и телъхьэщ абы», къызэрыхагъэщащи.

Іимамхэм жаІащ ди хэгъуэгум ис лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэгурыІуэрэ зэкъуэту зэрызэдэпсэур, апхуэдэ зэпІэзэрытыныгъэ щытыкІэр, уеблэмэ, дищІыналъэм хабзэ дахэу къызэрыщекІуэкІыр.  Апхуэдэу щыщыткІэ, ар зыкъутэну пылъхэм, зэныкъуэкъуныгъэмрэ зауэ-банэмрэ хущІэкъухэм къазэрыщІэмыкІуэнури, къазэремыхъулІэнури къыхагъэщащ динырылажьэхэм. 

—КъэхъукъащІэ гуауэм лъэныкъуэгъазэ зыхуэтщІыфакъым икІи республикэм и муфтий Бердиев хьэжы Исмэхьил м и чэнджэщкІэ дызэхуэсащ. Дэтхэнэми къигъэлъэгъуащ къэхъуам хуэдэ жылагъуэм къахыхьэным зыщытхъумэн зэрыхуейр. Апхуэдэ ІэмалкІэ цІыху щхьэхуэхэм я мыарэзыныгъэ, я ткІиягъ ягъэлъэгъуэныр цІыхугъэми динми езэгъкъым.

Сыт щыгъуи ди республикэр удз гъэгъа Іэрамэшхуэм изогъэщхь. Лъэпкъ зэхуэмыдэ куэду зэхэт ди хэгъуэгур апхуэдэкъэ, атІэ? Дэтхэнэ лъэпкъми езым и фІыгъуэ, и дахагъэ, и хабзэ, и тхыдэ иІэжщ. А псори зы пщІымэ, я дахагъкІэ удз гъэгъа Іэрамэ гуакІуэм ещхь дыдэщ.

Догугъэ къэхъуам хуэдэм къытримыгъэзэжыну. Абы хуэунэтІауэ  дылэжьэнущ, ди къару псори етхьэлІэнущ республикэм зэпІэзэрытыныгъэмрэ зэгурыІуэныгъэмрэ илъыным,—жиІащ КъЧР-м щыпсэу муслъымэнхэм я къады Лайпанов хьэжы Муратбий.

Апхуэдэ псалъэхэр дищтащ  Черкесск къалэм дэт соборнэ мэжджытым и Іимам Катчиев хьэжы Къазим.

—Муслъымэн Уммэр ауэми зэмыувэлІэнщ къэхъуар, атІэ, КъурІэнми щыжыІащ цІыху букІыным гуэныхьрэ хьэзабу пылъыр. Зыми хуитыныгъэ иІэкъым цІыхупсэр щинэну. Апхуэдэ зыщІам хьэзабыр ишэчыжынущ езым,—жиІащ Іимамым.ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ 

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *